Адыгэбзэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм В. И. Матвиенкэ Зэрызыхуигъазэ

Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым

ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI

МАТВИЕНКЭ В. И. и деж

 

Дунейпсо Адыгэ Хасэм

Зэрызыхуигъазэ

                          ПщIэ зыхуэтщI Валентинэ Иван ипхъу!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм Уэ зыныпхуегъазэ адыгэ псори икъукIэ зыгъэпIейтей Iуэ­хум­­кIэ. Сирие Хьэрып Республикэм илъэсым щIигъуауэ зауэ щокIуэкI, лажьэ зимыIэ цIыхухэр хокIуадэ. Абыхэм яхэтщ ди лъахэгъухэри – а къэралым щопсэу шэрджэс мини 100-м щIигъу. Илъэси 150-рэ и пэкIэ дзэ-политикэ щхьэусыгъуэхэм я зэранкIэ, ахэр Уэсмэн къэралыгъуэм къыщыхутащ, иужькIэ щхьэж гъащIэм зыIуигъэува IэнатIэм елъытауэ, ахэр Iэпхъуэн хуей хъуауэ щытащ Сириеми нэгъуэщI къэралхэми. Сыт хуэдэу я Iуэху къекIуэкIами, хэхэс адыгэхэм я хэкуу къалъытар Кавказ Ищхъэрэрщ – я адэжь­хэр щыпсэуа лъахэрщ.

 Сирием щыпсэу адыгэхэм лIэщIыгъуэ блэкIам и 70 гъэхэм СССР-м и правительс­т­­вэм зыкъыхуагъэзауэ щытащ я адэжь щIы­налъэм къагъэзэжыну хуит къащIыну щIэ­лъэIуу. Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр ящIурэ, а лъэIур хуагъэзэщIауэ щытакъым абы щыгъуэ. Совет Союзыр зэбгрылъэ­лъы­жа нэужь, уи хэку къэбгъэзэжыныр нэхъ тынш хъуауэ щытащ икIи абы щыгъуэ ап­хуэдэ Iэмалыр къагъэсэбэпат цIыху мини           3-м нэсым. Ахэр Урысейм и хабзэхэр зы­гъэ­за­щIэ, зыхуитхэри зи къалэнхэри нэсу зы­хэзыщIэ, ди къэралым щыпсэу лъэпкъхэм задезыгъэкIу и цIыху хъуащ.

Иджыпсту Сирием щыпсэу адыгэхэр гузэ­вэгъуэшхуэ хэхуащ – зауэ екIуэкIым хэ­кIуэ­дэнкIэ шынагъуэщ. Ахэр а къэралым щынэхъ мащIэ дыдэ лъэпкъхэм хабжэ икIи зэ­пэ­щIэт лъэныкъуитIми абыхэм я сэбэп зыхэлъ зэрахуэркъым. IэщэкIэ зэщIэузэдауэ къэралым пэувахэм ядэмыщIу къащIэмэ, зэт­рау­кIэну къагъэшынэ, Сирием и къэрал ор­ганхэми абыхэм я шынагъуэншагъэр къахузэгъэпэщыркъым.

ЩэкIуэгъуэм и япэ махуэхэм Бир-Аджэм жылагъуэм (КъунейтIрэ къалэм пэмыжыжьэу) зауэ гуащIэхэр щекIуэкIыу хуежьащ. Жылагъуэр зэпэщIэт лъэныкъуитIым – оппо­зи­цэмрэ правительствэ къарухэмрэ – я зэ-ху­а­ку диубыдащ. Лажьэ зимыIэ цIыху мамырхэр мафIитIым яку дэтщ. Жыла­гъуэм йоуэ артиллерие IэщэхэмкIэ, пулемётхэр зэпыуркъым, къуажэм дэсхэр ущыпсэуным зыкIи хуэмыщIа щIыуни 3 – 4-м щIэсщ, къы­щIэ­кIыну Iэмал ирамыту. Апхуэдэ Iэмал ща­гъуэтхэм деж, дэIэпыкъуэгъу къахуэхъун лъы­хъуэу, ахэр я нэIуасэхэм я деж те­ле­фон­кIэ мэпсалъэ. ЗэрытщIэмкIэ, абдеж щы­хэ­­кIуэ­дахэри щыIэщ. Зауэ мафIэм зидзащ а къуажэм пэ­гъу­нэгъу Барекъэ жы­ла­гъуэмкIи. ЦIыхухэр гужьеигъуэ ­ихуащ, абыхэм зэфэн псыри ерыскъыри къа­Iэ­щIоухэ, зэ­пэщIэтхэр з­э­­пи­кIуэ­тыну гугъапIи щы­­Iэ­къым. Мамыру псэу цIыхухэм лей къа­те­­мы­гъэ­хьэным теухуа дунейпсо конвенцэ псори къыщызэ­пауд ди лъэпкъэгъухэр зэрыс мы щIыпIэм.

ПщIэ зыхуэтщI Валентинэ Иван ипхъу! Мы гъэм и гъатхэпэм Уи жэрдэмкIэ Сирием щы­Iащ ФедерацэмкIэ Советым и лIыкIуэхэр, КъБР-м щыщ сенатор Къэжэр Альберт я пашэу. Абы и ужькIэ, а къэралым илъ гузэвэ­гъуэм зыщахъумэу, Урысейм къэкIуэжыфащ цIыху 500-м нэс. Ауэ хэкум къэзыгъэзэжыну хуей ди лъэпкъэгъухэм визэ етыныр Урысей Федерацэм и посольствэм зэкIэ зэпи­гъэуащ. Абы и щхьэусыгъуэр бюрократ лъэпощхьэпохэрщ, армыхъумэ Урысейм и сэбэп зыхэлъхэм ятещIыхьа Iуэхукъым. Сыту жыпIэмэ, Урысей Федерацэм и законодательствэм ипкъ иткIэ, Сирием щыпсэу шэрджэсхэри ди лъахэгъухэщ, ахэр хохьэ Сирием щыпсэу ди лъахэгъухэм я Зэзы­­гъэ­уIу Советым, къимыдэкIэ, УФ-м и Президент Пу­тин Владимир ди лъахэгъухэр хэкум къэшэжыным хуэунэтIа программэр Уры­сейм дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэу къилъы­тащ.

ЩыIэ хъуа щытыкIэр къэтлъытауэ, Уэ, лэ­жьы­гъэ и пIалъэ зыщIэ къэрал къулы­къу­щIэм, зыпхудогъазэ адыгэхэр я адэжь щIы­налъэм къэшэжыным икIэщIыпIэкIэ сэбэп         у­хуэхъуну дыпщыгугъыу. Апхуэдэуи ды­но­лъэIу Сирие Хьэрып Республикэм и уна­фэщI­хэм захуэбгъэзэну, Бир-Аджэм, Барекъэ къуажэхэм щыпсэухэу гузэвэгъуэшхуэ хэтхэр а щIыпIэм къишыным Iэмалу щы­Iэр къыхуагъэсэбэпын щхьэкIэ.

Урысейм ис адыгэхэмрэ мелуан куэд хъууэ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ я плъапIэр Урысейрщ икIи псори дыщогугъ ди къуэшхэр псэзэпылъхьэпIэм къри­мы­нэну.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.

Налшык, 2012 гъэ, щэкIуэгъуэм и 9

Related posts

Leave a Comment