Кавказ зауэр зэриухрэ 156-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу
Мы гъэм илъэси 156-рэ ирокъу Кавказ зауэр зэриухрэ. Дунейм зауэ гуащIэ, лъагъажэ куэд зэрытетар тхыдэм ещIэж. Ауэ Кавказ зауэм, абы и кIыхьагъым, абы хэкIуэдахэм я бжыгъэм, лъэпкъым къыхуихьа къулейсызыгъэм тепщIыхьмэ, зыми ебгъапщэ мыхъун зауэт ар. Псом хуэмыдэу адыгэ лъэпкъым леишхуэ къыщытехьащ а зауэм, цIыхуипщIым щыщу бгъур е яукIащ, е и хэкур ибгынэн хуей хъуащ.
Нобэ узэплъэкIыжрэ, илъэси 101-кIэ екIуэкIа а зэпэщIэувэныгъэм уриплъэжмэ, нэрылъагъу мэхъу лъэпкъым къытехьа лейм, зыхэхуа щIэщхъум и кууагъымрэ дыджагъымрэ. Зауэ губгъуэм ит зауэлIым и закъуэкъым а лейр зылъысар. АтIэ я жьэгужь къагъанэу хамэ гъуэгу траша лIыжь-фызыжьхэр, сабийхэр, бзылъхугъэхэр зэрыгуIэм укIэлъыплъыныр, ахэр зытехьа гъуэгу мыгъуэр уи нэгу къыщIэбгъэхьэныр псалъэкIэ къэIуэтэгъуейщ икIи шэчыгъуейщ. Зы лIэщIыгъуэрэ ныкъуэкIэ узэIэбэкIыжмэ къэхъуа пэтми, ноби ужьыхакъым абы къытхуихьа гузэвэгъуэм къыдит гурыщIэр, зы адыгэ дунейм тетыхуи мыкIыжын уIэгъэшхуэщ ар.
Пэжщ, апхуэдиз лей къызытехьа лъэпкъыр иджыри псэущ, мин 700 щIигъу исщ Урысейм хиубыдэ хэгъэгухэм, апхуэдэуи Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Германием, Америкэм, нэгъуэщI къэрал куэдми (50-м щIигъум) щызэбгрыпхъащ ди лъэпкъэгъухэр. ПхуэмыIуэтэжыным хуэдиз гугъуехь зи фэм дэкIа ди къуэшхэм къатепщIыкIахэрщ нобэ ди лъэпкъыцIэр зымыгъэкIуэду хамэщI исхэр.
Тхыдэми зэманми къэгъазэ иIэкъым. Дэ тщыгъупщэ хъунукъым а зауэжьым къытхуихьа тхьэмыщкIагъэшхуэр, зыфIэдгъэкIуэд хъунукъым мелуан бжыгъэкIэ хамэ хэку щипхъа ди къуэшхэр.
Сыт хуэдиз гугъуехь япщэ дэмылъами абыхэм яхузэфIэкIащ я бзэ, я хабзэ яхъумэжыну, псом нэхъыщхьращи, я адыгэ напэм и пщIэр яIыгъыну. Нобэ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм зыхэсхэм пщIэ ин къыхуащI, къулыкъукIэ, IэщIагъэкIэ, пэжагъкIэ, хахуагъкIэ сыт хуэдэ IэнатIэми щыпашэу апхуэдэщ. ЛIы щыпкъэ куэд къахэкIащ абы ди лъэпкъым и пщIэр лъагэу яIэтрэ дунейм адыгэу тетыр дригушхуэу.
Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэрагъэпэща нэужь, ди зэпыщIэныгъэхэм нэхъ заубгъуащ, зэкъуэшхэр зэкIэлъыкIуэ хъуащ, уеблэмэ зи адэжь лъахэм лъапсэ щызухуэжахэри щыIэщ. Дауи, тыншкъым апхуэдиз илъэскIэ щыпсэуа щIыпIэр, кхъащхьэ куэд щаухуа щIыналъэр IэщIыб ящIу лэжьыгъэкIи, псэукIэкIи зыхуей щыхуэзэн хуэдэу зэуэ зыкърачу къэIэпхъуэжыну. Ди къэралым щыщыIэ щытыкIэр, дэ ди зэфIэкIыр тщIэжу апхуэдэщи, дэри зэрыIыгъыу тедгъэгушхуэу къытхуешэжьэжкъым. Ауэ къэкIуэжхэми дигу хагъахъуэу, къэмыкIуэжыфхэми адыгэгу якIуэцIылърэ я хабзэ зэрахьэжу хамэхэм зэрахэсыр дощIэри, абы дыщогуфIыкI. Шэч зыхэмылъыр зыщ — дэнэ щыIэми ди адэжь хэкур зэращIыналъэр, дэ щIыбагъыу дызэраIэр зыщагъэгъупщэ хъунукъым. МыбыкIэ къагъэзэжыну хуейуэ гукъыдэж зиIэхэм сыт щыгъуи защIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ икIи тхузэфIэкI псомкIи дадоIэпыкъу.
Сэ фIыщIэ ин яхуэсщIыну сыхуейт Хасэхэр къызэрызэрагъэпэщрэ ди лъэпкъэгъухэр хамэхэм яхэмышыпсыхьыжыным гурэ псэкIэ телажьэ, ди зэпыщIэныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ зи IуэхущIафэхэмкIэ зыгъэбыдэ ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ. Абыхэм я фIыщIэкIэ нобэрей ди зэпыщIэныгъэм лъэныкъуэ куэдкIэ зиубгъуащ. Пэжщ, сытым дежи дызэрыхуейм хуэдэу псори къыдэхъулIэркъым, ди лэжьыгъэм ныкъусаныгъэ гуэр къыщыхэкIи щыIэщ, зэкIэ тхузэфIэмыкIахэри къытпэщылъщ. Ауэ апхуэдиз илъэскIэ зэпэIэщIэу щыта, псэукIэ зэмыщхьхэм еса, къэрал ухуэкIэхэм хэпсэукIа зэлъэпкъэгъухэр зы гупсысэкIэм зэуэ тепшэжыныр тыншкъым. ИтIани дэ хэкIыпIэхэр къыдогъуэт, лъагъуэхэр хыдош. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэфIщ ди къуэшхэм я бынхэр хэкужьым и университетхэм зэрыщедгъаджэр, сабийхэр гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм къызэрытшэр. Абыхэм ди псэукIэр едгъэлъагъумэ, адэжь хэкум и фIагъым дедгъэхьэхмэ, мыбыкIэ къызэреIэнум, лъапсэ зэрыщаухуэжынум, унагъуэ зэрыщащIынум шэч хэлъкъым. Аращ дэ ди мурад нэхъыщхьэри.
Адыгэм и щыгъуэ-щIэж махуэм илъэс къэс дэнэ щIыналъи дауэдапщэхэр щокIуэкI, щыгъуэ пэкIухэр къызыдогъэпэщ, адыгэм и блэкIам дыхуоплъэкIыж, зауэжьым хэкIуэдахэм дахуощыгъуэ. Мы гъэм, ди жагъуэ зэрыхъущи, коронавирус уз зэрыцIалэм дызригъэува щытыкIэ гугъум къыхэкIыу, къэралхэм цIыху Iув зэхыхьэ щыIэнукъым. Ауэ интернетым и Iэмалхэр къэдгъэсэбэпу Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтхэм видеоконференц едгъэкIуэкIынущ, пэкIу щымыIэми, видеокIэ, радиокIэ захуэдгъэзэнущ дэтхэнэ зы адыгэми. Псоми ди хъуэпсапIэр зыщ — ди лъэпкъым и нэгу щIэкIа гузэвэгъуэм хуэдэ афIэкIа зэи Тхьэм димыгъэлъагъужкIэ. БлэкIар тщымыгъупщэу, къэкIуэнум мурадыфIкIэ дыхуэхъуапсэу, зи щхьэр зауэжьым хэзылъхьа ди адэжьхэм я фэеплъым дыхуэпэжу, зылI и быну дызэкъуэту илъэс мин бжыгъэ къэзыгъэщIэн лъэпкъ Тхьэм дищI!
Сэхъурокъуэ Хьэутий,
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.