Узэкъуэтмэ-улъэщщ
Иджыблагъэ «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къытхуеблэгъащ Сирием къикIыжу адэжь хэкум щыпсэуну къэкIуэжа, СХьР-м дзюдомкIэ и чемпион Талъостэн (Къуэшрокъуэ) Сипсэрэ абы и гъэсакIуэ Къущхьэ Iимадрэ. Я щыIэкIэ-псэукIэм, дяпэкIэ ящIэну я мурадхэм дыщыщIэупщIэм, ди хэкуэгъухэр я гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ. Абыхэм жаIащ хэкум къэкIуэжыну куэд щIауэ зэрыщIэхъуэпсыр, ауэ гугъусыгъу гуэрхэм ирихьэлIэурэ я Iуэхур кIыхьлIыхь зэрыхъуар. ЩIэщыгъуэ тщыхъуа хьэщIэхэм упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ захуэдгъэзащ, дауи, дымыгъэщIагъуэу къэнакъым, дзюдом дихьэхым и мызакъуэу, а спорт лIэужьыгъуэмкIэ чемпион хъуа адыгэ пщащэ зэкIужым и хъыбарыр.
— Сипсэ, уи цIэ дахэр, гъэщIэгъуэныр хэт къыпфIища?
— Си анэшхуэм къысфIищащ. И хэкур, лъэпкъыр егъэлеяуэ фIыуэ илъагъурт, уеблэмэ, мы жэнэт щIыналъэм зэи дызэрыщымыIам хуэдэу, дэри дигъэлъагъун хузэфIэкIащ. Си адыгэ унэцIэр Къуэшрокъуэщ. Си адэ-анэм къызжаIэ зэпытт Кавказыр ди лъахэу зэрыщытыр, абы и дахагъэм щIэмычэу тепсэлъыхьхэрт. Ди хабзэхэм къытхутепсэлъыхьым и мызакъуэу, дызэрагъэсар, къытхалъхьар адыгэ хьэл-щэнырщ, дуней тетыкIэрщ. Иджы хуабжьу сыщогуфIыкIыж абы. Я хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр, я гум хуилъ хуабагъэр сысейми къралъхьэфащ. Сызэрыадыгэр сщагъэгъупщакъым. Си адэр хуиту адыгэбзэкIэ мэпсэлъэф, сэ иджыри фIы дыдэу сщIэркъым. НобэкIэ си мурад нэхъыщхьэхэм ящыщщ анэдэлъхубзэр адыгэм зэрищIэн хуейм хуэдэу зэзгъэщIэныр. Ар лъапIэныгъэшхуэу сэ къызолъытэ.
— Иджы япэу Къэбэрдейм укъэкIуауэ ара? Сыт гъэщIэгъуэну щыплъэгъуар? Узыпэмыплъа гуэрхэм уаIущIа?
— Пэжыр жысIэнщи, иджыри къэс слъэгъуа псори сигу ирихьащ. ГъэщIэгъуэнщ, мы щIыпIэр зэрыдахэр къызжаIэрт, ауэ си нэкIэ слъэгъуа иужькIэщ хьэкъыу щыспхыкIар. Хьэрып къэралхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щыпсэухэм я хабзэкIэ, дуней тетыкIэкIэ, дауи, зэтехуэркъым. Ауэ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я деж зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ щыслъагъуркъым. ЗэрыжысIащи, дэ дызыхуагъэса, дызыщIапIыкIаращ мыбыкIи щытепщэр, ар уи гуапэ мыхъуу къанэркъым. Адыгэлъ зэрысщIэтыр нэсу къыщызгурыIуар адэжь хэкум и хьэуа къабзэмкIэ си гум щызу сыбэуа нэужьщ. Мыбы зэ къэкIуэжам игъэзэжын мурад иIэну си фIэщ хъуркъым. Гуми, псэми, акъылми зыщигъэпсэху, арэзы щыхъу щIыпIэщ мыр.
— Къэбэрдей-Балъкъэрым фыкъэкIуэнымкIэ хэт сэбэп къыфхуэхъуа?
— Сирием къыщыщIэдзауэ мыбы къэс ди Iуэху дэзыгъэкIар, сыткIи зыкъытщIэзыгъэкъуар «Пэрыт» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэщ. ИкъукIэ фIыщIэшхуэ яхуэфащэщ къалэнышхуэ я пщэ зэрыдэлъым, лъэпкъым зэрыхуэлажьэм щхьэкIэ. Ахэр «пэрыт» дыдэщ. Дэнэ дыкIуэн хуейми ди япэ иту макIуэ, йопсалъэ, дэ дащIыгъу къудейщ.
— Бзылъхугъэр дэзыхьэх Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыIэщ, спортым ухыхьа зэрыхъуам утезгъэпсэлъыхьынут.
