Адыгэбзэ

Тхыдэм, мамырыгъэм, хэкур ф1ыуэ лъагъуным теухуа псалъэжьхэр

Ажалит1 щыщымы1эк1э, а зэ л1эгъуэм л1ыгъэ хэлъхьэ.

Бзури и абгъуэ щытепщэщ.

Бланэ щалъху йок1уэж.

Гъэрыр япэ зэрыхьэр и унэщ.

Дауэ делэгу щы1эщи, зауэ делэгу щы1экъым.

Дауэм и к1эр зауэ хъумэ, зимы1уэхури хок1уадэ.

Ди унэжь пхъэжь маф1э.

(«Уи дей хуэдэ щы1экъым» жыхуи1эщ).

Дунейр къэк1ухьи, уи унэ ихьэж.

Дыгъужьыр бгъашхэ пэтми, мэзымк1э маплъэ.

Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь.

Ды1уохьэри даук1, ды1уок1ри дауб.

(Зауэм щы1ухьэк1э, къэрабгъэщ жа1эу зрамыгъэубьш щхьэк1э, зыкърагъэук1ыу зэрыщытам псалъэжьыр къыхэ-к1ащ).

Джатэ и щ1агь нанэ щы1экъым.

Джатэ къихак1э къыпхуэжэм ущымыщти, къуэгъэнап1эм къыкъуэтым хуэсакъ.

Джатэр тыным я тыныжщ.

Дзэм иуфэкъа лъахэрэ мац1эр зыпхык1а хадэрэ. Дзэ гъащтэ дзэ псо и уасэщ.

Дзэ щыпэк1у умык1уэ.

Дзэм хамэ яхэткъым.

Дзэ зыгъашхэм шхын хэплъыхь ищ1ыркъым.

Дзэр зыдэса жылэрэ ябгынэжа щ1ап1эрэ.

Дзыгъуэ пэтрэ и гъуэ щыл1ыхъужыц.

Ем щыгъуэ бжьэдыгъур зэшщ.

(Бжьэдыгъу — адыгэм ящыщ зы лъэпкъщ).

Зауэ джэгурэ дауэ джэгурэ щы1экъым.

Зауэ езыгъажьэ и щхьэ лажьэ хохуэж.

Зауэ зыщащ1а къуажэрэ ябгынэжа хэкужьрэ.

Зауэ у1гъэншэ хъуркъым.

Зауэм и к1эр хьэдагъэщ.

Зауэм хэту джатэ хьэху яткъым.

Зауэф1рэ дауэф1рэ щы1экъым.

Зы къэрабгъэм дзэ псор егъэк1уэд.

Зыщымышынэ и дзэ кърадзэркъым.

Истамбылыжьым имык1ыр щ1ол1э, ик1ар йол1ыхь

Къэрабгъэр и унэ мэк1уэсэж.

Къигъэ нэхърэ игъык1.

Л1ыгъэ зи1эм 1эщэр ейщ.

Л1ыгъэ щ1ап1э л1ы ик1уадэркъым.

Уи дахэ нэхърэ си 1ей.

Уи жагъуэгъум уи псэр ептми, уи щэху иумыт.

Уи лъэпкъым хэплъи, уи джатэ гъэдалъэ.

Уи нэ къе1эм и псэ е1эж.

Уи хэкур лъэщмэ, урогушхуэ.

Уи 1э дагъэмэ, уи щхьэ щыхуэж.

Укъыщалъхуари зы махуэщ, ущыл1эжынури зы махуэщ.

Унажэ бжэгъу и 1ыхьэщ.

Урысрэ Бахъсэнрэ зымыбгынэр хэкум жылагъуэу къижынщ.

Утек1уэмэ, ук1уэжынщ.

Хамэ къуит асу хъуркъым.

 Хамэ лы1у щ1энэц1ым и нэц1ак1эр щ1огъуэ.

Хамэ хэку сыщытхъэ нэхъ си хэкужь сыщыл1э.

 Хамэ ущие тхьэмахуэщ, хабзэ хьэху махуищщ.

Хамэ шхын бжэщхьэ1у щхьэдэхыркъым.

Хамэ щыгъыныр жэщ хъухущ.

 Хамэр гъэшэраши, унэр гъэшэрыуэ.

Хамэхьэ нэхърэ унэхьэ нэхъ лъэщщ.

Хамэхьэр къохьэри унэхьэр иреху.

Хэку бгынэнрэ фыз бгынэнрэ зэхуэдэщ.

 Хэку зимы1эм псори щ1ы1э къыщохъу.

Хэкужь джэду гъуащэркъым.

Хэкужьыхьэ лъэщщ.

Хэкум емык1у къылъысмэ, псэемыблэжу къыщыж.

Хэкум игъэгушхуэр хахуэ мэхъу.

Хэти езым и хэкур ф1ыуэ елъагъуж.

Хьэжыдзэуи дзэ къыпхуэмызэкэ.

Хьэндыркъуакъуэрэ пэт «сызыхэс псыр кууащэрэт» же1э.

Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым.

Хьэрэ пэт хьэл ишхыжкъым.

Хьэщ1ап1эр ф1ыми, уи унэжь нэхъыф1ыжщ.

Шэм зэхэгъэж ищ1ыркъым.

Щоджэн дамыгъэу зэрапхъуащ.

Щоджэн и баш и махуэр къыхуэк1уащ.

Щхьэж и унэ щыунафэщ1ыжщ.

Япэ умыуэ, къоуэм ущымысхь.

1эщэ зыгъэдалъэм илъ япэ мажэ.

1ейми, уэуейр нэхъыф1щ.

 

Related posts

Leave a Comment