Новости

ГугъапIэхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ зэщIыгъуу

Налшык къалэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и унэм,мы махуэхэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и XIII Зэхуэсышхуэр. Ар ирихьэлIащ ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 щрикъум.Адыгэм и бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр хъумэным икIи зегъэужьыным хуэгъэпса ДАХ-р къэунэхуащ накъыгъэм и 20-м сыхьэт 18-рэ дакъикъэ 35-м. Лъэпкъым дежкIэ ар зихуэдэ къэмыхъуа Iуэхугъуэшхуэт. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, ДАХ-р щызэхаша махуэр адыгэ тхыдэм нэщыпхъуэр тезыха, лъэхъэнэщIэм и Iуэхухэр убла щыхъуа махуэу лъэпкъ махуэгъэпсым хэуващ. Абы лъандэрэ екIуэкIа Зэхуэсышхуэхэм къапызыщэщ иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхэтар.

Налшык къалэ махуитIкIэ щекIуэкIа Зэхуэсышхуэм кърихьэлIащТыркум, Сирием, Иорданием, Ливаным, Абхъазым, Европэ къэралхэм, АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Осетие Ищхъэрэ – Аланием,Ставрополь икIи Краснодар щIыналъэхэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. Зэхуэсышхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ IуэхухэмкIэ щыIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Вагинэ Татьянэ, УФ-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Серёгин Олег, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Урысей Федерацэм и Президентым и лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэм и чэнджэщэгъу Гъудэ Залым, Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгеймрэ щыIэ къулыкъущIапIэхэм, КъБР-м и щIыналъэхэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ я IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, ДАХ-м и къэпщытакIуэ гупым хэтхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэр къыщызэIуихым, дунейр зыIыгъ узыфэм къимыгъэшынэу Зэхуэсышхуэм къызэрырихьэлIам щхьэкIэ фIыщIэ яхуищIащ. «Ди зэгухьэныгъэр илъэс 30 ирикъуащ. Ар куэдкъым, лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм елъытауэ, ауэ ар икIи мащIэкъым, тхузэфIэкIам уеплъмэ. Илъэс щэщIым и кIуэцIкIэ дэ тлъэкIащ дунейм тепхъа лъэпкъыр зэлъэдгъэIэсын, бзэ, щэнхабзэ, экономикэ, сатуя лъэныкъуэкIэ цIыхухэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэхущытыкIэхэм зедгъэубгъун. Ди Хасэр нобэ дуней псом къыщащIэ, пщIэ зыхуащI жылагъуэ зэгухьэныгъэу къалъытэ. ДАХ-р къэрал зэмылIэужьыгъуэхэр зэгурызыгъаIуэ, зэзышалIэ, зэлъэзыгъэIэс лъэмыжщ, цIэрэ щхьэрэ зиIэ хасапIэщ. Ар урысейпсо икIи щIыналъэ къулыкъущIапIэхэм, УФ-мрэ хамэ къэралхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ я IуэхущIапIэхэм япыщIащ, ядолажьэ, щIэгъэкъуэни къыхуохъу. Абы и щыхьэтщ нобэ УФ-м и Президентым къытхуищIа гулъытэр. Зэхуэсышхуэм ди лэжьыгъэр къэралым и лIыщхьэ Путин Владимир къыдигъэза фIэхъус псалъэхэмкIэ къызэIутхмэ, япэ псалъэр абы и лIыкIуэм еттмэ, игъуэу къысщохъу», – жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

