Новости

Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хасащхьэм хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ щэбэт кIуам Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ хамэ къэралхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар крайм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэр. Апхуэдэуи кърагъэблэгъащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и Управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, ДАХ-м и ЧэнджэщакIуэ советым хэтхэу Нэхущ Заурбий, Дзэмыхь Къасболэт, Ажахъуэ   Къанщобий, УФМС-м и къуда-мэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэ Iэрэмысэ Анзор, филологие щIэныгъэхэм я доктор, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI БищIо Борис, Адыгэ къэрал университетым и профессор, филологие щIэныгъэхэм я доктор Абрэдж Ачердан сымэ, нэгъуэщIхэри.

 ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы и пэублэ псалъэм къыхигъэщащ хасащхьэм и лIыкIуэ гупыр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий зэрыхуэзар, ДАХ-м и Iуэху зытетымрэ зиужь ит Iуэхугъуэхэмрэ зэрыхуаIуэтар, езыми Хасэр властым и дэIэпыкъуныгъэ щыхуейхэм деж закъыщIигъэкъуэну къызэригъэгугъар.

ДАХ-м и хасащхьэм хэт ГубэщIыкI Владимир япэу тепсэлъыхьащ Сирием къикIыжу хэкум къэIэпхъуэжа ди къуэшхэм нобэ я Iуэху зыIутым. Абы къыхигъэщащ къэIэпхъуэжахэм ящыщу гулъытэ гуэр зылъымыса зыри къызэрымынар. АбыкIэ щIэгъэкъуэн хъуащ ДАХ-ри, КъБКъУ-ри, республикэм и унафэщIхэри, къызэрыгуэкI цIыхухэри.

— Уни, лъапси, мылъкуи яфIэкIуэдауэ хэкурысхэм ящыгугъыу ди лъахэм къэзыгъэзэжа ди къуэшхэм яхэтщ щIэныгъэфIхэр зиIи, IэщIагъэ зимыIэххи. Къапщтэмэ, ди республикэм унагъуэ щхьэхуэу щытIысыжащ унагъуи 100 хуэдиз. Абыхэм я нэхъыбэм я Iуэху хъарзынэу докI, куэд лэжьапIэ уващ, я сабийхэр школхэм щIагъэтIысхьащ, – пищащ ГубэщIыкIым. Iуащхьэмахуэ, Шэрэдж щIыналъэхэм нэмыщI ахэр игуэша хъуащ ди хэгъуэгум и адыгэ щIыналъэ псоми. Ди къуэшхэм яхэтщ езыхэм я мылъкукIэ унэ къэзыщэхуу Iэпхъуэжахэри, ауэ хэкурысхэм я фIыгъэкIэ, абыхэм зэхуахьэса ахъшэкIэ унэ къыхуащэхуащ унагъуэ 61-м. Зэи узэрымыса щIыпIэм ущетIысэхкIэ, занщIэу псэуа узэрымыхъунур псоми къыдгуроIуэ. Абы и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу дохъу, нэхъ хуэмыщIахэм я Iуэху зэрыдэдгъэкIын иужь дитщ. Иджыри унагъуэ 14 хуэдиз санаторэм къыщIэнащи, абыхэми я Iуэхур и кIэм нэсыным куэд къэнэжакъым.

Бырсекъуэ Орфан жиIащ хэкум къэIэпхъуэжа ди къуэшхэр шхынкIэ, щыгъынкIэ, хущхъуэкIэ зэи гугъуехь зэрыхэмытар, абы щхьэкIэ хэкурысхэм фIыщIэшхуэ зэрахуищIыр. НобэкIэ щыIэ гуныкъуэгъуэ нэхъыщхьэу къигъэлъэгъуар къызэрыкIуэжын гъуэгупщIэрэ тхылърэ ямыIэу Сирием къина адыгэхэм я Iуэхур зэрыхэплъэгъуэрщ. КъищынэмыщIауэ, Орфан зытегузэвыхьхэм ящыщщ Урысейм къэIэпхъуэжхэм урысыбзэр ящIэн хуейуэ къызэрыхуагъэувыр. Ар куэд щIауэ зи гугъу ящI къиинщ, ауэ къэрал унафэм зэхъуэкIыныгъэ апхуэдэу занщIэу хэплъхьэныр тыншкъым.

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэпкърыхауэ къигъэлъэгъуащ иужьрей илъэсищым и кIуэцIкIэ зауэм кърихужьа ди къуэшхэм папщIэ ДАХ-м зэфIигъэкIа Iуэхухэмрэ унафэщIхэм зэрызыхуагъэзахэмрэ. Ар кIэщIу къытеувыIащ СХьР-м щекIуэкI Iуэхухэр иджыпсту зэрыхэплъэгъуэр, хэкум къэIэпхъуэжахэмрэ дяпэкIэ къэшэжын хуейхэмрэ папщIэ дэIэпыкъуэгъу хъуну УФ-м и Президент Путин Владимир лъэIу тхылъкIэ зэрызыхуагъэзэнур.

