Новости

Къалмыкъ Юрэ Хьэмзэт и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу

Къалмыкъ Юрий, адыгэ лъэпкъым и къуэ гъуэзэджэр, Урысейм и къэрал лэжьакIуэшхуэщ, профессорщ, юридическэ щIэныгъэхэм я докторщ, «УФ-м щIыхь зиIэ и юрист», «УФ-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. Ар СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату,               СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм законодательствэмкIэ и комитетым и унафэщIу щытащ, Урысей Федерацэм юстицэмкIэ и министру лэжьащ. Ар законопроект зыбжанэ зыгъэхьэзырахэм яхэтащ, Граждан законодательствэм и лъабжьэхэмрэ Граждан кодексымрэ зэхэлъхьэным елэжьащ, Урысей Федерацэм и Конституцэм, УФ-м ПсэупIэмкIэ и кодексым я проектхэр зэхэзылъхьахэм ящыщщ.

Къалмыкъ Юрий Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэгъэпэщынымкIэ жэрдэмщIакIуэу къэувахэм яхэтащ икIи а зэгухьэныгъэм и япэ тхьэмадэу щытащ, абы 1991 гъэм игъэхьэзыращ ДАХ-м и япэ Уставри.

А цIыху гъуэзэджэм бгъэдэлъ фIыщIэмрэ абы зэфIигъэкIахэмрэ куэд мэхъу. Шэч хэлъкъым Къалмыкъ Юрий Хьэмзэт и къуэм и фэеплъыр хуэсакъыу дэтхэнэ зыми и гущIэм зэрыщихъумэм, абы и фэеплъыр адыгэ (шэрджэс) лъэпкъым и тхыдэм дыщэпскIэ тхауэ къызэрыхэнэнум.

Къалмыкъ Юрэ къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум иращIэкIыну дауэдапщэхэр

 

 

Related posts

Leave a Comment