УФ-м и Президентым деж лъэпкъ IуэхухэмкIэ щыIэ IуэхущIапIэм и унафэщI Вагинэ ТатьянэзэIущIэм хэтхэм УФ-м и Президент Путин Владимир и цIэкIэ гуапэу сэлам ярихри, Зэрызахуигъазэ псалъэм къахуеджащ:«Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэмрэ щэнхабзэмрэ хъумэным, лъэпкъ, бзэ зэныкъуэкъухэр къэмыгъэхъуным, я зэхуакум илъ зэгурыIуэр гъэбыдэным сыт щыгъуи ди нэIэ тетщ. Гулъытэ мыужьых зыхуэщIын хуей а лэжьыгъэшхуэм емышыжу толажьэ къызэрыунэхурэ илъэс щэщI ирикъуа Дунейпсо Адыгэ Хасэр. Абы къалэн зыхуигъэувыжахэмрэ пщэрылъ зыщищIыжахэмрэ дунейм адыгэу тетыр – Урысейм щыпсэухэри хамэ къэрал исхэри – зэрашалIэ, нэхъыщхьэращи, ар абы къохъулIэ. ДАХ-м хэтхэр, дауи, иужь итщ я анэдэлъхубзэр, я адэжьхэм къадэгъуэгурыкIуа щэнхабзэр хъумэным, ахэр къащIэхъуэ щIалэгъуалэм деж зэрынахьэсыным, а псор ипэкIэ зэрагъэкIуэтэным. А мурадхэр зригъэхъулIэн щхьэкIэ, щэнхабзэм, щIэныгъэм, егъэджэныгъэм ятещIыхьа проект купщIафIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ДАХ-р хохьэ, къыщыхожаныкI, хамэ къэралхэм щыпсэу ди хэкуэгъухэм яхуиIэ пыщIэныгъэхэр егъэбыдэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт зэгурыIуэныгъэмрэ мамырыгъэмрэ Кавказ Ищхъэрэм щегъэфIэкIуэным теухуауэ ДАХ-м лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIыр. Ар къэрал къулыкъущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм жыджэру зэрадэлажьэм и щхьэпэ куэд къызэрыхэкIыр нэрылъагъущ. Си фIэщ мэхъу Зэхуэсышхуэр купщIафIэу зэрызэхэтынур, фи лъэпкъымкIи, фыщыпсэу хэгъэгухэмкIи щхьэпэ хъун унафэхэр къызэрыфщтэнур, дяпэкIи ДАХ-м зыхуигъэувыж къалэнхэр зэрызэфIихын IэмалыщIэхэр къызэригъуэтынур. ФефIэкIуэну, фехъулIэну псоми сынывохъуэхъу!»

Абы иужькIэ,лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным гуащIафIэу зэрытелажьэм папщIэ,УФ-м и Президентым къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр Вагинэ Татьянэ яритащ адыгэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, ДАХ-м и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Адыгейм щыIэ Адыгэ Хасэм хэт ЦIыкIущэ Аслъэн, ДАХ-м и IуэхущIапIэм и унафэщI Нанэ Лерэ сымэ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Зэхуэсышхуэм и лэжьыгъэр къыщызэIуахым къыщипсэлъам къекIуэлIахэр къызэщIиIэтащ: «Къызэрыунэхурэ илъэс щэщI ирикъуа ДАХ-м лэжьыгъэшхуэ къызэринэкIащ. Шэч къытесхьэркъым, зыхуигъэувыжа къалэнхэм, и гуащIэр мыкIуэщIу, ар дяпэкIи зэрыпэрытынум. ДАХ-м и IуэхущIафэхэм я гугъу пщIымэ, нэхъыщхьэу къыхэгъэщын хуейхэм ящыщщ ахэр ди щIыналъэм илъ зэгурыIуэныгъэр хъумэным хуэгъэпсауэ зэрыщытым. ЩIыщыIэ адыгэм ижь лъандэрэ къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр къэIэтыным, зегъэужьыным, зегъэубгъуным хуэгъэпсами, лъэпкъыбэ щIыналъэхэм Iуэху зэрыщищIэр зэи зыщигъэгъупщэркъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэр куэд лъандэрэ мамыру къызэдогъуэгурыкIуэ, политикэ, экономикэ, щэнхабзэ, жылагъуэ зэпыщIэныгъэшхуэхэр я кум дэлъщ, ахэр дяпэкIи едгъэфIакIуэу ипэкIэ дыкIуэтэн хуейуэ къалэни ди пщэ къыдохуэ. ГлобализацэкIэ дызэджэ Iуэхугъуэм къыхэкI зэхъуэкIыныгъэхэм дунейр зыIэщIаубыдэурэ, лъэпкъхэм унейуэ ябгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэр яхъумэныр хьэлъэ хъууэрэ йокIуэкI. Ар хэт дежкIи нахуэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, ди лъэпкъыщхьэр къызэтенэным, бзэмрэ хабзэмрэ къытщIэхъуэ щIэблэм я деж нэхьэсыным теухуауэ ттелъ хьэкъхэр зыми тщхьэщихыркъым. Къэрал хабзэхэм къыдат Iэмалхэр къэдгъэсэбэпу ди лъэпкъым и зыужьыныгъэр зэрыщIэмыужьыхэным, ифIрэ и щхьэпэрэ зыхэлъ Iуэхухэр зэрызэдгъэхъулIэным иужь дитын хуейщ.Нобэ Урысейм и закъуэщ адыгэм къэралыгъуэ щиIэр, и бзэр къэралыбзэу щыгъэувауэ, еджапIэхэм щрагъэджу, ижь лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэхэмрэ IэщIагъэхэмрэ щыхуагъасэу. УФ-м и Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм лъэпкъхэм яIэ хуитыныгъэхэр нэхъри щIагъэбыдащ. Ар къэдгъэсэбэпыпхъэщ. Мыбдеж кърихьэлIахэр псори дыкъыщежьэр зы Iуэхущ – адыгэр къэкIуэну зэманхэм зэрыхэпсэукIынщ, зэрыхэмыкIуэдэжынщ. Абы ехьэлIауэ жыпIэмэ, ДАХ-м и лэжьыгъэр къыпхуэмылъытэну инщ. Хасэм пщIэрэ щхьэрэ зыхуригъэщIыфащ, ар къэрал куэдым къыщалъытэ, и псалъэм къыщIодэIу. ЖысIам и щапхъэщ ДАХ-м и ТхьэмадэрУФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ и Советым зэрыхагъэхьар. УФ-м и Президентым и фIэхъус псалъэу нобэ къытлъэIэсари пщIэшхуэщ. Дэри дыхьэзырщ хабзэм ипкъ иткIэ ДАХ-м къыхилъхьэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэри дэтIыгъыну, тхузэфIэкIымкIэ зыщIэдгъэкъуэну. Сыхуейт Хасэшхуэм къалэн зыщищIыжахэм ящыщу Iуэхугъуищым гу лъывэзгъэтэну. Псом япэрауэ, адыгэ алфавитхэм хэлъ зэщхьэщыкIыныгъэхэр гъэкIуэдыным, псэлъэкIэм зэтехуэу хэлъхэр зэщхьу къэгъэлъэгъуэным хуэунэтIауэ щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм унафэ тещIыхьын хуейщ. ЕтIуанэрауэ, лъэпкъыр дызыIэтын лэжьыгъэщ къытхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIэхэр Iэмалу щыIэхэмкIэ дуней псом хэIущIыIу щыщIыныр. Ещанэрауэ, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэщIэныгъэ, щэнхабзэ, экономикэ пыщIэныгъэхэр гъэбыдэн, зегъэубгъун хуейщ. Хуабжьу сыщогугъ Зэхуэсышхуэр мы зи гугъу сщIахэм хэплъэну».

КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъум ирихьэлIэу екIуэкIыну дауэдапщэхэм Зэхуэсышхуэм хэтхэр иригъэблэгъащ, а махуэщIыр лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм кърикIуа дахагъэ псоми я щыхьэт нахуэу зэрыщытри къыхигъэщащ. Зэхуэсым и лэжьыгъэм фIы кърикIуэну ехъуэхъури, КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэгуапэ тхылъкIэ я цIэ къриIуащ Тыркум щыщ ди лъэпкъэгъу, жылагъуэ лэжьакIуэ Къущхьэ Тыгъуэнрэ Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм илъэс куэдкIэ и тхьэмадэу щыта Къардэн Самиррэ. Апхуэдэу, Iэтащхьэм «Черкесия-Фильм» кинозэгухьэныгъэм и унафэщI Нэгъаплъэ Аскэрбий Зэхуэсышхуэм и утыкум къришэри, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэм и дамыгъэмрэ щыхьэт тхылъымрэ IэщIилъхьащ.

АдэкIэ псалъэ зрата, УФ-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Серёгин Олегкъыхигъэщащ ДАХ-ри IуэхущIафэхэмкIи сыт щыгъуи къыхэщ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэу зэрыщытыр. «Ди къулыкъущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэр лъэпкъ политикэр нахуэу икIи убзыхуауэ егъэкIуэкIынырщ. – жиIащ Серёгиным. – Абы хуэунэтIауэ сыт хуэдиз лэжьыгъэ едмыгъэкIуэкIми, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр къыдгуэмыувэмэ, тлъэкIынур куэдкIэ мащIэщ. Сыхуейт ДАХ-р емышыжу къызэрыддэлажьэм щхьэкIэ фIыщIэ хуэсщIыну, дяпэкIи а гъуэгум темыкIыу, нэхъри хигъахъуэу екIуэкIыну».

