Новости

Адыгэ ныпым и Махуэм

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ 2010 гъэм щыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм Адыгэ ныпым и махуэр мэлыжьыхьым (апрелым) и 25-м щагъэлъапIэ. Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым ди хэкуэгъухэр щыпсэу къэрал 50-м щIигъум а махуэр зэрыздаIэтыр.

Лъэпкъым и дамыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ бзэр, хабзэр, фащэр, дуней тетыкIэр, ныпыр.

Адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэм дежкIи ныпым и мыхьэнэр, абы хуищI пщIэр къызэрымыкIуэу инщ. Псом хуэмыдэу гуапэщ лъэпкъ ныпыр ди щIалэгъуалэм къызэращтэр, абы и лъабжьэ щIэту гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэрыдахыр, къызыхэкIа лъэпкъым иригушхуэу, абы хуэфащэу и пщIэр яIэтыну зэрыхущIэкъур.

Адыгэ ныпым и махуэр гъэлъапIэн зэрыщIэддзэрэ куэд мыщIами, абы и къуэпсхэр жыжьэ къыщожьэ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, ныпым и тхыдэр I830 гъэхэм къыщыщIедзэ. Япэ дыдэу ныпым и гугъу ищIу и лэжьыгъэхэм къыхощ инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмунд. «Шэрджэс щIыналъэм сызэрыкIуар» гукъэкIыжхэм, 1839 гъэм Лондон къыщыдэкIам, Спенсер адыгэ ныпым щытопсэлъыхь. Япэ напэкIуэцIым лъэпкъ дамыгъэр щхъуэкIэплъыкIэу къыщыгъэлъэгъуащ. Аращ нобэрей ныпыр къызытращIыкIыжар. Языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Уркварт Дэвид ищIа эскизымкIэ щэкI удзыфэм шабзищрэ вагъуэ пщыкIутIрэ япэу хидыкIыу Хэкум къезыгъэхьар Уэсмэн империем щыпсэуа адыгэ бзылъхугъэщ.

УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым иужьрей лъэхъэнэм мы махуэшхуэм лъэпкъ, дунейпсо мыхьэнэ иIэ зэрыхъуам. Адыгэхэр зыщыпсэу щIыпIэхэм Адыгэ ныпым и махуэр илъэс къэс Iэтауэ, екIуу къыщызэрагъэпэщ. Бэракъыр щIыналъэхэм къыщрахьэкI, махуэшхуэ концерт зэхаублэ, музейхэм гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщ, адыгэ джэгухэр зэхашэ.

 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, гъэ кIуами мы гъэми, пандемием и зэранкIэ, дауэдапщэхэр дгъэмащIэн хуей  хъуащ.

Нобэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм ис ди лъэпкъэгъухэм щэнхабзэр, тхыдэр, гъуазджэр, хабзэр хуэсакъыу яхъумэ, ар щIэблэм зэрыратыжынум  хущIокъу. Щыпсэу щIыналъэхэм зегъэужьыным, егъэфIэкIуэным я зэфIэкI ин абыхэм халъхьэ. Адыгэ Хасэхэр нэгъуэщI жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, къэрал къулыкъущIапIэхэм купщIафIэу ядолажьэ. Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ, абы и пщэдейм хуэлажьэ Iуэху щхьэпэ куэд зэфIагъэкI. Абы папщIэ хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм фIыщIэ ин яхудощI.

Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи, си щхьэкIи Адыгэ ныпым и махуэмкIэ сынывохъуэхъу!

Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ а махуэ дахэр тхурехъу угъурлы! Ирегъагъэ ди щIыналъэ дахэр, адыгэ лъэпкъыр! Иребыдэ лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр! Мамырыгъэ, фIыгъуэ, насып, ефIэкIуэныгъэ къэралым, щIыналъэм, унагъуэ къэс илъыну сыфхуохъуахъуэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

 

 

 

Related posts

Leave a Comment