Новости

   Мунир Собор (Шэбрыкъуэ)

  Егъэлеяуэ ди гуауэ хъуащ Иорданием и Парламентым и сенатору, КъухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ адыгэ-шэрджэс хэхэсхэм я пашэхэм ящыщу щыта Мунир Собор зэрыщымыIэжым и хъыбару къытIэрыхьар.

Мунир Собор и къулыкъукIэ и пщэ къыдэхуэ къалэнхэм къадэкIуэу жылагъуэм щекIуэкI Iуэхухэми жыджэру хэтащ. Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэмрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ я гъусэу Мунир  илъэс куэдкIэ илэжьащ адыгэ лъэпкъым и щIыхьыр зыIэт Iуэху дахэ куэд, и  псэ емыблэжу, къызыхэкIа лъэпкъым и хабзэр, и щэнхабзэр ихъумэу, хэкурысхэмрэ  хэхэсхэмрэ зэпыщIэным хилъхьа гуащIэдэкIыр  инщ.

Мунир Собор  мызэ-мытIэу щыхьэщIащ адэжь щIыналъэм, ди лъэпкъ щэнхабзэм теухуа Iуэхугъуэхэм хэтащ.

Адыгэ лъэпкъым и  къуэ пэжхэм  ящыщ зым, хэкупсэ нэсу, ныбжьэгъу пэжу щытам и фэеплъ нэхур адыгэхэм-шэрджэсхэм ягу илъынщ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм, ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр дунейм ехыжа Мунир Собор и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ дахуогузавэ.

           Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ

                Сэхъурокъуэ Хьэутий

 

Related posts

Leave a Comment