— Спортыр сызэры-цIыкIури фIыуэ солъагъу. Дзюдом хуагъасэу клуб гуэр щыIэу зэхэсхати, абы сыкIуэн щIэздза иужьщ къыщысщIар ар сысейуэ зэрыщытыр, занщIэуи сыдихьэхащ. Къару гъэпщкIуахэр къызыкъуэсхыу си гъусэхэм ящыщ къытездзэф, хэзгъащIэ щыхъум сыдихьэхыпащ. А спорт лIэужьыгъуэм хэтхэм я ехъулIэныгъэхэм сакIэлъыплъ, садэплъей, сехъуапсэ хъуащ, ар спортыр си пкъынэлъынэм хыхьэу щIидзауэ арат (мэдыхьэшх).
— Сыт хуэдиз гугъуехь дэпшэча уи текIуэныгъэхэм, сыт а псом нэхъ хьэлъэ дыдэу хэтар, хэт дэIэпыкъуэгъу къыпхуэхъуа текIуэныгъэхэр зыIэрыбгъэхьэнымкIэ?
— Шэч хэмылъу, фIыщIэр зейр си гъэсакIуэрщ. Аращ сыт щыгъуи сытезыгъэгушхуэр, къыздэIэпыкъур. Спортыр фIыуэ сигъэлъагъури, нэхъри сыдригъэхьэхыжащ. Абы и гумызэгъагъым къысхуихьауэ къысщохъу сэ нобэ ехъулIэныгъэу сиIэр. Дауи, сэри текIуэныгъэм сыщIэхъуэпсырт, къэзмыхьмэ, Iимад игу къызэреуэнур, зэрыгузэвэнур сщIэрти, нэхъ ерыщу сызауэрт. ЗыгуэркIэ къызэмыхъулIамэ, дызэпсэлъэжырт, си щыуагъэхэм гу лъызигъэтэжырти, адэкIэ дылажьэрт.
Къущхьэ Iимад: Илъэсибл мэхъу Сипсэ дэлэжьэн зэрыщIэздзэрэ. ИлъэсипщI ныбжьым иту къэсщтауэ щытащ. Ди гъэсапIэ унэм и нэхъыщхьэр сэращ. Адыгэ щIалэхэри пщащэхэри къокIуалIэ, абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр яIэщи, дегъэгуфIэ.
— Iимад, текIуэныгъэ къызэрихьынумкIэ гугъэ уигъэщIу зыгуэркIэ адрейхэм къащхьэщыкIрэт Сипсэ?
— Псом япэращи, Сипсэ дзюдор фIыуэ илъэгъуащ. ЦIыхум ищIэ Iуэхур фIыуэ щилъагъум деж къемыхъулIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Хъыджэбзхэр къэгъэнауэ, щIалэхэм ебэну щIидзэри, къытридзэ, къриуд хъуащ, и къарум, зэфIэкIым уагъэгуфIэу хэхъуэ зэпытт. ИлъэсищкIэ иджыри дыздэлажьэри, утыку дихьэ хъуащ. Япэу Сириерат и зэфIэкI щигъэлъэгъуар, езыр ныбжькIэ зыхуэкIуэр нэхъ цIыкIухэрати, абыхэм я деж щытекIуащ. ИлъэситI дэкIа нэужьи, и ныбжьхэм ятекIуащ, итIанэ щIалэгъуалэ гупми пашэ щыхъуащ. Абы и ужькIэ КъухьэпIэмкIэ щыIэ къэралхэм я спортсменхэр зыхэт зэхьэзэхуэ дыкIуати, абы етхуанэ увыпIэр къыщихьащ. Тыркум щекIуэкIа зэпеуэм щыIати, япэр щызыIэригъэхьащ. Школ нэужьым, университетым и пэ ит еджапIэм щIэтIысхьэри, еджэным къыкIэрымыхун папщIэ, дзюдор тIэкIу къызэтедгъэувыIащ. ЖысIэну сыхуейт Сипсэ еджэнми фIы дыдэу зэрыхэзагъэр, а лъэныкъуэри къызэрехъулIэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ди къэралыр зыхэт хьэлэбэлыкъхэм ди Iуэхур къызэтрагъэувыIащ, Сипсэ и адэжь хэкум къигъэзэжащ, университетым и инджылызыбзэ къудамэм щIэтIысхьэну и мураду.
— Сипсэ, еджапIэ нэхъыщхьэр къэбухмэ, СХьР-м бгъэзэжыну уи мурад хьэмэрэ укъанэмэ нэхъ къапщтэрэ?
— Ди лъабжьэр, ди унэр Къэбэрдейращ. ДыкъэкIуэжын папщIэ гугъуехь куэдым дыхэтащ, «Гъуэгу техьэ къытенэркъым», – жеIэ адыгэм, мурад тщIар къыдэхъулIащ. ДыкъэкIуэжыну Iэмал щыдгъуэтакIэ, мыращ дыщыпсэунур.
— Спортым нэмыщI, нэгъуэщI сытым удихьэхрэ?
— Еджэныр фIыуэ солъагъу. Си къару пэлъэщыху зызужьын мурад сиIэщ.
