Сочэ егъэщIылIа адыгэ къуажэхэм заужь
Сочэ къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Пахомов Анатолий зэрыжиIэмкIэ, 2014 гъэм екIуэкIыну ЩIымахуэ Олимп Джэгухэм, Урысей Федерацэм дуней псом щиIэ пщIэм зэрыхигъахъуэм, спортым и унэтIыныгъэщIэхэм къэралым зэрызыщригъэужьым къищынэмыщIауэ, а Iуэхугъуэм мы щIыпIэм исхэми я псэукIэр нэхъри иригъэфIэкIуэнущ.
«Сочэ и гуэдзэн» фIэкIа зыкъызыщымыхъужу екIуэкIа Лазаревск куейми дэIэпыкъуныгъэ нэрылъагъухэр иджы къыхуокIуэ: олимпиадэм хухаха «дэлэным» къыгуаупщIыкIауэ, сом мелуанищэ бжыгъэ къыIэрыхьащ. Апхуэдэ «щIэгъэкъуэным» ифI тенджыз Iуфэм Iус жылагъуэхэм я мызакъуэу, бгылъэ-мэзылъэхэм щызэбгрыпхъа къуажэхэми зарекIынум шэч хэлъкъым. Абы и щыхьэтщ Къалэжь къуажэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэри. ЗэфIэгъэкIын хуейуэ къанэр мымащIэми, иужьрей илъэс зытIущым къриубыдэу мы жылэм я Iуэхур куэдкIэ нэхъ ефIэкIуащ. Псалъэм папщIэ, цIыхухэм я Iэпкълъэпкъым зегъэужьынымкIэ къалэн куэд зыгъэзащIэ «спорт утыку» 2009 гъэм къызэIуахащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым и кум щIыуэпсым и теплъэ гъуэзэджэу, зыгъэпсэхуакIуэхэм ягу ирихьу мы щIыпIэм щыIэ Псыдахэ, Шапсыгъ псыкъелъэхэм екIуалIэ гъуэгум асфальт тралъхьащ. 2011 гъэм Хьэджыкъуэ, Къалэжь, Лыгъуэтх къуажищыр федеральнэ гъуэгум пызыщIэ Iыхьэр щIэрыщIэу зэрагъэпэщыжащ. Нэгъабэ япэ дыдэу жып телефонхэр Ашэ псыхъуэми къыщиубыд хъуащ. Иджы къалэжьдэсхэми уепсэлъэн папщIэ гугъу ущIехьыжын щыIэкъым.
ЦIыхухэр хуабжьу зыщыгуфIыкIа Iуэхугъуэшхуэу къыщIэкIащ мы гъэм и пэщIэдзэ дыдэм Къалэжь къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр къызэрызэIуахыжари. Ухуэныгъэр и фIыщIэщ тенджыз Iуфэм Iус шапсыгъ адыгэхэм я Хасэмрэ Краснодар крайм и администрацэмрэ зэгъусэу ягъэхьэзыра программэр гъэзэщIа зэрыхъум.
КлубыщIэр къызэIухыжыным иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм цIыху куэд къекIуэлIащ. Пщэдджыжьым щегъэжьауэ мыбдежым щызэхуэс къуажэдэсхэм, «Зыуэ щыт социальнэ щхьэгъубжэ» Iуэхугъуэм ипкъ иткIэ, зэпыу ямыIэу щепсэлъащ егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным, архитектурэм, транспортым, пощтым, нэгъуэщI IэнатIэхэми я лIыкIуэхэр. Зэхыхьэм кърихьэлIа цIыхухэм я нэгу зрагъэужьащ Лазаревск дэт Адыгэ щэнхабзэмкIэ центрым щылажьэ творчествэ гупхэм. Абыхэм ягъэзэщIа уэрэдхэмрэ утыкур зэрагъэбжьыфIа къафэхэмрэ къызэхуэсахэм ягу ирихьащ.
Сочэ и администрацэм и Iэтащхьэ Пахомов Анатолий Къалэжь къуажэм къэкIуэн и пэ къихуэу, ПсыфIыпс тIуащIэм дэс Тхьэгъэпщ адыгэ жылэми щыIащ, а къуажэми щIэрыщIэу щаухуа клубыщIэмрэ гъатхэ жьапщэм иужькIэ зэрагъэпэщыжа псэуалъэхэмрэ къиплъыхьащ, Хьэджыкъуэ жылэм щыIащ.
— Лазаревск куейм къыIэрыхьэр муниципальнэ, край IуэхущIапIэхэм къабгъэдэкI мылъкум и закъуэкъым, – и гуапэу жеIэ мэрым. – Апхуэдэу иджы дыдэ хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ, Адыгэ Республикэм и Президенту щыта Щэумэн Хьэзрэт езым къызэригъэпэщыжа фондым щыщу сом мелуани 10, жьапщэм зи зэран екIа Киров, Лыгъуэтх, Тхьэгъэпщ къуажищым яритащ. Сом мелуани 3-р Тхьэгъэпщ къуажэдэсхэр зэфэ псыр зрикIуэ бжьамийхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ Ныгъыш псы цIыкIум и Iуфэхэр гъэбыдэнымрэ хухахынущ.
2012 гъэм Хьэджыкъуэ къуажэм къыщешха уэшхышхуэм зэхикъутауэ щытащ Асэрэтх, Мэзмей уэрамхэмрэ жылэм дэж псы цIыкIухэм я лъэмыжитIымрэ. Ахэр зэгъэпэщыжынымкIи дэIэпыкъуэгъу хъуауэ щытар Щэумэнырщ.
Къалэжь жылэм къыщIыкIуам щыгъуэ, Пахомов Анатолий абы дэс нэхъыжьыфIхэмрэ щIалэгъуалэмрэ яхуэзащ. Ар тепсэлъыхьащ Олимпиадэм и пэ къихуэу, Сочэ къалэ и экономикэм зэрызиужь щIыкIэм, социальнэ и лъэныкъуэкIэ щыIэ программэщIэхэм, щIыуэпсыр хъумэным пыщIа Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщIхэми.
Къалэ администрацэм и унафэщIым Ашэ псыхъуэм дэсхэр къигъэгугъащ къуажэхэр зэпызыщIэ гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным, псы Iуфэхэр гъэбыдэным, бын куэд зыпI унагъуэхэм щIы Iыхьэ яхухэхыным, курыт еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ зыхуей хуэгъэзэным, нэгъуэщIхэми программэ яубзыхуам тету, дяпэкIэ нэхъ егугъуу елэжьыну.
НЫБЭ Анзор
@ «Адыгэ псалъэ»