Новости

НОБЭ АДЫГЭ ФАЩЭМ И ДУНЕЙПСО МАХУЭЩ

Ди лъэпкъэгъу лъэпIэхэ!
Ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ!

2012 гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыщащтауэ щытащ фокIадэм и 28-р Адыгэ фащэм и махуэу гъэувыным теухуа унафэр. А махуэр щагъэлъапIэ Адыгэ,  Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс  республикэхэм. Апхуэдэуи ди дъэпкъэгъухэр щыпсэу къэрал 50-м щIигъум а  махуэ дахэр щаIэт.

Адыгэ фащэр щыгъын къудейкъым,  ар  лъэпкъым и тхыдэ, гупсысэ, зэфIэкI, Iэзагъ къызыхэщыж Iэда­къэщIэкIщ. Дуней псом къызэрыщацIыхуу щыта адыгэ фащэр ди лъэпкъым ихъумэжыну, нобэм къигъэсыну хузэфIэкIащ,   Кавказым щыпсэу лъэпкъ куэдми я лъэпкъ фащэ хъуащ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ хэтхэм къабгъэдэкIыуи си щхьэкIи гуапэу сывохъуэхъу нобэрей гуфIэгъуэ махуэмкIэ.
Лъэпкъ узыншэ дяпэкIи Тхьэм дищI! Адыгэ фащэр ижь-ижьыж лъандэрэ зигу дыхьа лъэпкъхэмрэ дэрэ ди зэхуаку ныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ дэлъу Тхьэм дригъэфIакIуэ.

Лъагэу адыгэ фащэм и пщIэр яIэтащ адыгэ усакIуэхэми. Абыхэм ящыщ зыщ  МэшбащIэ Исхьэкъ «Черкеска» зыфIища и усэ цIэрыIуэр:
УэркIэ щIалэфIым и щхьэр лъагэщ,
Къуршыщхьэ уэсурэ цей хужь,
И шы къарапцIэр иутIыпщмэ,
Шыгъажэм япэу ар къосыж.
Адыгэ пшынэм зиукъуэдиймэ,
Щауэм щыщ уохъури, укъоудж.
Жьым кърихьэкIым хуэдэу мафIэр,
Iэпкълъэпкъ узыншэр емылыджщ.
Уи бзыпхъэр пщащэм IэкIуэлъакIуэу
Нэхущ дыгъэпсым къыхихащ,
Биишэр къыплъэмыIэсыну,
Хьэзырхэр псысэкIэ гъэпсащ.
Дахагъэу щыIэр бдалъагъуну,
Къуршым дэкI лъагъуэхэр уи дыпIэщ.
Адыгэ шум уемыпцIыжыну,
Пэжыр уи гъуэгу зэхэгъэкIыпIэщ.
ЛIэщIыгъуэхэр зэкIэлъыбгъакIуэу,
Уэ фIымрэ Iеймрэ бгъэунэхуащ.
Гынымэр жьым къыбдрихьэкIыу,
Лъы защIи куэдрэ ухъуащ.
Шэм къимыгъазэу уэ ппхылъэтырт,
Гъуанэдэу Iэщи къыптехуащ.
Зигу фIыцIэм уэркIэ зыщIихъумэу,
Тхыдэ гъунэгъум къыщыхъуащ.
Уэ си лъэпкъышхуэм ухуэфIыбзэщ,
Шыщхьэмыгъазэр уогъэпэж.
Бащлъыкъыр дамэм хуэдэу пIэту,
Бийм и гурыгъыр ибогъэж.
Ауэ щIалэфIым и щхьэр лъагэ,
Къуршыщхьэ уэсурэ цей хужькIэ?
И шы къарапцIэм зиукъуэдийуэ,
Шыгъажэм япэу къыщысыжкIэ?
Уэ лIыгъэм щауэр хубогъасэ,
Бгъэм хуэдэу уардэу шыбгым фисщ.
Уи бзыпхъэр сэркIэ къыхэхами,
Зэры-Кавказу ухуэфIыпсщ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

 

Related posts

Leave a Comment