Къалэнхэр инщ, зыгъэзэщIэнухэри махэкъым
Фигу къэдгъэкIыжынщ: Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Зэхуэсым къищтэ унафэхэр зыгъэзащIэ гупыр пIалъэ пыухыкIам тету зэIуощIэ, ялэжьамрэ къапэщытымрэ тепсэлъыхьын, ящIапхъэр ягъэбелджылын папщIэ. гъэзэщIакIуэ гупым хэтщ ДАХ-м къызэщIиубыдэ Адыгэ Хасэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр. Псори зэхэту ахэр мы зэм цIыху 31-рэ мэхъу.
ЗэIущIэр къызэIузыхари езыгъэкIуэкIари ДАХ-м и президент Сэхъурокъуэ Хьэутийщ. Абы хьэщIэхэм яригъэцIыхуащ мы зэIущIэм ирихьэлIа къэрал къулыкъущIэхэр: КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм республикэ кIуэцI политикэмкIэ и департаментым и унафэщI Махуэ Валерэ,КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жаным Руслан, Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министрСемэн Пщыкъан, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэмкIэ министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин. ЗэIущIэм кърагъэблэгъат ДАХ-м и Чэнджэщэгъу советым хэтхэу Ажахъуэ Къанщобий, Дзэмыхь Къасболэт сымэ, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Петр, нэгъуэщIхэри.
Сэхъурокъуэм кIэщIу и гугъу ищIащ ДАХ-м и IX Зэхуэсым ищIа унафэхэр гъэзэщIа зэрыхъум. Къапщтэмэ, Мэздэгу щыпсэу адыгэхэм я деж ДАХ-м и лIыкIуэ гуп зэрыщыIам, къэбэрдей, кIахэ адыгэхэм я алыфбейр зы щIыным елэжьын гуп къызэрызэрагъэпэщам, Сирием щекIуэкI зауэм къыхашауэ ди республикэм къэзыгъэзэжхэм щхьэкIэ ящIэфым тепсэлъыхьащ.
ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и комитетхэр къызэгъэпэщыным теухуауэ къэпсэлъащ Дунейпсо Адыхэ Хасэм и япэ вице-президент Къэжэр Артур. Абы жиIащ комитетхэр я бжыгъэкIэ 10 зэрыхъур. Къызэхуэсахэр комитет бжыгъэми ахэр зытелэжьэнуми арэзы техъуащ. Псалъэмакъ нэхъ зращIэкIар анэдэлъхубзэр хъумэным, зы адыгэ алыфбейм хуэкIуэным елэжьыну хуей комитетращ. ЗэIущIэм хэтхэр зэгурыIуащ, мы Iуэхур зэрыгугъум къыхэкIыу, зи унафэ ящIын хуейм щIэныгъэкIэ хуэхьэзыр цIыхухэр хагъэпсэлъыхьыну.
ЕтIуанэу зи гугъу ящIар Сирием къикI, къраш адыгэхэм я Iуэхур зытетырщ. Абы теухуауэ къэпсэлъа Бэрсэдж Хьэрфан жиIащ Сирием мафIэр зэрыщызэщIэплъэр, цIыхухэр ерыскъыкIэ, хущхъуэкIэ, нэгъуэщI куэдхэмкIи гугъу зэрехьыр. «Адыгэу 50 хэкIуэдащ мы зауэм. Абыхэм ящыщу 3-щ дзэм хэтар, адрейхэм я гъащIэр ихьащ мамыру псэу цIыхухэм зыкIи щымысхь щIэпхъаджащIэхэм, жылагъуэхэм хадзэ бомбэхэм, нэгъуэщI Iэщэ лIэужьыгъуэхэм. Сирием щекIуэкIыр лъэпкъ зауэм хуэкIуэнкIэ шынагъуэщ. А къэралым щыпсэу адыгэхэр иджырей гузэвэгъуэм хуэдэ зэи хэхуакъым. Адыгэ къуажиблым дэсыр къыдэкIащ е къыдахуащ. Ахэр хэти Дамаск Iэпхъуащ, хэти ТыркумкIэ, ИорданиемкIэ яунэтIащ. Псалъэм папщIэ, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм цIыху минитI зрашэлIащ, зыщIэсынымрэ яшхынымкIэ ядоIэпыкъу. Иорданием – миниплI къыщыувыIащ. Амман щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэмрэ благъэхэмрэ я нэIэ къатетщ абыхэм. Хэкум 1000 къихьэжыфащ. КъБР-мрэ АР-мрэ къэкIуэжа адыгэхэм санаторэхэм пIалъэкIэ щIагъэтIысхьаи езыр-езырхэу пэлъэщу фэтэр къэзыщтаи яхэтщ. Къапщтэмэ, Мейкъуапэ, абы къегъэщIылIа жылэхэм унэ-лъапсэ щызыгъуэта, ахъшэкIэ зыдэIэпыкъуа щыIэщ», – жиIащ Хьэрфан икIи дыщIигъуащ хэхэс адыгэхэр Урысей Федерацэм и унафэщIхэм къазэрыщыгугъыр, зауэ лыгъейм къыхашыну, я Хэку ирагъэгъуэтыжыну.
