Хъуэхъу
ПщIэ зыхуэтщI ветеранхэ, ди хэкуэгъухэ!
Урысей Федерацэм лъэпкъ куэду зэхэт и цIыхубэм нобэ ягъэлъапIэ Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр илъэс 76-рэ зэрырикъур.
ТекIуэныгъэ Иным и Махуэр, шэч хэмылъу, ди къэралым и МахуэщI нэхъыщхьэ дыдэщ. Ди Хэкум щыпсэу дэтхэнэ зы лъэпкъми абы и фIыщIэ хэлъщ. Ди цIыху мелуан 27-м я гъащIэр щIатащ нобэрей ди псэукIэ дахэм. Абыхэм яхэтщ адыгэхэри (шэрджэсхэри). Фронтым и дэнэ лъэныкъуи Iутащ ахэр, лIыгъэ яхэлъыр, я хахуагъыр щIыпIэ куэдым къыщагъэлъэгъуащ.
Дэ ноби ди нэхъыжьхэм Хэку зауэшхуэ зэманым зэрахьа лIыхъужьыгъэм и инагъыр зыхыдощIэ икIи зэи тщыгъупщэнукъым.
Къремыхъуж афIэкIа зы зауи, быдэ ирехъу мамырыгъэр, къэралхэм я зэгъунэгъуфI зэхущытыкIэр, ирефIакIуэ лъэпкъхэм я зэныбжьэгъуныгъэр.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIэ, си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми, дэнэ щыпсэу адыгэхэми (шэрджэсхэми) ТекIуэныгъэм и МахуэмкIэ сынывохъуэхъу.
Узыншагъэ быдэ фиIэну, фи унагъуэхэм мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ, ефIэкIуэныгъэ илъыну Тхьэм жиIэ!
ПщIэ къыфхуэзыщI,
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ
Сэхъурокъуэ Хьэутий