Серёгин Олег УФ-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал къулыкъущIапIэм къыбгъэдэкI фIыщIэгуапэ тхылъхэр Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Хы Iуфэ Шапсыгъым, Ставрополь щIыналъэмщыIэ Адыгэ Хасэхэм ятхьэмадэхэу ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, Аслъэн Алий, КIэкIыхъу Мэжид, Шыбзыхъуэ Юрэ сымэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и Адыгэ Хасэм хэт Теркъул Мухьэмэд яхуигъэфэщащ.

Зэхуэсышхуэм къыщыпсэлъащ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгеймрэ я Iэтащхьэхэм я лIыкIуэхэри.Апхуэдэу, Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и цIэкIэ утыкум къихьа жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Дер Вячеслав и псалъэм къыхэщащ ДАХ-м къалэн зыщищIыжахэм къабгъэдэкI зэрымыхъунур, атIэ, зэманми къекIуэкI щытыкIэми емылъытауэ, бзэмрэ щэнхабзэмрэ я щыжакIуэу, ахэр хъума хъун папщIэ хэкIыпIэщIэхэм я зэхэублакIуэу щытын зэрыхуейр.Адыгейм хамэщI щыпсэу ди хэкуэгъухэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэр Адыгейм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат и фIэхъуспсалъэ къызэджам къызэрыхэщамкIэ, къикIуа гъуэгуанэм ДАХ-р адыгэ лъэпкъым и зыужьыныгъэм ехьэлIа гупсысэхэр щызэфIэувэ утыкушхуэ ищIащ, абы щыфIэкIыжауэ адыгэхэм я гугъапIэхэр зрапх, къэкIуэным купщIафIэу телажьэ хасапIэщ. Къэрэшей-Шэрджэсми Адыгейми я Iэтащхьэхэм къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр иратащ Голландием къикIа, ДАХ-м и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Хьэткъуэ Рэджэб, Тыркум щыIэ КАФФЕД-м и унафэщI Мамхэгъ Илдыз, жылагъуэ лэжьакIуэ Шыхъуэстэн Абдулхьэмид, ДАХ-м и япэ вице-президент Бырсекъуэ Арфан, Тыркум щыщ жылагъуэ лэжьакIуэ Шыгъэлыгъуэ Уаджит сымэ.

Зэхуэсышхуэм кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэри. Абыхэм къыхагъэщащ блэкIа пIалъэм лъэпкъыр зыхуей-зыхуэныкъуэ Iуэхугъуэ куэд ДАХ-м зэрызэфIигъэкIар икIи щIэуэ хахыну Хасащхьэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ кърахьэжьа Iуэхухэр щIамыгъэужьыхэну, адэкIэ ягъэкIуатэурэ ирагъэфIэкIуэну къыхураджащ. Апхуэдэу, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Табыщ Муратрэ ДАХ-м и вице-президент, КъБР-м егъэджакIуэхэм я IэщIагъэм щыхагъахъуэ и центрым лъэпкъ щIэныгъэхэмкIэ и лабораторием и унафэщI Щоджэн Iэминатрэ, КъБР-м граждан жылагъуэ 1уэхущ1ап1эхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъхэм я 1уэхухэмк1э и министерствэм и ЩIыхь тхылъыр иратащ ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Щомахуэ Залинэрэ ДАХ-м мылъкур зегъэкIуэнымкIэ и лэжьакIуэ Махъсидэ ФатIимэрэ, КъБР-м Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм и Щытхъу тхылъыр хуагъэфэщащ Адыгейм и Шууей Хасэм и тхьэмадэ Тхьэпщокъуэ Альберт.

ФIэхъус псалъэхэр зэфIэкIа нэужь, Сэхъурокъуэ Хьэутий иужьрей илъэсищым ДАХ-м иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр къызэщIикъуэжу къэпсэлъащ. Тхьэмадэм къызэрыхигъэщамкIэ, ДАХ-м дежкIи тыншакъым иужьрей илъэситIыр. «ЕдгъэкIуэкIын хуея лэжьыгъэм пандемием зэхъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ. Языныкъуэ Iуэхугъуэхэр пэIудзауэ тщIын хуей хъуащ. ПандемиемзыкъомкIэ дыкъыжьэдикъуами, къалэн зыщытщIыжахэр зэрыдгъэзэщIыным дыпылъащ. ДАХ-м и Унэм щызэхэтшэ зэхуэсхэр хэгъэкIауэ, ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэу щIыпIэхэм дыкIуэрэ ди зэIущIэхэр щедгъэкIуэкIыу къыхэтлъхьауэ щыта хабзэри, ди гуапэ зэрыхъунщи, узыфэм IэщIыб дигъэщIакъым», – жиIащ Сэхъурокъуэм.

