Новости

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэ

Хэкупсэ нэсым и щапхъэ

Къалмыкъ Юрэ Хьэбэз къуажэм зыщегъэпсэху.1962гъ. 

Мы сатырхэр щыстхкIэ, си нэгум къыщIоувэ цIыхугъэ лъагэ зыхэлъа хэкупсэ нэсым и образыр — апхуэдэт Къалмыкъ Юрэ. ЩIэх-щIэхыурэ си гупсысэхэм къыхохуэ а адыгэлI щэджащэм теухуа Iуэхугъуэхэр, иIа гупсысэхэр, и дуней тетыкIар. Хьэлэмэтыракъэ, сигу къэкIыжыхукIи, абы и хьэл-щэным щыщу щIэ гуэрхэр къызэIузох, ипэкIэ гу лъызмытауэ е семыгупсысауэ

ЛIыгъэ хэлъу, къикIуэт имыщIэу, захуагъэм, пэжыгъэм дапщэщи я телъхьэу псэуащ ар. Абы и гъэсэн цIэрыIуэ Собчак Анатолий зэрыжиIауэ, Къалмыкъ Юрэ халъытэ 20-нэ лIэщIыгъуэм и юрист нэхъыфI дыдэу тхум. Бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэфIиха Iуэхугъуэ инхэмкIэ ар хуагъадэ урым юрист щэджащэхэм, «правэм и лIыхъусэ» зыхужаIэу щытахэм. Къэрал лэжьакIуэшхуэр, политик Iэзэр, щIэныгъэлI иныр хъуащ хабзэхэр зэхэзыгъэува икIи занщIэу гъащIэм хэзыпщэфа юрист-цивилист. Апхуэдэ ипэкIэ зэи щыIакъым, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, дяпэкIи ди тхыдэм къыхэхуэну къыщIэкIынукъым. Ауэ щыхъукIи, а хабзэхэм щелэжьа зэманыр къэралым и иджырей тхыдэм щыщу нэхъ гугъухэм ящыщт: совет къэралыгъуэр щызэхэщэщэжым епха зэрыхьзэрийхэмрэ урысей къэралыщIэр ухуэным къиша лъэпощхьэпо къызэрымыкIуэхэмрэ я лъэхъэнэ ткIийрт. Абы щыгъуэ екIуэкIа политикэ Iуэху фIейхэм, жылагъуэм щытепщэ хъуа гъэпцIагъэмрэ щхьэхуещагъэмрэ Къалмыкъыр пхыкIыфащ пщIэрэ щIыхьрэ иIэу, и щхьэми, къэралми, цIыхуми емыпцIыжу, хабзэм хуэпэжу. Абы и унафэм щIэту, къэралым и юрист нэхъ цIэрыIуэхэр щIыгъуу ягъэхьэзырауэ щытащ хэкум и «экономикэ конституцэкIэ» узэджэ хъуну УФ-м и Граждан кодексыр. А дэфтэрым пкърылъ купщIэшхуэмрэ лъапIэныгъэу иIэмрэ зэманми властми нэсу нахуэ иджыри къащIыфакъым, апхуэдизу абы и мыхьэнэр инщи.

Илъэсхэр блэкIыурэ, абыхэм нэхъ кIащхъэ ядэхъуащ Къалмыкъым и лIэныгъэм куэдым я гум тридзауэ щыта удыныр. ГъащIэм къыщыхъу дэтхэнэ къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэми хуэдэу, зэманыр кIуэтэху, нэхъ наIуэ икIи нэрылъагъу мэхъу Юрэ зэфIэкIыу бгъэдэлъахэр. Абы дэлэжьахэм, гъащIэм щрихьэлIахэм къагурыIуащ а цIыху щэджащэм илэжьыфа Iуэхухэр къызэрымыкIуэу зэрыщытар. Ар щыпсэуми къыдгурыIуэрт ар, итIани и кIэм нэсу зыхэтщIэртэкъым. КъызэрыщIэкIымкIэ, езыр дунейм тету тщIымыгъужми, куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ щыпсэум и телъхьэу щытахэм нэхърэ, Юрэ я унэтIакIуэрэ щапхъэу иджы къэзылъытэхэр. Ар ягу илъщ къэралым и цIыху куэдым, адыгэ лъэпкъым щыщу хэкурысхэми хамэ щIыпIэхэм щыIэхэми. Абы и щIэин уасэншэм куэдрэ зыхуагъэзэнущ иджырей щIэныгъэлIхэми къэкIуэну щIэблэхэми. ЦIыхубэм къахуигъэна а хъугъуэфIыгъуэм дэтхэнэми къыщигъуэтынущ къилъыхъуэ упщIэм и жэуап купщIафIэ, зыгъэпIейтей Iуэхугъуэм и хэкIыпIэ, иригъэкIуэкI къэхутэныгъэхэм гъуазэ щыхуэхъун.

