Адыгэбзэ

«КъэвгъэувыIэ Сирием щекIуэкI лъыгъажэр!»

Къэпсалъэр профессор Агырбэ Юрэщ.

ЗэпэщIэтыныгъэр зыщымыужьых Сирие Хьэрып Республикэм къина адыгэхэм,  нэгъуэщI ди хэкуэ­гъу­хэм ядэIэпыкъуным къыхуезы-джэ пэкIу щекIуэкIащ ды-гъэгъазэм и 2-м Москва къалэм.
А Iуэхугъуэм ири­пIей­тейуэ къалащхьэм щыпсэу адыгэ, абхъаз, абазэ куэд къе­кIуэлIащ «Хэкум и гъунапкъэ хъумакIуэхэм» («Пограничникам отечества») я фэеплъым деж. Урысей, къащхьэщыж ди лъэпкъэгъухэм!» – апхуэдэ къы­хуе­­джэныгъэхэмкIэ гъэн­щIат зэхыхьэр.
— Нэхъыщхьэу дызыхущIэ­къур гузэвэгъуэм зэщIищта хьэрып къэралым къина ди лъэпкъэгъухэр икIэщIы­пIэ­кIэ къишыжыныращ. Урысейм и дэIэпыкъуэгъукIэ ди цIыху нэхъыбэ къедгъэ­лыфы­нут, – жиIащ пэкIур къы­зэIузыха Хъурей Аслъэн.
— Зэкъуэтыныгъэр къыщыдгъэлъэгъуэнур нобэ хуэдэ махуэщ, – къыхигъэщащ Москва щылажьэ Адыгэ Хасэм хэт нэхъыжьхэм я  тхьэмадэ Агырбэ Юрэ. – Гузэвэгъуэ хэхуа ди къуэшхэм я гугъапIэр зыхуэ­гъэзар дэращ – хэкужьымкIэ щы­Iэ­хэрщ. Щапхъэу къэт­хьы­фынущ Косовэ къикIы­жауэ Адыгэ Республикэм ма­мыру щыпсэухэр. Ахэри апхуэдэ гузэвэгъуэт къызыхэтшар. Урысейм и дэIэпы­къуэ­гъукIэ Сирием щыIэ ди лъэпкъэгъу нэхъыбэм нобэ къа­гъэ­зэжыфмэ, шэч хэлъкъым ди къэралым сэбэп ира­гъэ­кIыу зэрыпсэунум.

Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ Абхъаз-абазэ лъэпкъхэм я дунейпсо конгрессым и президентым и чэнджэщэгъу Кобахие Беслъэн. Ар къытеу­вы­Iащ Сирием къыщыхъея ­зауэм и курыкупсэм, адыгэхэм, абхъазхэм, абазэхэм къи­нэмыщIауэ, нэгъуэщI кав­каз лъэпкъхэри, урысхэри къызэринэр. Абы къы­хи­гъэ­белджылыкIащ мыпхуэдэ пэкIухэр щIыпIэ зэхуэмыдэхэм зэрыщекIуэкIым я къарур зы хъумэ, Iуэхум зэрыщхьэпэнур.
ПэкIум и кIэм къащтащ УФ-м и лIыщхьэхэм зэрызыхуагъазэ тхылъ. Абы итщ «Сирием къина Урысейм и хэ­куэгъухэр (адыгэхэр яхэту) ди къэралым къихьэжын Iуэхур нэхъ псынщIэ яхуэ­щIы­­нымкIэ» лъэIу.
Хьэщэ Iэминат,
«Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент.

Related posts

Leave a Comment