Тхьэмадэм и къэпсэлъэныгъэм и гугъу щищIащ адыгэбзэр хъумэным, анэдэлъхубзэр зэрадж тхылъхэр щIыналъэхэм щызэтехуэу зэгъэпэщыным, тхыбзэ лIэужьыгъуитIри зэрырагъэдж тхылъхэр федеральнэ тхылъ зэужьым (федеральный перечень учебников) хэгъэхьэным теухуауэ ДАХ-м зэфIигъэкIа лэжьыгъэм. Тепсэлъыхьащ илъэситI ипэкIэ къыхалъхьа «Адыгэ диктант» егъэджэныгъэ акцэм зызэрызиубгъум, ар адыгэхэр щыпсэу щIыпIэ куэдым зэрынэсам. Апхуэдэу, Сэхъурокъуэм къыхигъэщащ 2019 гъэм «Адыгэ диктантым» цIыху миным щIыгъу къыхыхьамэ, 2020 гъэм а бжыгъэр цIыху минищым, 2021 гъэм адыгэ диктантыр цIыху мин 11-м щIигъум зэратхар. Бзэр хъумэным, егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ ДАХ-р зэIущIэ зыбжанэ, Iэнэ хъурей, щIэныгъэ зэхуэсхэм зэрыхэтами я гугъу ищIащ.

ДАХ-м и лэжьыгъэм щIыпIэшхуэ щеубыд хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэлэжьэным, адэжь лъахэм къешэлIэжыным. «А Iуэхур сыт щыгъуи йокIуэкI, зэпыуи къыхэкIыркъым, – гу лъаригъэтащ тхьэмадэм. – Ди хэкуэгъухэм ядедгъэкIуэкI лэжьыгъэр унэтIыныгъитIкIэ къызэгъэпэщащ: зыр – ди зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр щIэгъэхуэбжьэным теухуащ; етIуанэр – Хэкум къэIэпхъуэжахэр лъахэм щекIуэкI гъащIэм хэгъэзэгъэжыным, бзэр егъэщIэным хуэгъэпсащ. Хамэ къэрал къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм я бжыгъэр мы зэманым ирихьэлIэу цIыху мини 5-м ноблагъэ. Сирием щыщу Хэкум къихьэжащ цIыху мини 3-м щIигъу. КъБР-ми, КъШР-ми, АР-ми я къулыкъуэщIэхэми, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми, хьэрычэтыщIэхэми абыхэм зэрахузэфIэкIкIэ зыщIагъакъуэ. Апхуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм щхьэкIэ къуажэхэм унэ лъапси 120-рэ щыхузэрагъэпэщащ».

Дунейпсо Адыгэ Хасэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм ящыщщ хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэ нэхъыбэ хэку университетхэм IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щызрагъэгъуэтыну къыщIэгъэтIысхьэныр. Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэрыхигъэщамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ я еджапIэ нэхъыщхьэхэм хамэ къэрал щыщ ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр 2020-2021 гъэ еджэгъуэм къыщIэтIысхьэу къэралым и мылъкукIэ щIэныгъэ щызрагъэгъуэтыфын хуэдэу, «Россотрудничество»-м и унафэщIхэм лъэIукIэ зыхуагъэзащ а Iуэхум хухих квотэхэр нэхъыбэ ищIыну.

ДАХ-м иригъэкIуэкI лэжьыгъэр лъэныкъуэ куэду зэрызэщхьэщыкIыр къыхигъэщри, дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми я щапхъэхэр къихьурэ Сэхъурокъуэр тепсэлъыхьащ, Хасащхьэми ГъэзэщIакIуэ гупми хэтхэр адыгэм и тхыдэм, и щэнхабзэм, и жылагъуэ псэукIэм теухуауэ Кавказ Ищхъэрэм къыщаIэт дауэдапщэхэм блэкI щIагъуэ къыхэмыкIыу зэрыхэтым хуишэу.