  Сэ си насыпти, Къалмыкъ Юрэ фIыуэ зыцIыхуахэм, дэлэжьахэм, ныбжьэгъуфIу зиIахэм, и гузэвэгъуэри и гуфIэгъуэри дигуэшу бгъэдэтахэм сащыщащ. Апхуэдэуи си насыпыншагъэт, къуэш пэлъытэу сиIа апхуэдэ ныбжьэгъуфIыр пасэу зэрысфIэкIуэдар, егъэджакIуэу, унэтIакIуэу дапщэщи къэслъытэу щыта нэхъыжьыфIыр зэрысIэщIэкIар… Ар дунейм ехыжри, си хьэл-щэнкIэ нэхъ сызыхуэныкъуэхэри симыIэж хъуащ: зэпIэзэрытыныгъэр, зэIуплъынымрэ шыIэныгъэмрэ япэ иту, губжьрэ ткIиягъ ямылейрэ хэмылъу Iуэхугъуэхэм, къэхъукъащIэ зэмылIэужьыгъуэхэм кIуэцIрыплъыным сыхуэзыущиин. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм екIуэкIа зэрыхьзэрийхэм дыздыхэтым абы куэдрэ къызжиIэрт: «Юрэ, уи пщтырагъыр тIэкIу бгъэмэщIатэмэ…» Апхуэдэхэм деж сэри мыпхуэдэ жэуап естыжырт: «Апхуэдэу сыщытыфтэмэ, Къалмыкъ Юрэ етIуанэ сыхъуну Iэмал сиIэнти…» ЗэрыхъукIэ, зэрысхузэфIэкIкIэ дапщэщи сыхущIэкъурт къысхуищI дагъуэхэр зыхэзныну — абы и дэтхэнэ псалъэри ди дежкIэ дыкъызэрыщ гъуджэ къабзэм хуэдэт. Апхуэдэ дерс купщIафIэхэр куэдрэ къыдитырт абы. Аращ Нало Заур Къалмыкъым щхьэкIэ «бегъымбар пэлъытэщ ар» щIыжиIар.

Езым иIэ пщIэшхуэм щыщ дэри къытлъигъэсыну хуейт Юрэ, езыр зытет лъагапIэри къытхуигъэфащэрт. Абы зэ нэхъ мыхъуми хуэза, гъунэгъуу епсэлъылIа цIыхур пабгъэрт иджыри абы IущIэну. Малъхъэдисым хуэдэу, зы къару телъыджэ гуэрым ар уи гупсысэм къыхинэрт, IэщIыб умыщIыфу. ЦIыху къызэрыгуэкIыу, пэжымрэ захуагъэмрэ и гъуазэу гъащIэм хэт ди ныбжьэгъуфIым зыкъыфIэщIыжын е зыгъэщIэгъуэн жыхуэпIэхэр и пщIыхьи къыхэхуэртэкъым. Зыгуэрым IуэхукIэ зыкъыхуигъэза нэужь, абы и дежкIэ нэхъыщхьэр къелъэIур имыгъэщIэхъуу абы игу зэригъэзэгъэнырт — езыр и щхьэ зэи егупсысыртэкъым. СампIэимыхьэу щымыт, зыкъыхэзыгъэпIиикIыну хущIэмыкъу апхуэдэ цIыху губзыгъэхэр, зэрыхабзэщи, тхыдэм езым къыхехри гъащIэм и утыкум кърешэ, ахэр зэрыщэджащэр псоми наIуэ ящищIын папщIэ.

 Апхуэдэу къалэнышхуэхэр и пщэ къыдэхуауэ щытащ Къалмыкъ Юрэ. Ахэр тэрэзу зэфIигъэкIащ, бгъэдэлъа акъылыфIагъэмрэ щIэныгъэ куумрэ, зэпIэзэрытыныгъэмрэ гупсысэ шэщIамрэ я фIыгъэкIэ.

