Новости

Лъэпкъым и напэ анэдэлъхубзэ

КъыдэкIуэтей щIэблэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ егъэлъагъуным хуэунэтIауэ ди щIыналъэм лэжьыгъэ ин щокIуэкI. Шэч хэмылъу, абы и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыуэ къагуроIуэ къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр цIыхухэм ямыщIэмэ, анэдэлъхубзэр яIурымылъмэ, нобэмрэ пщэдеймрэ я зэпыщIэныгъэр зэрызэпычынур.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьэу «Анэдэлъхубзэр лъэпкъым и напэщ» фIэщыгъэм щIэту иджыблагъэ иригъэкIуа Iуэхур адыгэр щыпсэу щIыпIэ псоми бзэр щыхъумэным, ар щIэблэм яIурылъу къэгъэтэджыным хуэунэтIащ. Абы къыхашэр сабийхэм я закъуэкъым, атIэ адэ-анэхэри нэхъыжьхэри жэуаплыныгъэ пылъу а лэжьыгъэм хэтыным къыхураджэ.
А проектым ипкъ иткIэ «Бзэр тхъумэфмэ, лъэпкъри хъума хъунущ» фIэщыгъэр иIэу къызэрагъэпэща «стIол хъурейм» КъБР-м, АР-м, КъШР-м, Краснодар, Ставрополь щIыналъэхэм, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм и къэралыгъуэхэм я лIыкIуэхэр хэтащ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ зыужьыныгъэ ин зыгъуэта дунейм лъэпкъ мыинхэм зэрызыщахъумэжыну Iэмалхэм, адыгэм и щэнхабзэ къулейр хэIущIыIу зэращIыпхъэм, щIэблэр хабзэм тету зэрыппIыну хэкIыпIэхэм, анэдэлъхубзэр хъумэным, егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм ягъэзащIэ къалэнхэм, нэгъуэщIхэми.
Хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэу ди республикэм щеджэхэри къызэрагъэпэщ дауэдапщэхэм жыджэру къыхыхьащ.
Проектым и кIэух Iыхьэм ди республикэм и щIыналъэ куэдым къикIа лIыкIуэхэр хэтащ. Абыхэм къызэрагъэпэщат уэрэдрэ макъамэкIэ зэхэухуэна программэ гъэщIэгъуэн.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыщыпсалъэм къыхигъэщащ анэдэлъхубзэр хъумэным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
НыбжьыщIэхэм адыгэ щэнхабзэм, IуэрыIуатэм зэрыхащIыкIыр, творческэ зэфIэкI зэраIэр щагъэлъэгъуащ проектым.
Зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэмрэ пашэныгъэр щызыубыдахэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ.

Инэрокъуэ Данэ.
Адыгэ псалъэ

Related posts

Leave a Comment