Новости

Мэздэгури адэжь щIыналъэм и зы къуапэщ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ екIуэкIащ. Абы хэлэжьыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Абхъазым, Сирием, Европэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. ЗэIущIэр махуищкIэ зэхэтащ, Iуэхугъуэ куэдым тепсэлъыхьащ, лэжьыгъэ нэхъыбэжи къызэщIиубыдащ.

ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэсыр иублащ анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъумэным теухуа щIыналъэ щIэныгъэ зэхуэсымкIэ. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ЩIэныгъэ зэхуэсыпIэ хуитым кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэлIхэр, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и лэжьакIуэхэр, КъБР-м курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм анэдэлъхубзэр щезыгъэдж егъэджакIуэхэр, къэрал къулыкъущIэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.

ЩIэныгъэ зэхуэсыр къыщызэIуихым, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ лъэпкъыр къызэтенэнымкIэ анэдэлъхубзэм ипэ ищын Iуэхугъуэ зэрыщымыIэр. «Дэ дыкъызэрацIыхур ди хабзэщ, дызэрызэхэтыр ди бзэщ. Ди щыIэныгъэм и пкъощIэсэу щыт а лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр хъума зэрыхъуным, пщэдейрей махуэхэм зэрынэхьэсыным, ар къэгъэнауэ, зэрызаужьыным и Iэмалхэр къэтлъыхъуэу икIи зэдгъэпэщу дыщытын хуейщ. Сыт хуэдэ Iуэху иужь дитми, адыгэбзэм и къабзагъэмрэ и узыншагъэмрэ и гъунэхъумэу дыгъуэгурыкIуэн, абыхэм я лъапIэныгъэр къытщIэхъуэ щIэблэми зыхедгъэщIэн икIи ялъэдгъэIэсын хуейуэ пщэрылъышхуэ диIэщ. ДАХ-м и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ бзэмрэ хабзэмрэ хъумэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэригъэпэщурэ иригъэкIуэкIыныр. Апхуэдэу и къалэнхэм хохьэ лъэпкъыбзэхэм ятеухуауэ къэралыгъуэм иригъэкIуэкI политикэми и еплъыкIэхэр ирихьэлIэну, чэнджэщхэр итыну, жэрдэмхэр къыхилъхьэну. Нобэ дыщIызэхыхьа щIэныгъэ зэхуэсри ДАХ-м иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм къапызыщэщи, псалъэмакъыу утыкум къралъхьэнури, гупсысэу щIэныгъэлIхэр зэрызэдэгуэшэнури, егъэджэкIэ Iэмалу зэпкърахынухэри анэдэлъхубзэм и хъумэным хуэгъэза Iуэху купщIафIэ хъуну дыщогугъ. ЗэIущIэр къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн къытхуэхъуахэм, абы хэлэжьыхьыну къыхыхьахэм псоми фIыщIэшхуэ фхузощI», — жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

КъБКъУ-м и проректор Къущхьэ Хъусен къыщыпсалъэм анэдэлъхубзэм пщIэ хуэщIыныр дэтхэнэми и къалэну зэрыщытыр жиIащ, абы хуэгъэза Iуэхугъуэхэр университетым зэрыщекIуэкIыр зэригуапэр къыхигъэщащ. «КIыхь зысщIынкъым, ауэ жысIэн хуейщ адыгэбзэр щIэблэм бгъэдэзылъхьэм и лэжьыгъэм хуэдэу гулъытэрэ лъытэныгъэрэ зиIэ къызэрыгъуэтыгъуейр. Махуэр къывэхъулIэну, бзэм зиужьыным теухуауэ Iэмал гъэщIэгъуэнхэмрэ хэкIыпIэ дахэхэмрэ къэвгъуэтыну си гуапэщ», – жиIащ проректорым.

КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Андзор къыщыпсалъэм къыхигъэщащ и унафэм щIэт къулыкъущIапIэмрэ ДАХ-мрэ илъэс Iэджэ щIауэ зэрызэдэлажьэр, бзэм теухуа проект зыбжанэ зэрызэдащIэр. Апхуэдэу абы гуапэу къыхигъэщащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэр егъэщIэнымкIэ пэIудзауэ курсхэр зэрызэдрагъэкIуэкIыр, абыхэм кIуэ пэтми заубгъуу, къыхыхьэр нэхъыбэ хъууэ зэрыщытыр.

КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор анэдэлъхубзэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм и нэIэ ятету зэрыщытыр къыхигъэщащ. Ар тепсэлъыхьащ КъБР-м къыщащта «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ программэм ипкъ иткIэ лъэпкъыбзэхэр хъумэным, егъэфIэкIуэным икIи зиужьыным хуэунэтIа проектым лэжьэн зэрыщIидзар, абы ипкъ иткIэ адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ зэреджэн икIи зэрырагъэджэн тхылъхэр къызэрыдагъэкIыр, егъэджакIуэхэм я IэщIагъэхэм хэзыгъахъуэ курсхэр зэрырагъэкIуэкIыр. Министрым быдэу жиIащ анэдэлъхубзэхэм я Iуэхур щхьэрыутIыпщ зэримыщIынур.

Зэхуэсым къыщыпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэр ЩIэныгъэ центрым и унафэщI Нэгъуей Залымхъан, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и унафэщI ТIымыжь Хьэмыщэ, лъэпкъыбзэм къэхутэныгъэхэр езыщIылIэ щIэныгъэлIхэу Езауэ Мадинэ, Жылэтеж Хьэжысмел, Къардэн Мусэдин, УнэлIокъуэ Вячеслав сымэ. Ахэр тепсэлъыхьащ иджырей адыгэбзэр зэрыт щытыкIэ гугъум, абы къыхэша зэрыхъуну щIыкIэхэм, щIапхъэхэм, лэжьыпхъэхэм. Апхуэдэу къэпсэлъэныгъэхэм къыхэщащ адыгэбзэр КъБКъУ-м зэрыщаджым, бзэм епхауэ абдеж къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм. ДАХ-м адыгэбзэм ехьэлIауэ къыхилъхьэ проектхэмрэ абыхэм я къызэгъэпэщыкIэмрэ тепсэлъыхьащ Табыщ Муратрэ Щоджэн Iэминатрэ. АнэдэлъхубзэмкIэ щыIэ методикэ Iэмалхэм, ахэр дерсым зэрыхалъхьэ щIыкIэм и гугъу ищIащ Бахъсэн къалэ дэт курыт еджапIэ №6-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Лосэн Хьэужан.

ЗэIущIэм и кIэм иужьрей псалъэр жызыIа, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэхуэсыр къазэрехъулIар къыхигъэщащ, къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIри, къэпсэлъэныгъэхэр зэхуахьэсыжу тхылъу къызэрыдэкIынур, абы гукъыдэж хузиIэ егъэджакIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ я тхыгъэхэр къагъэхьыну Iэмал зэрыщыIэри жиIащ.

Зэхуэсыр зэфIэкIа нэужь, ДАХ-м и Хасащхьэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ я лэжьыгъэр Мэздэгу къалэ щыпащащ. Абдеж щекIуэкIа лэжьыгъэм хэтащ Осетие Ищхъэрэ — Аланием лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Бессонов Андрей, КъБР-м жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ Iуэхухэмрэ и министр КIурашын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Мэздэгу щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Гугиев Геннадий, Мэздэгу къалэм и Iэтащхьэ Бураев Таймураз, къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэмрэ.

Зэхуэсым и ублапIэм Сэхъурокъуэ Хьэутий Мэздэгу къызэрыкIуам зэрыщыгуфIыкIыр, мы жэрыгъэкIэ зызыхъуэж дунейм хэмыкIуэдэжу лъэпкъыу къызэтенэным мэздэгу адыгэхэм я къару зэрырахьэлIэм, Iуэхуу къаIэтымрэ ахэр зэрызэфIагъэкIымрэ куэдым щапхъэ трахыну зэрыщытыр къыхигъэщащ. «Ди адэжьхэм къащIэна хабзэ дахэхэм щIэблэр щIэпIыкIын къалэныр нэхъыщхьэхэм ящыщщ, — жиIащ Сэхъурокъуэм. — АбыкIэ псори арэзы къыздэхъуну си гугъэщ. Абы хуэгъэза Iуэхугъуэ щхьэпэщ нобэ екIуэкI зэхуэсыр. Ижь лъандэрэ зэгъунэгъуу къызэдэгъуэгурыкIуэ осетинхэмрэ адыгэхэмрэ яку дэлъа зэхущытыкIэ дахэхэм дрогушхуэ, ахэр хъумэнымрэ егъэфIэкIуэнымрэ лъэныкъуитIри йогугъу, икIи нобэрей зэхуэсыр абы щыхьэт тохъуэ. Апхуэдэу, зэIущIэр и щыхьэтщ ди лъэпкъыщхьэр хъума хъун щхьэкIэ ди гум илъ гузавэхэми. Бзэр, хабзэр хъумэным и мызакъуэу, зегъэужьыныр къалэну къытпэщылъхэм ящыщщ. Мэздэгу адыгэхэм я къару абы зэрырахьэлIэр, хабзэм къезэгъыу щыIэ Iэмалхэр къызэрагъэсэбэпыр ди нэгу щIэкI зэпытщ. Нобэрей зэIущIэм мэздэгу адыгэ жылэр зэхегъэплъэж, нэхъ лейуэ я Iуэху зыIутым гу лърегъэтэж. Си гугъэщ абыхэм зэрамызакъуэр, дунейм адыгэу тетыр я щIыбагъ зэрыдэтыр зыхащIэну, псэуныгъэми щыIэныгъэми адыгэм и пщIэр яIыгъыу дяпэкIи хэтыну гукъыдэж зыхуагъуэтыну».