ЩЭНЫБЭ Юрэ,

юрист, Дунейпсо университет зэIухам (США, Калифорние)

социологиемкIэ и доктор, Абхъаз университетым щIыхь зиIэ и профессор.

Хабзэм и телъхьэ

Къэралым и Президентым и УнафэкIэ 1993 гъэм Къалмыкъ Юрэ ягъэувауэ щытащ УФ-м юстицэмкIэ и министру. Хабзэм, хуитыныгъэм нэсу хэзыщIыкI, абыхэм дапщэщи я телъхьэу къэув а цIыху акъылыфIэм хуэфащэ дыдэт а къулыкъу лъагэр. А лъэхъэнэм къэралыр хуабжьу яхуэныкъуэт Къалмыкъ Юрэ хуэдэ къэрал лэжьакIуэхэм, абы и къэкIуэнум папщIэ жэуаплыныгъэ ин зыхэзыщIэ хэкупсэхэм.

И унагъуэр и гъусэу. Москва. 1970 гъэ

Юридическэ щIэныгъэхэм я доктор, Саратов университетым и профессор Къалмыкъ Юрэрэ сэрэ илъэс куэдкIэ зэпыщIауэ дыщытащ ди лэжьыгъэкIэ, ди IэщIагъэкIэ. Къэрал къулыкъум пэрыувэн и пэкIэ, Къалмыкъым щIэныгъэ-къэхутэныгъэ купщIафIэхэр щригъэкIуэкIащ зи цIэ къисIуа еджапIэ нэхъыщхьэм, абы граждан правэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу щыту. И къалэмыпэм къыпыкI лэжьыгъэхэм сащыгъуазэми, езыр и щхьэкIэ сымыцIыхуурэ екIуэкIащ. Япэ дыдэ Юрэ сыщыхуэзар Москващ, граждан правэмкIэ кафедрэхэм я унафэщIхэм я къэралпсо зэхуэс екIуэкIыущ. Ди зэхуэзэм IуэхугъуэфI куэд кърикIуащ. ЛэжьыгъэкIэ нэхъри зэпыщIа дызэрыхъуам къыдэкIуэу, дэ ныбжьэгъуфIи дызэхуэхъуащ (къыхэзгъэщынщи, щIэныгъэм и дунейм ныбжьэгъу пэж ущыщрихьэлIэр зэзэмызэххэщ). Ар гукIи псэкIи щыгуфIыкIырт си ехъулIэныгъэхэм, езым къеуэлIа насып гуэрым хуэдэу.

Къалмыкъым и гъащIэм хэтащ ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэригъэхьаи, фыгъуэ зыхэлъ гуэрхэр къыкIэщIэтхыхьрэ и къулыкъум щытрагъэкIаи. Зэгуэрым абы къыIэщIахат кафедрэм и унафэр. А къалэныр пщэрылъу зыхуагъэлъэгъуа къыдэлажьэ профессор цIэрыIуэм жиIэгъат: «Дэ тщыщу ар зыхуэфащэр профессор Къалмыкъым и закъуэщ». Захуагъэр зэфIэувэжауэ щытащ, цIыху пэжым, къабзэм и пщIэри абы щхьэкIэ нэхъ мащIи мыхъуауэ.

Зэгуэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ Томск дыщызэрихьэлIат зэныбжьэгъухэу Басиныр, сэ, Къалмыкъыр. Дызыхэта зэIущIэхэр зэфIэкIауэ, къалэм зыщытплъыхьу, дызэдэуэршэру дыздыдэтым, Юрэ жиIащ гъащIэм фIыщIэ ин зэрыхуищIыр, дэ тхуэдэ ныбжьэгъуфI къызэрыритам папщIэ. Дэри Къытщхьэщытым фIыщIэ хуэтщIат Къалмыкъым хуэдэ псэ зэIуха зиIэ цIыху абы ныбжьэгъу пэж зэрытхуищIамкIэ.

