Адыгэбзэ

«Адыгэ щэнхабзэм и махуэхэр»

«Щэнхабзэм и махуэхэр» зэхыхьэм и етхуанэрей зэ1ущIэшхуэр 2013 гъэм гъатхэпэм и 31 – мэлыжьыхьым и 1 махуэхэм  Германием и Бремен къалэм пэгъунэгъу Ротенбург (Вюмме) къалэм щек1уэк1ащ.

Мыгъэрей зэхуэсым и къызэгъэпэщыныгъэр зи пщэ дэлъар Европэм щыIэ Шэрджэс Щэнхабзэ Хасэхэм я Федерацэм хыхьэ Бремен Хасэмрэ Хьэнофэр Хасэмрэт.  А Хасэ ц1ык1уит1ым хэлэжьыхь ц1ыхухэр мащ1э дыдэми я къалэнхэр 1эк1уэлъак1уэу зэф1агъэк1ащ, 1уэхури дахэу утыку кърахьащ. Абы егугъуа дэтхэнэ зыми ф1ыщ1э хуэфащэщ.

Зэхуэсым къекIуэл1ахэм я пэшхэр зрагъэгъуэту т1эк1уи загъэпсэхуа нэужь, гуф1эгъуэ зэ1ущ1эм щ1идзащ. Ар ф1эхъус псалъэк1э къызэ1уихащ  Уджыхъу Ихьсан. Нарт эпосым щыщ пычыгъуэхэр зы гупым — адыгэбзэк1э, адрей гупым нэмыцэбзэк1э ягъэхьэзырати, ар къагъэлъэгъуащ. Иужьк1э нэхъыжьхэр жэщыр хэк1уэтэху зэхэсащ, щ1элэгъуалэми зэхаубла адыгэ джэгур жэщ ныкъуэ хъуху ек1уэк1ащ.

Ет1уанэ махуэр зытеухуауэ щытар Сирием ис адыгэхэрщ.  Европэм щы1э Шэрджэс Щэнхабзэ Хасэхэм я Федерацэм и тхьэмадэ Т1амжьыкъуэ Умар Фарукъ къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ Сирием ис ди лъэпкъэгъухэм  я хэкур зэрырагъэбгынэрэ блэк1а зэманым и тхыдэм, нобэ абы щек1уэк1 зауэм адыгэхэм лей къазэрыщытехьэм.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэт Къущхьэ Догъэн тепсэлъыхьащ СХьР-м ик1ыу Тыркум 1эпхъуа ди къуэшхэм я 1уэху зы1утым, ахэр зыхуей хуэгъэзэнымк1э «КАФФЕД» зэгухьэныгъэм иригъэк1уэк1 лэжьыгъэхэм. Куэд тепсэлъыхьащ къа1эта 1уэхум, удзыфэхэм ящыщу нэмыцэ парламентым хэт Унал Арифи и гупсысэхэр къигъэлъэгъуащ.

Абай Рефа и гугъу ищ1ащ Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм британ щпиону хэтахэм, абы белджылы къищ1ащ ахэр езыхэм я къэралым кавказ хэгъуэгум тетыгъуэ щрагъэгъуэтын папщ1э кавказ лъэпкъхэр ягъэзауэу урысыдзэм и къарур ягъэмэщ1эн щхьэк1э тыркуц1э зыф1ащу пашэу зэрыхэтахэр. Псалъэм папщ1э: David Urquhart-Davut(Даут), Giovanni Battista Boetti-İmam Mansur(1имам Мансур). Рефа мы ц1ыхухэм щытепсэлъыхьым «Bey» (Бей) псалъэр зэрыпымытрат гъэщ1эгъуэныр.          

Адэк1э утыку къыщыпсэлъащ Гуней Марзиет. Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ пасэрей зэманым адыгэхэм сабийр къыщалъхуа махуэм щегъэжьауэ балигъ хъуху к1элъызэрахьэу щыта хабзэхэм.

Дохутыр ц1эры1уэ Файди Махьмуд тепсэлъыхьащ дохутырхэм илъэс къэс ирагъэк1уэк1 дунейпсо  конгрессым, ик1и ар илъэс зэхуэмыдэхэм Налшык, Истамбыл, Амман зэрыщек1уэк1ар сурэтхэмк1э яригъэлъэгъуащ, 2013 гъэм конгрессыр Берлин къыщызэрагъэпэщыну зэрамурадыр къыхигъэщащ.

Зэ1ущ1эм и к1эух пщыхьэщхьэм Къущхьэ Догъэнрэ «Гугъэ» гупымрэ зыхэта концерт нэгузыужь ек1уэк1ащ. Программэм хэмытыххэу франджы бзылъхугъэ Barthёlemy Aline франджыбзэк1э игъэзэщ1а уэрэдымрэ адыгэбзэк1э жи1а «Си нанэ»-мрэ телъыджэ хъуат. Концертым 1эгуауэшхуэ ща1эту, адыгэ макъамэхэм къадэфэу зэрек1уэк1ар жа1а уэрэдхэр ц1ыхухэм я гум зэрынэсам и нэщанэт.

Къыхэгъэщыпхъэщ мы гъэм зэхуэсым ц1ыху куэд зэрызэхуишэсар, уеблэмэ сабий зыщ1ыгъу унагъуэ куэдми зыкърагъэхьэл1ат.  Ар икъук1э щхьэпэт, сыт щхьэк1э жып1эмэ,  программэм хэтт нэхъ ц1ык1ухэм яхухэха 1ыхьи.  Къыхэгъэщыпхъэщ гъэ къэс ек1уэк1 щэнхабзэ зэхыхьэм и къалэныр гъэзэщ1а зэрыхъуар. Абы къыпызыщэ еханэ зэ1ущ1эр ет1анэгъэ Берлин щызэхэтынущ.

 Къумыкъу Уэхьбий.

 

 

 

 

 

Related posts

Leave a Comment