Новости

Аскэр дыхуогуфIэ икIи дохъуэхъу!

Ди гум къыбгъэдэкIыу дохъуэхъу, дыщогуфIыкI талант ин зыбгъэдэлъ, макъ лъэщ зиIэ  адыгэ щIалэ Бэрбэч Аскэр «Голос» Урысейпсо зэпеуэм зэрыщытекIуамкIэ!
Аскэр, уи зэфIэкI лъагэм хуэфэщэн гулъытэ игъуэту, дунейпсо утыку бгъэбжьыфIэу, ехъулIэныгъэ уи бэу упсэуну  ди гуапэщ!  ИлъэсыщIэр ехъулIэныгъэкIэ къызэIупхащи, дяпэкIи дэнэ щIыпIи щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зыгъэгушхуэн Iуэхугъуэ хэIэтыкIахэр къохъулIэну Тхьэм жиIэ!

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм тхьэмадэ

Related posts

Leave a Comment