Новости

ИлъэсыщIэ хъуэхъу

 

Ныбжьэгъу лъапIэхэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи гуапэу сывохъуэхъу ИлъэсыщIэ къэсым папщIэ!

Сэ быдэу си фIэщ мэхъу ИлъэсыщIэ къихьэнум  дызыхуэплъэ псори къызэрыдэхъулIэнур, ди къару зэхэлъкIэ  фIыуэ тлъагъу ди адыгэ лъэпкъыр  нэхъри нэхъ лъэщ икIи дахэ зэрытщIыфынур. Зиужь зэпыту ирефIакIуэ ди адыгэ лъэпкъыр!

ГугъапIэ, унагъуэ насып, узыншагъэ быдэ фиIэну, фи унагъуэхэм  мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ, ефIэкIуэныгъэ илъыну Тхьэм жиIэ!

2019 ИлъэсыщIэмкIэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

Related posts

Leave a Comment