Хъуэхъу псалъэ
Ныбжьэгъу лъап1эхэ! Нобэ дунейм муслъымэну тетым зэдагъэлъап1э Къурмэн хьид махуэшхуэмк1э сынывохъуэхъу! Къабзагъэр, гущ1эгъур, гуапагъэр, гумащ1агъэр зи лъабжьэ махуэ лъап1эм ф1ыгъуэ къыфхудэк1уэну, 1ей фигу къэмык1ыу, ер зигу илъ ц1ыху фримыхьэл1эу ет1анэгъэ п1алъэ узыншэу фынэсыну сыфхуохъуахъуэ! Махуэ лъап1эм ипэ къихуэу 1уэхушхуэ зэф1эдгъэк1ащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и X Конгрессыр къызэгъэпэщыным, егъэк1уэк1ыным ехьэл1ауэ дэ1эпыкъуэгъу къытхуэхъуа псоми, абы зи гуащ1э, зи псалъэ хилъхьэу къыткъуэувахэми ф1ыщ1э фхузощ1. Мы махуэхэм Налшык щы1ащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Германием, Голландием, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэхэм, нэгъуэщ1 щ1ып1эхэм къик1а ди къуэшхэр. ДАХ-м и Зэхуэсышхуэми ек1уу…
Дальше