Новости

Къурмэн хьид махуэшхуэм папщIэ хъуэхъу

Къурмэн хьид махуэшхуэм папщIэ хъуэхъу

Ди хэкуэгъу лъапIэхэ!

Нобэ дунейм муслъымэну тетым я Къурмэн хьид махуэшхуэщ, я махуэ лъапIэщ. Абы цIыхухэр къыхуреджэ гуапагъэмрэ гущIэгъумрэ, гумащIагъэмрэ пщIэ зэхуэщIынымрэ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и цIэкIэ, си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу Къурмэн махуэшхуэмкIэ си гуапэу сывохъуэхъу. Ирехъу фи узыншагъэр быдэ, гуфIэгъуэмрэ фIыгъуэмрэ фи Iэпэгъу, фи унагъуэхэр хуабагъэрэ зэгурыIуэкIэ гъэнщIауэ щрырет! Фи лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ фыщиIэу, фи гухэлъхэр къывэхъулIэу Тхьэм фигъэпсэу! ЕтIэнэгъэ пIалъэ фIыгъуэрэ узыншагъэкIэ нэсын лъэпкъ Тхьэм дищI!

Къурмэн махуэ лъапIэм папщIэ хъуэхъу псалъэхэр къытхуезыгъэхь псоми фи гум илъ гуапагъэр куэдкIэ гъэбэгъуауэ фи пащхьэ Тхьэм кърилъхьэж!

 

ПщIэ къыфхуэзыщI Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

Related posts

Leave a Comment