Бырс Реджаи и фэеплъу
Хъыбар гущIыхьэ къикIащ Тырку къэралыгъуэм. И ныбжьыр илъэс 66-м иту дунейм ехыжащ Тыркумрэ Урысеймрэ фIыуэ къыщацIыхуу щыта, адыгэ лъэпкъым и къуэ пэж, жылагъуэ лэжьакIуэ Бырс Реджаи. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэр яхуогузавэ Бырс Реджаи и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ. Бырс Реджаи 1959 гъэм мазаем и 10-м Тырку Республикэм къыщалъхуащ. Къыщыхъуари Къайсэр и Пынарбаш щIыналъэм хиубыдэ Пазарсу (Анзорей) жылэрщ. I978 гъэм щегъэжьауэ Тыркум и хьэуа дзэм къулыкъу щищIащ. I993-2008 гъэхэм Къайсэр Кавказ щэнхабзэ хасэм щылэжьащ. Абы къыдэкIуэуи ЦIыхубэ-Республикэ партым хэтащ. ИужькIэ илъэс зыбжанэкIэ Реджаи Анкара дэт Шэрджэс Хасэм щылэжьащ. 20I5-20I8…
Дальше