 Бгъэдэлъ зэфIэкIышхуэхэмкIэ, акъылыфIагъэмкIэ щIэныгъэ зэхуэсхэм къазэрыхэщым хуэдэу, къызэрыгуэкI зэIущIэхэм дежи псоми къыдэфIэкIырт Къалмыкъыр. СощIэж: МКъУ-м дунейпсо симпозиум щекIуэкIауэ дызэбг-рыкIыж пэтрэ, зэIущIэм хэта бзылъхугъэ псоми удз гъэгъа Iэрамэ зырызкIэ яхуэупсат ар. Апхуэдэ гуапагъэхэр, гукъэкI дахэхэр и куэдт Юрэ.

Гуапагъэмрэ дахагъэмрэ щытепщэт ар зи нэхъыжь адыгэ унагъуэ екIуми. Юрэ дыхуеблэгъамэ, абы и щхьэгъусэ Октябринэрэ и хъыджэбзищымрэ хьэщIагъэ екIу къыдахырт, зыщыщ бгырыс лъэпкъ уардэм зэрихабзэу.

 ОЙГЕНЗИХТ Виктор,

юридическэ щIэныгъэхэм я доктор,

Таджик къэрал университетым и профессор.

 

ЦIыхухэм папщIэ

Илъэс 30-м щIигъукIэ ныбжьэгъу пэжу сиIам, чэнджэщэгъуфIу, унэтIакIуэу, гъуэгугъэлъагъуэу дапщэщи згъуэту щытам блэкIа зэманым иту сытепсэлъыхьыну хьэлъэщ. Тхьэшхуэм, щIыуэпсым, къызыхэкIа лъэпкъым къыбгъэдэкIыу цIыхум хэлъыфыну хьэл нэхъыфIхэр зи щэным щызэхэухуэна щэджащэхэм ящыщт Къалмыкъ Юрэ.

 ЦIыхухэм папщIэ псэуащ ар. Къыдэпсэу, зыдэлажьэ, къэзыухъуреихь, гъащIэм зыщрихьэлIэ дэтхэнэми пщIэрэ нэмысрэ яхуищIут Юрэ зэрабгъэдэтыр. Къалмыкъым дапщэрэ сыхуэмызами, абы хэлъ щэныфIагъыр зыхэсщIэрт, зыхэсщIэхукIи сыщIэхъуэпсырт абы ещхь сыхъуным. Апхуэдэт ар: цIыхугъэшхуэрэ зэхэщIыкIрэ хэлъу, къызыхэкIа лъэпкъ уардэм хуэфэщэн хабзэ дахэрэ нэмысрэ зэрихьэу.

 И гъащIэм и иужьрей илъэси 8-р Къалмыкъ Юрэ хуиунэтIащ къэрал къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр ехьэкIыным. А зэманым ар апхуэдэ дыдэу гу зэIухакIэ хуэлэжьащ и адыгэ лъэпкъым.

 СызэригугъэмкIэ, Юрэ апхуэдэ къэралпсо, лъэпкъпсо къалэнхэр пщэрылъ щIызыхуищIыжам щхьэусыгъуитI иIэщ. Япэрауэ, жылагъуэр экономикэ зэхущытыкIэщIэхэм щыхуэкIуэ лъэхъэнэм абы къыгурыIуащ граждан хуитыныгъэмрэ хабзэмрэ хуэлажьэ егъэджакIуэмрэ хабзэубзыху IэщIагъэлIымрэ я лэжьыгъэр зэпэщхьэхуэу щымыту, атIэ а IэнатIэхэм щиIэ зэфIэкIыр, щIэныгъэр зы Iуэхушхуэм — къэрал ухуэныгъэм — хуигъэпсмэ, цIыхубэм я дежкIэ зэрынэхъыфIыр. ЕтIуанэрауэ, игукIэ, и псэкIэ егъэджакIуэ нэсу, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу зэрыщытым къыхэкIыу, абы ифI зэкIыфыну цIыхухэм я бжыгъэм хигъахъуэмэ нэхъ къищтащ: политикэм хыхьэри, университетым и аудиторэхэм щIэсхэм Юрэ гъусэ яхуищIащ зи щIэныгъэкIэ, къулыкъукIэ сэбэп зыхуэхъуфыну цIыхубэр. Къалмыкъым и статьяхэмрэ тхылъхэмрэ студентхэр, аспирантхэр иреджэнум и закъуэтэкъым иджы, атIэ абы зэхилъхьэ хабзэхэр ялъэIэсынут зыхуэлажьэ къэралым ис цIыху мелуни 150-ми и адыгэ лъэпкъым щыщу хамэщI зэмылIэужьыгъуэхэр IэмалыншагъэкIэ псэупIэ зыхуэхъуахэми.

