2024 гъэм гъатхэпэм и 12-м сыхьэтыр 13.00-м VI Дунейпсо Адыгэ Диктант екIуэкIынущ
Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Адыгэ къэрал университетым, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым гъатхэпэм и 12-м сыхьэтыр 13.00-м екIуэкIыну еханэ Дунейпсо Адыгэ Диктантым жыджэру фыхэтыну фыкърегъэблагъэ. Диктантыр екIуэкIынущ онлайн, офлайн щIыкIэхэм тету.
Диктантым и мурад нэхъыщхьэщ адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыныр, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр адэкIи егъэфIэкIуэныр, щэнхабзэр хъумэныр.
Диктантыр ятхыну цIыхухэр щызэхуэсынущ ди республикэм и щIыналъэхэм, къалэхэм щылажьэ курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, библиотекэхэм.
Налшык къалэ «Адыгэ диктантыр» щекIуэкIынущ:
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым (Чернышевскэм и ц1эрзезыхьэ уэрам,173, №501, №303 пэшхэм);
КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым (Лениным и цIэр зезыхьэ уэрам, 1в, экономикэмкIэ факультет, етхуанэ къат);
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм (Нэгумэ Шорэ и цIэр зезыхьэ уэрам, 5).
IуэхущIапIэ щхьэхуэ емыкIуэлIэфынум онлайн щIыкIэм тету анэдэлъхубзэмкIэ и щIэныгъэр къыщипщытэ хъунущ мы хэщIапIэмкIэ:
https://my.mts-link.ru/61891743/704829571. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэкIэ диктантыр зытхахэм я лэжьыгъэхэм и сурэтыр (скан) сыхьэтым къриубыдэу къэпщытакIуэхэм яхуевгъэхь хъунущ мы электрон хэщIапIэм: dahnalchik@gmail.com
Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр егъэфIэкIуэн папщIэ зэхаша «Адыгэ диктантым» фыхэтыну адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэри фыкъыхудоджэ, фыщыпсэу щIыпIэм, фызыщыгъуазэ адыгэбзэм и куэдагъым емылъытауэ.
«Адыгэ диктантыр» зэрекIуэкIыну жыпхъэ убзыхуам ДАХ-м и сайтым фыкъыщеджэ хъунущ: intercircass.org.
УпщIэ зиIэхэр +79289109975; +79286934817 телефонхэм фыпсалъэ хъунущ.