Аслъэнхэ Али дохъуэхъу
Къэрэшей-Черкес Республикэм и «Адыгэ Хасэ — Черкесский Парламент» лъэпкъ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и зичэзу XVI къэпщытэжыныгъэ- хэхыныгъэ съездыр щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 22-м Черкесск къалэм щызэхэтащ.
Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид къыбгъэдэкIыу адыгэ лъэпкъым и Хасэм и съездым къекIуэлIахэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ Къэрэшей-Черкес Республикэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымрэкIэ и министр Кумуков Альберт.
ЗэIущIэм хэтахэр щIэдэIуащ республикэ Адыгэ Хасэм илъэсищым къриубыдэу зэфIигъэкIа Iуэхухэм, нобэ махуэм зыгъэпIейтейм, зыхуигъэувыж къалэнхэм теухуауэ Хасэм и тхьэмадэм къищIа къэпщытэжыныгъэм.
Зэхуэсым къекIуэлIахэм утыку кърахьа упщIэхэми жэуап ирагъэгъуэтащ.
Хабзэм къызэригъэувым тету, мы зэхуэсым и къалэн нэхъыщхьэу щытар къыкIэлъыкIуэ илъэсищым лэжьэну, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ хэхынрат. ИкIи, съездым къекIуэлIахэм я нэхъыбэр хуэарэзыуэ, аргуэру я дзыхь ирагъэзу Аслъэнхэ Алий Хасэм и тхьэмадэу хахыжащ.
Ягъэбелджылащ республикэ Адыгэ Хасэм и Советым хэтхэри.