Новости

Тхуэмахуэн ирехъу

                            Си лъэпкъэгъу  лъапIэхэ!

Мэлыжьыхьым и 25-м догъэлъапIэ адыгэ — шэрджэс  псоми ди зэхуэдэ гуфIэгъуэр — ди Ныпым и махуэр. ЛIэщIыгъуэ куэдым къыпхыкIа ди ныпым и пщIэр нэхъри тIэту, абы и жьауэм дыщIэту, ди Iуэхухэр дэкI зэпыту дыпсэуну Тхьэм жиIэ.

Нобэ адыгэхэр-шэрджэсхэр къэрал куэдым щопсэу икIи лъэпкъым и щэнхабзэр, бзэр, хабзэр хуэсакъыу зэрахъумэр дэни щагъэлъагъуэ, зэрыс щIыналъэхэм зегъэужьыным,  ахэр егъэфIэкIуэным я зэфIэкI халъхьэ.

Си гуапэу сынывохъуэхъу ди махуэ лъапIэмкIэ. Ирехъу Адыгэ ныпым и махуэр тхуэугъурлын. Мамырыгъэ, фIыгъуэ, насып, ефIэкIуэныгъэ  дэтхэнэ адыгэ унагъуэми мы махуэ лъапIэм Тхьэм къытхудигъакIуэ!

 Дунейпсо Адыгэ Хасэм и
ГъэзэщIакIуэ гупым къыбгъэдэкIыу -
СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий. 

       

 

Related posts

Leave a Comment