Хьэрфан жиIам Сэхъурокъуэ Хьэутий дыщIигъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен и унафэкIэ Правительствэм дэлэжьэну штаб къызэрызэрагъэпэщар, Сирием къикI адыгэхэм я Iуэхур дэгъэкIыным теухуауэ.
Къапщтэмэ, Налшык и 8-нэ курыт еджапIэм сабий 73-рэ йокIуалIэ. Абыхэм щхьэкIэ урысыбзэ, адыгэбзэ дерсхэр ирагъэкIуэкI, махуэм тIэу ягъашхэ. Сэхъурокъуэм жиIащ къэкIуэжа псоми тхылъ зэрыхуагъэхьэзырыр, зыщыщ лъэпкъыр (унагъуэкIэ), и IэщIагъэ-щIэныгъэр, нэгъуэщIхэри иту. Ар хуэщхьэпэнущ мыбдеж я Iыхьлы нэхъ псынщIэу къыщагъуэтыжыным, лэжьапIэ гуэр Iуагъэхьэфыным.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд кIэщIу тепсэлъыхьащ Урысей-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-м ирихьэлIэу ДАХ-м зэфIихыну Iуэхухэм. Ахэр куэд мэхъу, адыгэм я тхыдэм теухуа тхылъ къыдэгъэкIыным, документальнэ фильм гъэхьэзырыным къыщыщIэдзауэ ди лъэпкъ Iуэхум хухэха Международнэ щIэныгъэ конференц егъэкIуэкIыным щыщIэкIыжу. Зэхуэсым кърихьэлIахэр зэгурыIуащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд игъэбелджылам дэщIыгъужыпхъэхэу къалъытэр зы мазэм къриубыдэу зэфIагъэкIыжу, итIанэ абы иджыри зэ тепсэлъыхьыжыну.
ХьэфIыцIэр тепсэлъыхьын хуейт Сочэ щекIуэкIыну Олимп джэгухэм а щIыпIэр зей адыгэ лъэпкъым и тхыдэр къызэрыхэщынум. Абы нэхъ зэдауэ къикIащ, 2010, 2011 гъэхэм УФ-м и Президентым, ФедерацэмкIэ Советым, Къэрал Думэм ятхагъэххэу, абыхэм къратыжа жэуап щыщыIэкIэ, мы Iуэхум къыщIытебгъэзэжын щымыIэу къалъытэу, ауэ икIэм-икIэжым, зэгурыIуащ иджыри зэ къэрал унафэщIхэм зыхуагъэзэну.
2013 – 2015 гъэхэм ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым зэфIигъэкIыпхъэу игъэбелджылахэр и лъабжьэу къащтэри, зэIущIэм хэтхэр зэгурыIуащ абы иджыри дыщIагъужыну.
ДАХ-м и КъэпщытакIуэ гупым и унафэщI Къуэдзокъуэ Анатолэ зи гугъу ищIар Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтыпщIэу къыIэрыхьэн хуейм и Iуэхур зытетырщ. АбыкIэ щIыхуэ зытелъхэм хэтыпщIэр ямыгъэгувэну зэгурыIуахэщ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым КъБР-м щыщу цIыхуи 8, Адыгейм – 4, КъШР-м – 4, Шапсыгъым – 2, Мэздэгум – 1, Тыркум – 5, Иорданием – 2, Сирием – 1, Израилым – 1, Абхъазым ейуэ 1 хэтщ. Мы бжыгъэхэр къыщIэтхьар иджыри зэ фи нэгу къыщIэдгъэувэн папщIэщ ди лъэпкъэгъухэр зэкъуэгъэувэным, зэдэлэжьэным теухуауэ ахэр къару зэрырикъур. НэгъуэщI къэралхэм къыщыхъум (адыгэр кърамышыну Iэмал имыIэу), лъэпкъ зэхэщIыкIыр къызэрыщIэрэщIэжым и нэщэнэ зыдэплъагъу ди лъэхъэнэм ДАХ-м и пашэхэм Iэмал къаритыну къыщIэкIынукъым хуэмыхуну, псалъэм зыдрагъэхьэхыну.
Ширдий Маринэ
@ «Адыгэ псалъэ»