«Ауэ тщIэну дызыхуеяхэр псори тхуэгъэзэщIауэ жытIэфынукъым, – жиIащ и псалъэм и кIэухыу Сэхъурокъуэ Хьэутий. – Дигу къоуэ хамэ къэрал къитшу ди адыгэ сабийхэм зедгъэгъэпсэхуну Iэмал дызэримыIар. Санитар-эпидемиологие мардэхэм къагъэув сакъыныгъэр сабийхэми ятеухуат. Хэку гъэзэжыным епха Iуэхугъуэхэр нэсу зэIубз тхуэщIакъым, уеблэмэ абы пыщIа гугъуехьхэр мащIэ хъуауэ пхужыIэнукъым. КъэкIуэжхэм я тхылъымпIэхэр гъэхьэзырыным къыхэкI лъэпощхьэпохэм ДАХ-м хэтхэр дызэхуэзэху къэс дропсалъэ. Ди лъэпкъэгъухэр Хэкум къихьэныр псынщIэ ящыщIынымрэ, къихьа нэужь щыпсэуну хуит, щыIэну хуит зыщI, къэралым и цIыхуу къызэрилъытэ тхылъхэм я къыдэхынымрэ хэубыдыкIауэ хэплъэну сыт хуэдизрэ къэрал къулыкъущIапIэхэм захуэдмыгъазэми, пIалъэ къыхокI.Анэдэлъхубзэр ди щIэблэм, яIэщIэмыхун щхьэкIэ, ахэр щыпсэу щIыпIэм емылъытауэ, къыттехуэ къэмынэу тщIэн хуейщ. Дэ къытпэщылъщ бзэм и пщIэр къызэрытIэтын, ар щIалэгъуалэм хъугъуэфIыгъуэу къызэредгъэлъытэн Iэмалхэр зэуIу тщIыну, хэбгъэзыхьмэ, программэ пыухыкIахэр зэдгъэпэщыну.Урысей Федерацэм и Правительствэм Кавказ Ищхъэрэм ит еджапIэ нэхъыщхьэхэм яхухиха квотэхэм хамэщI щыпсэу адыгэ щIалэгъуалэ нэхъыбэ зэрыхедгъэубыдэным дыхущIэкъун хуейщ. Илъэс къэс дызытепсэлъыхь мы Iуэхугъуэми лъэныкъуэ псори къетшплIэу унафэ пыухыкIа тхутещIыхьыркъым».

Хасэм и нэIэ зытригъэтын хуей Iуэхугъуэхэм, зыгъэгумэщIхэм тепсэлъыхьа нэужь, Сэхъурокъуэм и псалъэм и кIэухыу илъэсищым къыдэлэжьа псоми фIыщIэ яхуищIащ.

Сэхъурокъуэм и къэпсэлъэныгъэр ДАХ-м хыхьэ щIыпIэ хасэхэм я тхьэмадэхэм зэпкъраха нэужь, Зэхуэсышхуэм хэтхэм унафэ къащтащ лэжьыгъэ екIуэкIами ахэр къызэщIэзыкъуэж псалъэми арэзы техъуэн хуейуэ. Абы къищынэмыщIауэ, щIэуэ хахыну ГъэзэщIакIуэ гупым къэкIуэну илъэсищым зэфIигъэкIын хуей къалэн зыбжани къащтащ.

Зэхуэсышхуэм кърихьэлIахэр адэкIэ хэхыныгъэм иужь ихьащ, къыкIэлъыкIуэ илъэсищым абы и унафэр зезыхьэнур, ГъэзэщIакIуэ гупымрэ КъэпщытакIуэ гупымрэ хыхьэнухэр къызэрыхахыну щIыкIэр убзыхуныр зи къалэнхэри ягъэнэхуащ. Хасэхэм я лIыкIуэхэр зэчэнджэщыжа, кърахьэлIа лэжьыгъэм хэплъэжа нэужь, ДАХ-м и унафэр зэрихьэну Сэхъурокъуэ Хьэутий хуагъэфэщащ, IэIэткIи щIэрыщIэу хахыжащ. Апхуэдэу, зэIущIэм щагъэнэхуащ ГъэзэщIакIуэ гупми КъэпщытакIуэ гупми хэтынухэр.

КъыкIэлъыкIуэ илъэсищым ДАХ-м зэфIихын хуейуэ и пащхьэ лэжьыгъэшхуэ илъщи, пэлъэщыну, лъэпкъым и сэбэп зыхэлъ унафэ узыншэ куэд къащтэну ди гуапэщ.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Related posts

Leave a Comment