Новости

ГЪАТХЭПЭМ И 14-р АДЫГЭ ТХЫБЗЭМ И МАХУЭЩ

Ди  хэкуэгъу лъапIэхэ!

Гурэ псэкIэ дынывохъуэхъу нобэрей махуэ  дахэмкIэ!

ИрефIакIуэ анэдэлъхубзэр,  абы и къабзагъэр,  и зэфIэкIыр!

 

Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, гъатхэпэм и 14-р  ягъэлъапIэ адыгэу дунейм тетым.

Махуэшхуэр зытеухуар 1853 гъэм гъатхэпэм и  14-м Тифлис къалэм япэрей «Адыгэ хьэрыфылъэ» тхылъ къызэрыщыдэкlарщ. Ар зи lэдакъэщlэкlыр Бырсей Умарт, хьэрып тхыбзэмкlэ зэхэгъэуват.

Адыгэ тхыбзэм тхыдэшхуэ иIэщ. Тхыдэм елэжь щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, адыгэхэм зэман жыжьэхэм, Синд (ди эрэм ипэ V лIэщIыгъуэ) къэралыгъуэм и лъэхъэнэхэм,  зэрагъэпэщыжауэ, хэкурысхэм къагъэсэбэпу тхыбзэ яIащ. Абы  щыхьэт техъуэ сын, хьэпшып, ятIагъуэм къыхэщIыкIа пхъэбгъу гъэщIэгъуэнхэр ди зэманым къэсащ. Абыхэм ятеухуа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр еджагъэшхуэ зыбжанэми къыдагъэкIащ.

Адыгэм тхыбзэ егъэгъуэтынымкIэ япэ лъэбакъуэхэр зычахэм ящыщщ Хъан-Джэрий СулътIан, Бырсей Умар, Услар Петр, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Лопатинский Лев, Фэнзий Мэжид, ЦIагъуэ Нурий, ЩэрэлIокъуэ Тэлъостэн, Яковлев Николай, нэгъуэщIхэри. Къэбгъэлъагъуэмэ, Нэгумэ Шорэ алфавит щызэхилъхьэм щыгъуэ, япэ щIыкIэ (1840 гъэ) къигъэсэбэпар урыс хьэрфхэрщ, ауэ муслъымэн диным и лэжьакIуэхэм я ныкъуэкъукIэ адыгэ макъхэм хьэрып-перс хьэрфхэр яхуигъэувыжын хуей хъуащ 1843 гъэм. А щIыкIэм тету абы азбукитI зэхилъхьа хъуащ: зыр урыс графикэм, адрейр хьэрып-перс графикэм тету. П.К. Услари I862 гъэм зэхигъэувауэ щытащ адыгэбзэм и азбукэ, урыс графикэм тету. Урыс графикэращ Л.Г. Лопатинскэм и азбукэри зытетар. ДиIащ латин графикэм тета алфавити. Ар 1923 гъэм зэхилъхьауэ щытащ Хъуран Батий.

БЗЭР ЛЪЭПКЪЫМ И КЪЭРЭГЪУЛ БЖЫХЬЩ
(Адыгэ тхакIуэхэм адыгэбзэм теухуауэ ятхахэр)

ЛIэщIыгъуэ дапщэ къэдгъэщIами
Сэлам къытпежьэм дэ етхынщ.
Ди бзэр псэужмэ, апщIондэхукIэ
Си гугъуи ящIу зэхэфхынщ.
Сэ щIы къатиблыр къыслъысами,
Си анэм и бзэр сIэщIэмыкI.
Щыблэр къыщыуэм щыщIэдзауэ
Вагъуэ зэшиблым деж нэсыху-
Аращ дэ гъуэгуу дызытетыр,
Ди анэм и бзэр тхъумэжыху.
КIыщокъуэ Алим

Дунейм щынэхъ дахэр сыт?
Адыгэ хъыджэбзыращ.
Абы нэхъ дахэжыр сыт?
Адыгэшу къабзэращ.
Шыр зыгъэдахэжыр сыт?
АдыгэлI губзыгъэращ.
Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?
И бзэу адыгэбзэращ.
 Нало Заур

Жэщи махуи си анэдэлъхубзэм
Иропсалъэ ди къуршыжьхэр.
Къалъхуащ ахэр щIыр щымыджэмыпцIэм,
ЩIыщIигъанэр арщ я щыгур тхъугъэм.
Си анэдэлъхубзэм ирипсалъэр
Хъуркъым мелуан бжыгъэ,
Ауэ си лъэпкъ мащIэу си псэм хэлъым
КъыдокIуэкIыр ар имыщIэу жьыгъэ.
Бещтокъуэ Хьэбас

Бзэр хъума, егъэфIэкIуа зэрыхъуным егъэпIейтей дэтхэнэ хэкупсэри. Бзэр щыIэщ, мэлажьэ, ар зей лъэпкъым и цIыхухэм яIурылъмэ, я унагъуэхэм щрипсалъэмэ, я сабийхэм ирагъащIэмэ, Iуэху иризэфIахыу къэрал IуэхущIапIэхэм къыщагъэсэбэпмэ.

Нобэрей махуэшхуэр, Адыгэ тхыбзэм и махуэр, ирехъу лъэпкъым тхуэугъурлын! Мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ, узыншагъэ  дэтхэнэ адыгэ унагъуэми Тхьэм кърилъхьэ!

 

Related posts

Leave a Comment