Новости

АДЫГЭ ДИКТАНТ

Дунейпсо Адыгэ Хасэр, Адыгэ къэрал университетыр, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр ди лъэпкъэгъухэм Адыгэ тхыбзэм и махуэмкIэ къывохъуэхъу икIи гъатхэпэм и 11-м сыхьэтыр 12.00-м екIуэкIыну етхуанэ Дунейпсо Адыгэ Диктантым жыджэру фыхэтыну фыкърегъэблагъэ.

Диктантым и мурад нэхъыщхьэщ адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыныр, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр адэкIи егъэфIэкIуэныр, щэнхабзэр хъумэныр.

Диктантыр ятхыну цIыхухэр щызэхуэсынущ ди республикэм и щIыналъэхэм, къалэхэм щылажьэ курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, библиотекэхэм.

Налшык къалэ «Адыгэ диктантыр» щекIуэкIынущ:

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  (Чернышевскэм и ц1эрзезыхьэ уэрам,173, №501, №303 пэшхэм);

КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым (Лениным и цIэр зезыхьэ уэрам, 1в, экономикэмкIэ факультет, етхуанэ къат);

 Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм(Нэгумэ Шорэ и цIэр зезыхьэ уэрам, 5).

IуэхущIапIэ щхьэхуэ емыкIуэлIэфынум онлайн щIыкIэм тету анэдэлъхубзэмкIэи щIэныгъэр къыщипщытэ хъунущ мы хэщIапIэмкIэ:
https://youtube.com/live/7mVrWoLxRi0?feature=share. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэкIэ диктантыр зытхахэм я лэжьыгъэхэм и сурэтыр (скан) сыхьэтым къриубыдэу къэпщытакIуэхэм яхуевгъэхь хъунущ мы электрон хэщIапIэм: dahnalchik@gmail.com

Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр егъэфIэкIуэн папщIэ зэхаша «Адыгэ диктантым» фыхэтыну адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэри фыкъыхудоджэ, фыщыпсэу щIыпIэм, фызыщыгъуазэ адыгэбзэм и куэдагъым емылъытауэ.

«Адыгэ диктантыр» зэрекIуэкIыну жыпхъэ убзыхуам ДАХ-м и сайтым фыкъыщеджэ хъунущ: intercircass.org.

УпщIэ зиIэхэр +79289109975; +79286934817 телефонхэм фыпсалъэ хъунущ.

Акцэр екIуэкIынущ Граждан жылагъуэм зегъэужьынымкIэ УФ-м и Президентым къыхилъхьа грантыр и лъабжьэу. Ар Президент грантхэм я фондым къыхэкIащ.

Related posts

Leave a Comment