Урысейми хамэ къэралхэми щыIэ Адыгэ Хасэхэм я лэжьыгъэр зэуIу щIынымкIэ екIуэкI Iуэхухэм щытепсэлъыхьым,  ДАХ-м и япэ вице-президент Къэжэр Артур къыхигъэщащ мы дунейм щекIуэкI геополитикэмрэ дипломатиемрэ тещIыхьауэ адыгэ Iуэхури дгъэпсыныр зэрыфIэтэмэмыр.

— Адыгэр дыкуэдми дымащIэми къэралхэм хэпхъауэ дыщопсэу. А щIыналъэхэм езыхэм я цивилизацэрэ Iуэху зехьэкIэрэ яIэжщи, къэралитIи, къэралищи щызэпэщIэувэ куэдрэ къохъу. Мис апхуэдэхэм деж дыкъамыгъэсэбэпу, зыр адрейм драушту щымытын щхьэкIэ, дэ ерыщу дадэлэжьэн хуейщ дэнэ щыIэ Хасэми. ДАХ-м жылагъуэ зэгухьэныгъэ 17 хохьэ, абы хэмыт Хасэ куэди щыIэщ. Шэч хэ-мылъу, абы щхьэусыгъуэ  иIэщ. Ауэ дунейм къыщекIуэкIым теухуауэ, псори зы лъэпкъ дыкъыхэкIауэ щыщыткIэ, дызэкъуэзыгъэувэн, дызэзыгъэуIун гуп-сысэ хэгъэнэхукIа гуэр пхыд-  мышу хъунукъым. Ар димыIэу щытмэ, ди лъэпкъым нэгъуэщI-хэм я зэран къекIынкIэ хъунущ, нэхъ Iеижращи, дэ зыр адрейм зэран дыхуэхъужынущ. Iуэхур тэмэму зэтеубла хъун папщIэ ДАХ-м программэ щхьэхуэ иIэн хуейщ, къекIуэкI политикэм дыдекIуэкIыфынымкIэ сэбэп хъууэ, – къыхигъэщащ Къэжэр Артур.

Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэр зэраджыну алыфбейм теухуауэ щыIэ зэдауэм ехьэлIауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ хасащхьэм хэт Къущхьэ Догъэн.

— Артур и псалъэхэм къапысщэу, япэрауэ, къыхэзгъэщыну сыхуейщ ДАХ-м и унафэ щIэт Хасэ псори дызэгурыIуэу дызэдэлэжьэныр зэманым къытхуигъэув Iуэхуу зэрыщытыр, – жиIащ абы. – Иужьрей илъэсипщIым хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэр къагъэсэбэпын папщIэ лъэпкъышхуэхэм хьэгъэщагъэ гуэрхэр зэрахьэу хуежьащ. Абы папщIэ Iэмалу зыхуемыкIуэ щыIэкъым цIыхухэр, мис абыхэм ящыщщ  иджыпсту къежьа алфавит Iуэхур. Ди щыIэкIэ-псэукIэр зэIызыгъэхьэну хуейхэм адыгэбзэр зэрадж алыфбейр латиным тету зэхэлъхьэн хуейуэ жаIэу къыдэуващ. Ар къэбгъэ-хъункIэ Iэмал зимыIэ Iуэхущ. Фэ зэрыфщIэщи, дэ, Тыркум щыпсэухэм, хуитыныгъэ къыдатащ курыт школхэм адыгэбзэр щедгъэджыну. Ауэ абы папщIэ школхэм сабиипщI мынэхъ мащIэ зыщIэс классхэр къыщызэгъэпэщын хуейщ. Ар и тегъэ-щIапIэу КАФФЕД-м зэрырагъаджэ тхылъ игъэхьэзырри, Тырку къэралыгъуэм къабыл иригъэщIащ. А тхылъыр зэхэзылъхьахэм сэри сахэтащ. Бзэр зымыщIэм иребгъэщIэну хуабжьу тынш дыдэщ, и зы напэкIуэцIыр – къэбэрдей, адрейр адыгей диалекткIэ тхащ. Ауэ иужьрей зэманым «Бзэ Хасэ» жиIэу зыгуэр къэунэхури, латин хьэрфыпкъым тет алыфбей зэхилъхьащ, Тыркум ЩIэныгъэмкIэ и министерствэм ихьри, иригъэдащ. Сыт ар щIахузэфIэкIар? Урысейм и жьауэ зытридзэ Iуэху Тыркум щызэрахьэ нэхърэ нэхъ къищтащ министерствэм латин графикэм тет алфавитыр. БзэщIэныгъэ зыбгъэдэмылъ цIыхум «сэ адыгэбзэ сощIэ, латин хьэрфыпкъымкIэ нэхъ тыншщ зэбгъэщIэну», – жиIэ щхьэкIэ, абы и Iуэху бгъэкIуатэ хъунукъым.