И гурылъ псоми хунэсакъым а цIыху гъуэзэджэр, сыту жыпIэмэ, абы къалэ-ну зыхуигъэувыжахэр зы цIыху гъащIэкIи плъэмыкIыным хуэдизу абрагъуэт. Дауэ хъуми, куэд, куэд дыдэ хуищIэфащ Къалмыкъ Юрэ и хэкум, и лъэпкъым я зэIузэпэщыгъэм. Абы и гум къарууэ иIар, езы и гъащIэ дыдэр тыхь яхуищIащ цIыхубэм. Апхуэдэхэр зэи тщыгъупщэ хъунукъым.

МОЗОЛИН Виктор,

Москва дэт юридическэ академием и профессор,

юридическэ щIэныгъэхэм я доктор.

 

Вагъуэм и лъэужьыр

 1997 гъэм щIышылэм и 16. Адыгэу, абазэу дунейм тетым я дежкIэ ар хъуащ хъыбар гуауэ къахуэзыхьа махуае. Лъэпкъпсо лIыхъужь хъуа Къалмыкъ Юрэ и гур къэувыIащ абы щыгъуэ. Вагъуэр ижами, абы идза нурым и лъэужьыр куэдрэ иджыри хэгъуэщэнукъым.

 Политик цIэрыIуэм, щIэныгъэлI щыпкъэм бгъэдэлъа зэфIэкIхэм куэд тепсэлъыхьащ. Ар дунейм щехыжам Урысей Федерацэм и щIэныгъэлI пажэхэм, къэрал, политикэ лэжьакIуэшхуэхэм псалъэ дахэ куэд хужаIащ. Ар ялъытэрт акъылышхуэ зиIа цIыху жыжьаплъэу, къэралым и къэкIуэнум папщIэ зигури зилри уз хэкупсэ нэсу.

Абхъаз лъэпкъым хуищIам фIэкIа нэгъуэщI зы Iуэху Къалмыкъым зэфIимыгъэкIами, дэ къыдбгъэдэкI фIыщIэм кIэ иIэкъым. Ди лъэпкъ щхьэхуитыныгъэм дапщэщи къыщхьэщыжа политикхэм ящыщащ ар. Ардзинбэ Владислав, нэгъуэщI политикхэм, щIэныгъэлI-экспертхэм я гъусэу абы иубзыхуащ ди лъэпкъыр зрикIуэну гъуэгур, ар конституцэ хабзэхэм тригъэувэу, ди зыужьыныгъэмрэ зэIузэпэщыгъэмрэ игъэнэхъапэу. Кавказым ис лъэпкъхэми, Урысейми, дуней псоми щызэлъащIысащ, ДАХ-м и президенту щыту, абы ЩIы хъурейм щикъухьа адыгэхэм зэрызахуигъэзар, щытыкIэ гугъум ихуа абхъазхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуну къыхуриджэу. Абы и псалъэм игъэ-пIейтеяуэ щытащ зэрыадыгэ дунейуэ. Абы иужькIэщ абхъазхэм я телъхьэу зауэм адыгэхэр къыщыхыхьауэ щытар. ЩIалэ куэд фронтым Iухьауэ щытащ, Къалмыкъым Налшык къыщызэригъэпэщауэ щыта апхуэдэ пэкIум икIри.

Куржы-абхъаз зауэр иуха нэужьи, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат къалэнхэр ирихьэкIыу, Къалмыкъ Юрэ мызэ-мытIэу къыщхьэщыжащ Абхъазым, хабзэм къемызэгъыу абы тралъхьа экономикэ къуэдыхэр трыригъэхыжыну. Бгырыс лъэпкъым къыхэкIа лIы нэсым и лъэбакъуэт абы ичар, Шэшэн зауэр яублэну къащта унафэр ядимыIыгъыу, и къулыкъу лъагэр къыщигъэнам щыгъуи. Абы ехьэлIа зы Iуэхугъуэ сигу къэзгъэкIыжынщ.

