Новости

Дэтхэнэ адыгэри къыхузоджэ

Лъэпкъ къэс и махуэгъэпсым зы махуэ хэтщ, ар игу къыщыкIкIэ, гупсысэ куухэм хишэу, и щхьэрэ и жылэрэ къыхуихьахэр зэригъэгъэзахуэу, тхыдэм хихьэжа къэхъугъэм кърикIуахэм дерс къыхригъэхыу. Накъыгъэм и 21-р адыгэхэм я дежкIэ апхуэдэ зы махуэщ – я щыгъуэ махуэщ.

Кавказ зауэ гущIэгъуншэр зэрыувыIэрэ нобэ илъэси 159-рэ ирокъу. А зауэр адыгэхэм я дежкIэ лъапсэрыхыу къыщIэкIащ: пщIым щыщу бгъур хэкIуэдащ, е мэжэщIалIагъэм, щIыIэм, узым ихьащ, е и Хэкур ирагъэбгынащ. Кавказ зауэм хуэдэу кIыхьу екIуэкIа нэгъуэщI зауэ Урысейм и тхыдэм хэткъым. Илъэсищэ зауэм лъэпкъым къридза уIэгъэр апхуэдизкIэ инщи, зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым, кърикIуахэм ущегупсыскIэ, цIыху хейхэм къраха лейм и инагъыр пхузэгъэзахуэркъым.

Куэд дыдэ я нэгу щIэкIащ ди адэжьхэм. ДызыхуеплъэкIыж тхыдэ Iуэхугъуэхэм сыт хуэдиз гухэщIыгъуэ къыдамытми, лъэпкъыр, дапщэщи хуэдэу, фIым щыгугъыу, щыIэныгъэр зэтес зэрищIыным и гуащIэ ирихьэлIэу йокIуэкI. Дунейм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр зыхищIэу, абыхэм зэрадызекIуэн хэкIыпIэхэр къилъыхъуэу адыгэр мэпсэу. Псоми къыдгуроIуэ ар дерс хэхыпIэу ди гъащIэм хэтын зэрыхуейр. Пщыгъупщэ мыхъуну щыIэм ущIыхуеплъэкIыжыр апхуэдэ нэщIэбжьэ къэхъужынкIэ Iэмал зэримыIэр къыдгуроIуэри аращ. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, адыгэхэр лъэхъэнэ бзаджэхэм дыкъызэфIагъэщIакъым. Хэкум къинам и гъащIэр Урысейм щрипхми, ар зэрыгъуэгу захуэр зэманым наIуэ къищIащ. Нэхъыщхьэращи, тхузэфIэкIащ зытхъумэжын, ди бзэмрэ ди щэнхабзэмрэ тIэщIэмыхуу дыкъызэтенэн. Адыгэхэр нобэ хэтщ къэрал ухуэныгъэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, политикэ икIи жылагъуэ гъащIэм я гуащIэ халъхьэу, зрагъэужьу, зыщыщ лъэпкъым и цIэр жрагъэIэу. Хамэ щIыпIэхэм щыпсэу ди адыгэхэри зыхэхуа лъэпкъхэм къахэщу мэпсэу, пщIэ зыхурагъэщIу. Дзыхьышхуэ къызэрырагъэзым и шэсыпIэщ абыхэм IэнатIэшхуэхэр къыхуагъэфащэу зэрыщытыр.

ПщIэ зыхуэсщI ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ!

Щыгъуэ-ЩIэж махуэм цIыхухэр дызэхохьэ, димыIэж нэхъыжьхэр дигу къыдогъэкIыж. Дахуощыгъуэ ди япэ ища ди адэжьхэм, ди анэжьхэм, лIэужьи щIэбли къащIэмынэу зэуапIэм икIуэда щIалэгъуалэм. Адэжь лъахэм и щхьэхуитыныгъэм щIэзэууэ зи щхьэр зауаем хэзылъхьахэр зэи дигу ихунукъым, тхъумэнущ я фэеплъ нэхур. Апхуэдэуи ипэкIэ доплъэ, гугъапIэхэр дощI. Узэкъуэтмэ, улъэщщ, жеIэ лъэпкъ Iущыгъэм. Псалъэм хэлъ пэжыр Кавказ зауэм къыхэтх дерсхэм языхэзщ. Дызытет дунейр апхуэдизкIэ цIыкIу хъуащи, ущыхуейм узэлъэзыгъэIэс Iэмалхэр куэдщ, хэкурысхэми хэхэсхэми я щIэблэр зэкъуэтыну икIи зэрыщIэну хуей къудеймэ, хэкIыпIэхэр мащIэкъым. Нобэ хуэдэ махуэм дыщIызэхыхьэр ди нэхъыжьхэм я уэсятыр иджыри зэ дигу къэдгъэкIыжын папщIэщ: ди ужь къинэнухэр зэгурыIуэу, зэрыцIыхуу, Iуэху зэдащIэу, зы лъэпкъыу зэрыщытыр ящымыгъупщэу, къыхалъхьэ Iуэхугъуэхэр псори абы и фIыр къызыхэкIыну гуращэм телажьэу щытын щхьэкIэщ. Дэнэ щIыпIэ щымыпсэуми, адыгэ щIалэгъуалэм ящIэн хуейщ я къежьапIэхэр, я къуэпсэхэр, я лъапсэр здэщыIэр.

ДызыхэпсэукI дунейм нобэ щыIэщ къару фIыцIэ куэд, дызэкъуаудыну, зэгурымыIуэныгъэр ди зэхуакум къыдалъхьэну хущIэкъуу. Абыхэм щIэныгъэщ уазэрыпэлъэщынур, зэгурыIуэрэ зэхэщIыкI инкIэрэщ уазэрытекIуэнур. Мамырыгъэмрэ лъэпкъ зэгурыIуэмрэ щхьэузыхь зыхуэпщI хъун щхьэусыгъуэ зыри щыIэн хуейкъым – абыхэм ятелэжьэныр хэти и пщэрылъу къилъытэжыпхъэщ. Сыадыгэщ жызыIэ дэтхэнэри къыхузоджэ тхыдэм къытхуихьа гуныкъуэгъуэр зыщыдмыгъэгъупщэу нобэ къыдэкIуэтей щIалэгъуалэр лъэпкъым хуэпэжу дгъэсэну.

Лъэпкъым апхуэдэ нэщIэбжьэ Тхьэм зэи димыгъэлъагъу!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.

Related posts

Leave a Comment