Мэздэгу адыгэхэр щIыналъитIым, Осетие Ищхъэрэмрэ Ставрополь щIыналъэмрэ, щопсэу, я бжыгъэкIэ щызэхуэдэу. Псори зэхэту мини 6-м тIэкIу щIигъуу аращ. 2020 гъэм ирагъэкIуэкIа жылэ къыхэтхыкI цIыкIум къызэригъэлъэгъуамкIэ, Мэздэгу щIыналъэм цIыху 87718-рэ щопсэу. Ди лъэпкъэгъуу абы исыр зэрыхъур 2300-м ноблагъэ, е щыпсэухэм я проценти 3,1-щ. Къурей губгъуэм ис мэздэгу адыгэхэм я бжыгъэр мини 3-м нызэрохьэс, е, а щIыпIэм щыпсэу цIыхухэм я проценти 4,4-рэ мэхъу. Ди лъэпкъэгъухэм 1993 гъэм Мэздэгу Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм псоми купщIэ нэхъыщхьэ хуэхъур къащIэхъуэ щIэблэм адыгагъэр зэрафIэмыкIуэдынырщ, анэдэлъхубзэмрэ хабзэмрэ яIэщIэмыхуу щыгъэIэнырщ. Абы и щыхьэтщ мы махуэхэм Мэздэгу къалэ щекIуэкIа зэIущIэшхуэри.

ГъэзэщIакIуэ гупыр апхуэдэу тепсэлъыхьащ щхьэж къыздикIа щIыпIэм Щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэмрэ дауэдапщэхэмрэ, апхуэдэуи абы и егъэкIуэкIыным епхауэ къэхъу зэIумыбзхэр къызэрызэнэкIынум и гугъу ящIащ. Псалъэмакъым къыпащэу, зэIущIэм хэтхэм къаIэтащ Адыгэхэм я махуэр зэрырагъэкIуэкIынум, ар адыгэ республикэхэм я къэралыгъуэр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъум ирихьэлIэу зэхэтыну дауэдапщэхэм екIуу зэрыхаухуэнэнум. ДАХ-м и зэхуэсым щызэпкърахащ гъэмахуэм КъБР-м хамэ щIыпIэхэм къикIыну адыгэ сабийхэм я зыгъэпсэхукIэ хъунур, ар зэрагъэпсыну щIыкIэм. Апхуэдэу хэхэс адыгэ щIалэгъуалэр КъБР-м, КъШР-м, АР-м я еджапIэ нэхъыщхьэхэм щегъэджэным теухуа псалъэмакъри къыхалъхьащ. Тхьэмадэм и псалъэкIэ абыхэм я унафэр пIалъэ кIэщIым къриубыдэу ящIыну зэгурыIуащ.

ГъэзэщIакIуэ гупым и лэжьыгъэр «Мэздэгу адыгэхэм я тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр» зи фIэщыгъэ дунейпсо зэхуэсым техуащ. Ар Iуэхугъуэ дахэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ. ГъэзэщIакIуэ гупыр Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж щекIуэкIа пэкIум хэтащ, «Мэздэгу адыгэхэм я тхыдэ» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэм еплъащ, мэздэгу адыгэхэм я Хасэр зыщIэсыну унэр зрагъэлъэгъуащ, Мэздэгу и тхыдэм епха щIыпIэхэм зыщаплъыхьащ. Дунейпсо зэхуэсыр пщыхьэщхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа «Кабардинка» къэфакIуэ гупымрэ лъэпкъ эстрадэм щыщ уэрэджыIакIуэхэмрэ я концерткIэ зэфIэкIащ.

ЗэIущIэр купщIафIэу къызэрагъэпэщащ, дяпэкIэ ящIэфынумрэ зи гъунэ иралъэфынухэмкIэ гупсысэ пыухыкIахэр яIэу адыгэ жылагъуэ хасэхэр зэбгрыкIыжащ.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Related posts

Leave a Comment