Новости

ДЖЭПСАЛЪЭ

Дунейпсо   Адыгэ  Хасэм

 Тырку   Республикэм  щыIэ   Урысей   Федерацэм  и   лIыкIуэ     Ерхов    Алексей    ирита   жэуап

Дунейпсо   адыгэ   (шэрджэс)   цIыхубэр   Тырку    Республикэм  щыIэ   Урысей   Федерацэм   и   лIыкIуэ    Ерхов  Алексей   Кавказ  зауэм  и  тхыдэр   щызэблиш,   адыгэ  (шэрджэс)   лъэпкъым   IейкIэ  щытепсэлъыхь   Sputnik  агенствэм  ирита  интервьюм  щыжиIахэм   къигъэуIэбжьащ.
Дунейпсо  Адыгэ   Хасэм и    ГъэзэщIакIуэ  гупым  Ерхов Алексей и псалъэхэр  щыуагъэ  зыхэлъ,  мамыр  гъащIэр  къэзыгъэутхъуэ,  хабзэм къемызэгъ,  лъэпкъ   зэпэщIэтыныгъэр  къэзыгъэхъейхэм  ящыщу  елъытэ.   ЛIыкIуэм  жиIахэр  дэфтэркIэ   щIэгъэбыдэжа   тхыдэ   щыхьэтхэм  япэщIоувэ,   Кавказ  зауэм   епха   лъэпощхьэпохэр   зыджа   урыс  тхыдэтххэми    хамэ     къэралхэм   щыщ   щIэныгъэлIхэми  я   къэхутэныгъэхэм   техуэкъым.

Ди    лъэпкъым    дежкIэ    Iэмал    зимыIэщ      зыкъызэкъуипхъуэту  асыхьэтым    зыIэригъэхьэфыну   фейдэ     гуэрым    папщIэ    тхыдэм   и     пэжым    ирисондэджэрыныр.    Урысхэмрэ    адыгэхэмрэ    лIэщIыгъуэ бжыгъэ   хъуауэ   я  зэхуаку  гъунэгъу  хабзэхэр  щызокIуэ,    зэкъуэшыныгъэрэ  зэкъуэтыныгъэрэ   зэIэпахыу  къогъуэгурыкIуэ.   Бэлыхьышхуэ  яшэча  пэтми,   адыгэхэм   нобэрей  Урысейр   ягъэкъуаншэкъым    къащыщIам  щхьэкIэ.   ПщIэрэ    щхьэрэ    яIэу   ахэр    Урысейми,  щыпсэуну   къащыхуихуа    дэтхэнэ    къэралми    я    цIыхубэ   гъащIэм    хэтщ.    Адыгэхэм  къахэкIащ   дуней   псом   къыщацIыху щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, тхакIуэхэр,   щIэныгъэлIхэр,  Нобель  саугъэтзехьэхэр, Олимп   чемпионхэр. Ноби лъэпкъым  и  псэм пищIу ехъумэ   и  пщIэм  зезыгъэужь,  захуагъэм   тезыгъэт    и    хабзэжьхэр,  ар  я  дуней  тетыкIэми  я  зэфIэкIми  къегъэлъагъуэ.  Урысейми   хамэ  къэралхэми    къикIа    дунеяплъэхэм   адыгагъэмрэ   лъэпкъым  къыдекIуэкI    цивилизацэмрэ    итхьэкъуауэ    яджу    щытащ.

ЛIыкIуэ Ерхов Алексей  къыхудоджэ  дяпэкIэ  дунейпсо цIыхубэр зыгъэбэлэрыгъын   псалъэхэм   хуэсакъыну,  къэрал   лIыкIуэхэм   яхуэфащэ хабзэ   зыхигъэлъыну,   псалъэжь   цIэрыIуэм     и    чэнджэщми   тетыну: «ЖумыIа  псалъэм   урипщщ,  жыпIам — урипщылIщ».

 Дэ  дигуи   къэдгъэкIыркъым   УФ-м    Хамэ    къэралхэмкIэ   и   министерствэм  Ерхов Алексей  и  Iуэху еплъыкIэр   диIыгъыу.

Иджыблагъэ  зэхэтыну Дунейпсо Адыгэ Хасэм и  ЗэIущIэм мы  Iуэхум  теухуауэ  утыку  илъ дэфтэрхэр   щызэпкърытхынурэ  хуэфэщэн   унафэ   къэтщтэнущ.

СЭХЪУРОКЪУЭ  Хьэутий,

 Дунейпсо Адыгэ Хасэм   и  тхьэмадэ

 

Related posts

Leave a Comment