Новости

ГуфIэгъуэ  пшыхь

Адыгэхэм я махуэм хуагъэхьэзыра пшыхь нэхъыщхьэр фокIадэм и 19-м Музыкэ театрым щекIуэкIащ. ПэIущIэ пэшым хьэщIэхэр къыщрагъэблагъэрт нэхъ цIыкIу дыдэхэр зыхэт къэфакIуэ ансамблхэмрэ пшынауэ цIэрыIуэ Къуэдз Iэбубэчыр и гъэсэн щIалэхэмрэ.

ДэрэжэгъуэкIэ гъэнщIа пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ КъБР-м и ТВ-м и лэжьакIуэ Аттаев Азноррэ.

Пшыхьым къекIуэлIат КъБР-м и Парламентым, Правительствэм, министерствэхэм, нэгъуэщI къэрал IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зэхуэсым хэтыну Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм, КъШР-м, Адыгейм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием къикIа хьэщIэ лъапIэхэр.

ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэса псоми ехъуэхъуащ махуэшхуэмкIэ икIи Хасэшхуэм къыхилъхьауэ мы гъэм илъэс етхуанэ хъуауэ Адыгэхэм я махуэр зэрагъэлъапIэр и псалъэм къыхигъэщащ.

Концертыр «Хъуромэ» теплъэгъуэмкIэ къызэIуихащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым. Пшыхьым къекIуэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Тхьэгъэлэдж Светланэ, Хьэкъул Оксанэ, ЦокIыл Азэмэт, «Бзэрабзэ», «Тэрч къэзакъхэр» уэрэджыIакIуэ гупхэм, «Шагъдий», «Нал цIыкIу», «Шэрджэс» къэфакIуэ ансамблхэм.

Дохъушокъуэ Синэ.

 

 

 

 

 

Зэрыкъуажэу зэдагъэлъапIэ

Мы гъэм илъэс еханэ хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъапIэ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр. Абы теухуауэ ди республикэм и щIыналъэ псоми зэIущIэ дахэхэр щекIуэкIащ. Аруан къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Зыхьэ Оксанэ къызэригъэпэщащ къуажэ псор зыхэта гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэ. Ини цIыкIуи, нэхъыжьыIуи, курыт ныбжьым ити щызэхуэсащ ЩэнхабзэмкIэ унэм. Адыгэм ифI щигъэлъапIэ, и цIыху цIэрыIуэхэр щиIэт, и хабзэ дахэхэр утыку къыщрихьэ, и беягъыр нэрылъагъу щищI, и блэкIамрэ и нобэмрэ щызэригъапщэ махуэм Аруан жылагъуэм и къэкIуэнур зыдэплъагъу и щIэблэри утыку къришащ, лъэпкъым и псэ анэдэлъхубзэр ягъэбзэрэбзащ, нэхъыжьи нэхъыщIи дахэу зэхэтащ, ерыскъы IэфIхэр зытелъ Iэнэ бей къагъэуващ.

Аруан къуажэм и Нэхъыжьхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Бекъул Хьэбасрэ щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Бейтыгъуэн Арсенрэ ху махъсымэкIэ кърагъэблэгъащ хьэщIэхэр. Къызэхуэсахэр еплъащ махуэшхуэм и щIыхькIэ шхапIэхэм къызэрагъэпэща лъэпкъ шхыныгъуэхэм. Къуажэм дэт «Къардэн» рестораным, «Урвань», «Шэбэзджэрий», «Аруан», «Цезарь» шхапIэхэм, Беждыгъу Хьэдис сымэ япщэфIа лъэпкъ шхыныгъуэхэр пэIущIэ пэшым щегъэувэкIат. Адыгэр нэгъуэщI лъэпкъхэм къызэрыщхьэщыкI хабзэ дахэ куэд иIэщ.абыхэм ящыщщ цIыху гъэхьэщIэкIэмрэ абы къыхутрагъэувэ шхыныгъуэ къэуатхэмрэ. Аруандэсхэм я Iэнэм тетт ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм и гуфIэгъуэ Iэнэм къытригъэувэу, хьэщIэ нэхъ лъапIэхэм къыхуаIэту щыта ерыскъыхэр, гъэщIэрэщIарэ бахъэр къащхьэщихыу.

