Мамырыгъэм и нэщэнэ нып
Адыгэ ныпым и махуэр мэлыжьыхьым и 25-м Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, адыгэр щыпсэу щ1ып1э псоми щагъэлъэп1ащ. Лъэпкъым и дамыгъэ нэхъыщхьэм к1уэ пэтми нэхъ утыку игъуэтыжу жып1э хъунущ, абы и щыхьэтщ ныпыр лъэпкъым и гуф1эгъуи гузэвэгъуи къыда1эт зэрыхъуар. Уи гуапэ мыхъуу къанэркъым зы илъэсым нэхърэ адрейм абы къызэщ1игъэтаджэ щ1алэгъуалэм къазэрыхэхъуэр.
Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум и щ1ыхьк1э щы1э утыкум адыгэ ныпыр хуарзэу я1ыгъыу адыгэ щ1алэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ гуп дахэ щызэрыгъэхъури, Къэрал концерт гъэлъэгъуап1эм нэсыху ек1уу ирик1уащ. Абдеж щек1уэк1а пэк1ум защыхуигъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Къызыхэк1ам хуэфащэ, абы иригушхуэ, лъэпкъым папщ1э лъэбакъуэ лей зыч дэтхэнэми ф1ыщ1э яхуищ1ащ абы.
— Ныпым и пщ1эр дымыгъэлъахъшэу, нобэ дрипагэу къызэрытщхьэщытым хуэдэу, адыгэр псэуху лъэпкъым и жьауэм дыщ1этыну, сохъуахъуэ! Ныпыр адыгэм къызэрыдэгъуэгурык1уэрэ абы ди лъэпкъыр хуэфащэу къек1уэк1ащ, а 1уэхум щ1эблэм къыпыфщэну сыфщогугъ, – жи1ащ Сэхъурокъуэм ныбжьыщ1эхэм захуигъазэу.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд къызэхуэсахэм Ныпым и махуэ лъап1эмк1э ехъуэхъуащ. Адыгэ псоми я дамыгъэм лъэпкъыр хуэфащэу къызэрек1уэк1ар, и напэм ипэ и псэр иригъэщу къызэрыгъуэгурык1уар, нобэрей щ1эблэм ар ящ1эжу, пщ1э хуащ1у къэгъэхъуным тепсэлъыхьащ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд.
Адэжь хэкум къэзыгъэзэжа, Гуманитар къэхутэныгъэхэмк1э Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и лэжьак1уэ Хъуажь Фахъри и псалъи зэхрагъэхащ ныбжьыщ1эхэм.
КъБР-м и къэфак1уэ гупхэмрэ артист пажэхэмрэ хэту Адыгэ ныпым и махуэм иращ1эк1а концертыр джэгук1э яухащ.
Пшапэр зэхэуа иужь, шэху уэздыгъэм къыхэщ1ык1а адыгэ бэракъыр лыдыжу пагъэнащ.
Адыгэл1ым и шалъэм шабзищ ф1эк1 имылъу зек1уэ ежьэмэ, абы и гум мамырыгъэ зэрилъыр къигъэлъагъуэу щытауэ я1уэтэж. Щ1эблэм зэманым зыдрагъэк1уу я теплъэк1э, 1эщ1агъэк1э захъуэжами, лъэпкъым и шабзалъэм иджыри а шабзищырщ илъыр…
Щомахуэ Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.