Адыгэбзэ

Лъэпкъ зэпыщIэныгъэр ягъэбыдэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэм я зи чэзу зэхуэсыр щэбэт кIуам Налшык къалэ ще­кIуэкIащ.

 

Лъэпкъым и зыужьыныгъэм, хамэ щIыпIэ куэдым щикъухьа адыгэхэм я зэкъуэтыныгъэм, абыхэм я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным, зыIууэ гугъуехьхэр гъэзэ­кIуэ­жыным, къапэщылъ къалэнхэр уб­зыхуным теухуа псалъэмакъ купщIафIэ куэд къыщаIэта зэхуэсышхуэм хэтащ Урысей Федерацэм, Тыркум, Иорданием, Сирием щызэхэт Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ.

ДАХ-м и Хасащхьэм и зэIущIэм кърагъэблэгъащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэт Къэжэр Альберт, «Россотрудничество» IуэхущIапIэм ди хэкуэгъухэмрэ правительствэм пымыщIа зэгухьэныгъэхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ и управленэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Пугачев Вячеслав, КъБР-м и Iэ­тащ­хьэмрэ Правительствэмрэ я Администрацэм республикэм и къэрал кIуэцI Iуэхухэр зэкIэлъыгъэ­кIуэ­нымкIэ и управленэм и унафэщI Махуэ Владимир, КъШР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я Администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Чыкуэ Нурбий, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и япэ къуэ­дзэ Жаным Руслан, КъБР-м Жы­лагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я IуэхухэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Пащты Борис, КъБР-м и Архив IэнатIэм и Iэ­тащхьэ Къарэ Арсен, нэгъуэщIхэри.

ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи ири­гъэ­кIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Ажа­хъуэ Къанщобий. ХьэщIэхэм къызэхуэсахэм зыхуагъэза нэужь, Хасащхьэм хэтхэр тепсэлъыхьащ Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я Iуэху зыIутым; къэрал къулыкъу­щIапIэхэр щIыналъэ зэхуэмыдэхэм щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэ­ныгъэхэм зэрадэлажьэм; УФ-мрэ ха­мэ къэралхэмрэ щыIэ Хасэхэм я лэжьыгъэр зэрекIуэкIым; 2014 гъэм Сочэ щыIэну Олимпиадэм, Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэ­с­и 150-рэ щрикъукIэ иращIэкIыну Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщIхэми.

Зэхуэсышхуэр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ убгъуа ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Related posts

Leave a Comment