Къуажэдэсхэр зыщIэз пэшым махуэшхуэр щаублащ. Дэрэжэгъуэмрэ гурыфIыгъуэмрэ нэхъри яIэту IэгуауэшхуэкIэ утыку кърагъэблагъэрт Адыгэхэм я махуэм щхьэкIэ хъуахъуэ нэхъыжьхэр. Махуэшхуэм ехьэлIа псалъэ гуапэхэр жаIащ, мы махуэм дуней псом щикъухьа адыгэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы адыгэм и мызакъуэу, зэгъунэгъу лъэпкъхэри зэрызэрипхыр къыхэщу къэпсэлъащ Аруан къуажэм и Нэхъыжьхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Бекъул Хьэбас, щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Бейтыгъуэн Арсен, Аруан районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI Бэлахъуэ Хьэсэнбий, «Къэббалъкътхылъ» IуэхущIапэм и унафэщI Джатэжь Розэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Балъкъэрхэм ящыщ, Аруан къуажэм дэс Кучмезов Мухьэрбэч къыхигъэщащ лъэпкъ зэхэгъэж щымыIэу адыгэри балъкъэрри мы жылэм зэрыщызэдэпсэур, адыгэхэм ягъэлъапIэ махуэшхуэхэр балъкъэрхэми зэрагуфIэгъуэр, балъкъэрхэм къаIэт Iуэху дахэхэр адыгэхэми зэрыдаIыгъыр, фокIадэм и 20-м ягъэлъапIэри абыхэм ящыщ зы зэрыхъуар.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат жиIащ фокIадэм и 20-р Адыгэхэм я махуэу гъэувыныр ДАХ-м къыхилъхьэу, 2014 гъэм абы щыгъуэм КъБР-м и Iэтащхьэу щыта КIуэкIуэ Юрий къэрал унафэкIэ зэригъэувар, абы лъандэрэ махуэшхуэм зиужьу къызэрекIуэкIыр, адыгэ зэрыс гъунэгъу хэгъэгухэми, уеблэмэ хамэ къэралхэм щыхэхэсхэми къызэрыддащтар.

А махуэм Къэбэрдей Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ адыгэ лъэпкъ шхыныгъуэхэр зыгъэхьэзыра шхапIэхэм я унафэщIхэм. КъищынэмыщIауэ, фокIадэм и 20-м ипэ къихуэу Зыхьэ Оксанэ Инстаграмым къыщызэригъэпэща хъуэхъу-зэпеуэм щытекIуа Гъубжокъуэ Линэ, Къардэн Кристинэ, Теунэ Самирэ, КIущ зэшыпхъухэу Самирэрэ Данитэрэ, Зыхьэ Хъэдижэ, Маргъущ Тамерлан сымэ КъАХ-м и щIыхь тхылъхэр иратащ. А ныбжьыщIэ жанхэм я хъуэхъухэр купщIафIэт, я адыгэбзэр шэрыуэт, езыхэр щIыкIафэт. Инстаграмым щытлъэгъуа хъуэхъухэр утыкуми щыжаIащ сабийхэм.

Къуажэдэсхэр зыгъэгушхуахэм ящыщщ аруандэс хьэрычэтыщIэхэм я мылъкум щыщу къызэхуахьэса хьэпшыпхэр лотореекIэ зэрагъэджэгуар.

Аруан къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIа Iуэху дахэр ягъэщIэрэщIащ уэрэджыIакIуэхэу Хьэкъул Оксанэ, Тхьэзэплъ Залинэ, Болэ Астэлий, «Нур ет» уэ-   рэджыIакIуэ гупымрэ апхуэдэ фIэщыгъэцIэ зезыхьэ къэфакIуэ гупымрэ.

Къэбарт Мирэ.

Сурэтхэр тезыхар Къарей Элинэщ.

Related posts

Leave a Comment