— ДяпэкIэ сыт хуэдэ мурадхэр уиIэ, дэнэ лъэныкъуэкIэ хэбгъахъуэмэ нэхъ къапщтэрэ?
— Шэч хэмылъу, дзюдом сыкъыхэкIыжынукъым, ар сэ сщыщ гуэр хъуащ. Къарууэ сиIэр есхьэлIэнущ, щапхъэ схуэхъуахэм салъэщIыхьэн, итIанэ нэхъыфIыж сыхъун папщIэ. ЛъагапIэщIэхэм сахуэпабгъэ зэпытщ. Дауи, сэ къызгуроIуэ, спорт ехъулIэныгъэхэми нэгъуэщI Iуэхугъуэ псоми щIэныгъэр я лъабжьэу щытын зэрыхуейр. Зыр фIыуэ солъагъу жыпIэу а зы лъэныкъуэм фIэкIа утемылажьэу упсэу хъунукъым. Плъыфэ куэду зэхэлъ гъащIэм къыщыпщхьэпэжынур пщIэнукъым…
— Iимад, щIэблэр ирибгъасэу щэху гуэр уиIэ?
— ЩIалэгъуалэр си деж япэу къызэрыщIыхьэу къыщIэкIуам и щхьэусыгъуэмкIэ соупщI: «Уи зэш тебгъэуну ара хьэмэрэ чемпион ухъун мурад уиIэ?». Дызэдэлэжьэн щIэддза иужь сахоплъэри, нэхъыфIу джэгухэр къахызох. ИтIанэ яжызоIэ нэхъыфIу зыкъэзыгъэлъагъуэхэр къыхэсхыу нэхъыбэрэ сазэрыдэлэжьэнур, зэхьэзэхуэхэм зэрахуэзгъэхьэзырынур. ЩIалэгъуалэр абы къызэщIегъаплъэри, жэуаплыныгъэ нэхъыбэ яхэлъу загъасэу щIадзэ. Адрейхэм къахэжаныкI, зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIэхэр щызыIэрызыгъэхьэ, Сипсэ хуэдэу сиIэ гъэсэнхэр щапхъэу къахузохь, «Фэри абыхэм ещхь фыхъунущ», – жысIэурэ тызогъэгушхуэ. Тегушхуэныгъэ яIэн хуейщ гъэсэнхэм. ЗэрытекIуэнур езыхэм я фIэщ хъужмэ, ар лъагапIэшхуэхэм я къежьапIэу къызолъытэ.
— Уэ езым сыт хуэдэ ехъулIэныгъэхэр уиIэ спорт и лъэныкъуэкIэ?
— Бгырыпх фIыцIэм и еплIанэ нагъыщэр сиIэщ. Спортым къищынэмыщIауэ, спорт зэхьэзэхуэхэм я къызэгъэпэщынри къызохъулIэ, зэдэджэгунухэр убзыхун, зэхуэгъэзэн ехьэлIауэ нэгъуэщI лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэри изогъэкIуэкI. Апхуэдэу сэрэ нэгъуэщI зы щIалэрэщ Сирием исыр. 2006 гъэм япэ классым и тренер сыхъуащ. Судьяуи солажьэ. Мыбдежми, лъэныкъуэ куэдкIэ сыщылэжьэфынущ хэплъыхь сымыщIу, Хэкужьым зыгуэркIэ сыкъыхуэсэбэпыну сщIэмэ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, ди хэку дисыжщ.
* * *
Ди хьэщIэхэм хэхэс гъащIэм я Iур ткIыбжь къищIами, зэнзэныпсу къабзэу хэкум къыщыщIэж псым и зы Iубыгъуэм ящигъэгъупщэжащ.
Гугъущ лъабжьэншэу, щIэрыщIэу псори щызэбгъэпэщыжым и деж. Абы текIуадэ лэжьыгъэм, къарум къищынэмыщIауэ, шыIэныгъэшхуэ, гугъэшхуэ, лъэпкъ лъагъуныгъэ куу уиIэн хуейщ. Я къарур зэрымыкIуэщIам, лIыгъэ зэрахэлъым уеплъ пэтми, защыбгъэнщIыркъым мыбыхэм. «Хамэ хэку сыщытхъэ нэхърэ – си хэкужь сыщылIэ» жызыIа хэхэсым и псэм щыщIар уигу къегъэкI ди хьэщIэхэм уащыIуплъэкIэ. Быдэу ди фIэщ мэхъу хамэ къэ- рал къикIыжа ди лъэпкъэгъухэр адыгэм и цIэр фIыкIэ Iуным, бэгъуэным зэрыхуэлэжьэнур. Дэри абыкIэ сэбэп да-зэрыхуэхъуным, дазэ- рыкъуэувэным яужь дитынщ. Ауэ жаIакъым: «Узэкъуэтмэ – улъэщщ!»
Сайт «Адыгэ псалъэ»
Щомахуэ Залинэ