Новости

Европэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я Федерацэм и зи чэзу   зэIущIэ

2022 гъэм щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 19-м Кёльн къалэм (Германием) щекIуэкIащ Европэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я Федерацэм и зи чэзу  зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ Федерацэм и  унафэщIхэр  хэхыным. Мы зэIущIэм  хэлэжьыхьащ Бремен, Берлин, Мюнхен, Мюнстер, Вуппертал, Ганновер, Кёльн  щылажьэ Адыгэ хасэхэм я лIыкIуэхэр.

Ди гуапэу фыдогъэцIыху Федерацэм и унафэщIхэу илъэситкIэ лэжьэну хахахэр:  Федерацэм и президенту Вэрокъуэхэ (Сёнмез) Зати (Мюнхен хасэ), Федерацэм и президентым и япэ къуэдзэу Темыркъанхэ Заур (Кёльн хасэ), Федерацэм и президентым и етIуанэ къуэдзэу Къардэн (Гозташ) Ерсан (Мюнхен Хасэ).

ЩIалэгъуалэм я ухуакIуэ-гъэзэщIакIуэ гупым и унафэщIхэр: Эмине Сахингёз, Шехер Къардэн.

 Федерацэм и финанс мылъкум и кIэлъыплъакIуэхэр: Муллэ Сюрер (Манхайм хасэ), Еркан Канол (Вуппертал хасэ).

Ди гуапэу  абыхэм дохъуэхъу,  лэжьыгъэр ирагъэфIэкIуэну, ехъулIэныныгъэ куэдкIэ дагъэгуфIэну!

Related posts

Leave a Comment