 1995 гъэм накъыгъэм и 14-м сэ, Абхъаз телевиденэм и режиссёр нэхъыщхьэ Гамгие Амиран си гъусэу, згъэхьэзырырт Къалмыкъ Юрэ и интервью. Ар республикэм щыхьэщIэрт, а махуэхэм зи илъэс 50-р зыгъэлъапIэ Ардзинбэ къригъэблэгъауэ. Гупыр дыздэщыIэр Новый Афон щыIэ къэрал дачэрт. Къалмыкъым гукъыдэж хъарзынэ иIэт, абы жэуап купщIафIэ икIи убгъуа къаритырт си упщIэхэм. Гу зэрылъыстати, политик цIэрыIуэр хуабжьу ирипIейтейрт Шэшэным щекIуэкIхэм. Абы хэкIыпIэу иIэу къилъытэр зыт: зауэр щыгъэтауэ политикэ IэмалхэмкIэ мамырыгъэм хуэкIуэжынырт. Эфирым папщIэ нэтыныр дгъэхьэзыра нэужь, Къалмыкъыр гупсэхуу къытхутепсэлъыхьыжащ зауэр щIидзэн ипэ Шэшэным кIуэуэ Дудаев Джохар зыхуигъэзауэ зэрыщытам. «Шэшэным, Кавказ псом а зауэм къахуихьынур сщIэрт сэ, арщхьэкIэ, си гугъуехьхэм зыри къикIакъым…» — гущIыхьэу жиIэрт абы. Тхыдэдж Анчабадзе Юрэ зэрыжиIауэ, Къалмыкъыр апхуэдизу жыжьэ плъэ политикти, дэтхэнэ Iуэхугъуэм зэрызиужьынури абы къикIынури ищIэрт. Апхуэдэ зэхэщIыкI куу зиIэ куэдрэ къахэкIыркъым политик-хэм.

Ди зэIущIэм и кIэухыу Къалмыкъыр къызэлъэIуащ Абхъазым и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэ Шинкубэ Багърэт хуэзгъэзэну. АбыкIэ хъыбар зэзгъэщIа Багърэт гукъыдэжышхуэ иIэу къыIущIащ икIи а тIур сыхьэтым щIигъукIэ тепсэлъыхьащ абхъаз, адыгэ тхыдэхэм, Кавказ щIыналъэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэм. Шинкубэ Юрэ хуиIуэтащ и творческэ гурылъхэр. Лъэпкъ литературэм и зыужьыныгъэм фIыуэ щыгъуазэ Къалмыкъми тхакIуэ цIэрыIуэм чэнджэщ гуэрхэр иритырт, езым къыжриIэхэм ящыщи иIыгъ блокнотым иритхэрт. Гухэхъуэт а тIум, зыщыщ лъэпкъхэм я цIыхушхуитIым, я псалъэмакъым укIэлъыплъыну. Ар купщIафIэт, хьэлэмэтт, гупсысэщIэ куэд къыщыунэхурт.

  Абхъаз лъэпкъым и цIыху цIэрыIуэ куэдым апхуэдэу япыщIат Къалмыкъыр. Абы хужаIэ псалъэхэм ящыщт «нарт лъахэм и бын пажэ», «зи гум и нурымкIэ дунейр зыгъэнэху», «зи дамэпкъыр къытщIэзыгъакъуэ ди къуэш лъапIэ», н.къ.

 Ди къалащхьэ Сыхъум и уэрамхэм ящыщ зым нобэ зэрехьэ а адыгэлI щэджащэм и цIэр. Ди мурадщ абы и фэеплъ сыни къалэм щыдгъэувыну. Къалмыкъ Юрэ иIэта лъэпкъ ныпыр зыIэпыдгъэхункъым, мамырыгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ хуэгъэпсауэ щыта абы и гупсысэхэр нахуапIэ щIыным дыхущIэкъунщ.

 ЗАНТАРИЕ Владимир,

усакIуэ, публицист, тхыдэдж, Урысей щэнгъуазэхэмкIэ

Академием щIыхь зиIэ и академик, «Абхъаз — Кавказ Ищхъэрэ»

щэнхабзэ фондым и тхьэмадэ.

 

Чилим щохьэщIэ. 1990 гъэ

 

Картер-Центрым къызэригъэпэща дунейпсо зэIущIэм хэтщ. США, Атлантэ къалэ. 1993 гъэ

 

 

Related posts

Leave a Comment