Догъэн хэкурысхэм фIыщIэ яхуищIащ иджыблагъэ Тыркум къикIа цIыхуи 130-м щIигъур Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм гуапэу къызэрыщрагъэблэгъам папщIэ. Хэгъуэгу унафэщIхэми, абыхэм щылажьэ хасэхэми, ДАХ-ми я гулъытэкIэ хэхэс адыгэхэм я адэжь щIыналъэр зэрызрагъэлъэгъуам, адыгэ шхыныгъуэхэр зэрызыIуагъэхуам, я къуэшхэр зэрызэрагъэцIыхуам щымыгуфIыкIарэ зи гур химыгъэхъуаурэ зыгъэзэжахэм зэрахэмытыр жиIащ Къущхьэм. «Мис апхуэдэ Iуэхухэр нэхъ щIэх-щIэхыурэ къетхьэжьэрэ зэдэтIэту щытамэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр нэхъ дгъэбыдамэ, ди зэкIэлъыкIуэныр нэхъ щIэх-щIэхыу зэпытщIэфу щытамэ, лъэпкъ Iуэхур ефIэкIуэнут», – къыхигъэщащ Догъэн.

АдэкIэ псалъэ зратар Шапсыгъ Хасэм и тхьэмадэ КIэ-кIыхъу Мэжидщ. Тенджыз ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэм я Iуэху зыIутым ар кIэщIу тепсэлъыхьащ. Абы жиIащ иджыпсту зи ужь ит Iуэху нэхъыщхьэр мы мазэм и кIэм ирагъэкIуэкIыну хэхыныгъэ лэжьыгъэр зэрыарар.

— Апхуэдэ зэIущIэр илъэсиплIым зэ екIуэкIыу аращи, тхузэфIэкIахэр къыдопщытэж, тщIэн хуейхэр доубзыху, Хасэ тхьэма-дэмрэ абы хэтынухэмрэ хыдох, – жиIащ Мэжид. – БлэкIа пIалъэм къриубыдэу, фэ фызэрыщыгъуазэщи, нэхъыщхьэ дыдэу зэфIэдгъэкIар Сочэ щекIуэкIа Олимп Джэгухэр къызэгъэпэщыным дэри дызэрыхэлIыфIыхьарщ, абыкIэ сэбэпышхуэ къытхуэхъуащ адыгэхэр щыпсэу дэтхэнэ хэгъуэгури. А псори пщIэншэу кIуэдауэ къэслъытэркъым сэ, сыту жыпIэмэ, УФ-м и Президент Путин Владимир дуней псом зэхахыу жиIащ адыгэхэр дахэу зэрыхэтам папщIэ фIыщIэ зэрахуищIыр. Къапщтэмэ, Урысейм лъэпкъыу ис 150-м щIигъум дэ зыращ «Адыгэ унэ» зиIар. Абы хамэ къэралхэм ящыщ цIыху мин бжыгъэ щызэблэкIащ, дуней псом къыщацIыху журналист цIэрыIуэхэр къыттетхыхьащ.

 Мэкъуауэгъуэм и кIэм едгъэкIуэкIыну зэIущIэм ирихьэлIэу Шапсыгъ Хасэм и Хабзэри зыхуей хуэдгъэзащ, ДАХ-м ды-зэрыхэтри, ди къалэн нэхъыщхьэу щытри щыубзыхуауэ.

Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Дербит Валерий къызэ-хуэсахэр щигъэгъуэзащ Ставрополь щIыналъэмрэ Осетие Ищхърэ-Аланиемрэ адыгэу цIыху мини 6 зэрыщыпсэум.

— Илъэс 20-м щIигъуауэ лажьэ Мэздэгу Адыгэ Хасэм и къалэн нэхъыщхьэр адрей лъэпкъхэм дахэмышыпсыхьу, ди бзэр тIу-рылъу, ди хабзэр зетхьэу дыкъэгъуэгурыкIуэнырщ, – жиIащ Дербитым. —  Абы папщIэ гулъытэ нэхъыбэ зыхуэтщIыр курыт еджапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэм адыгэбзэр егъэджынырщ. КъищынэмыщIауэ, адыгэ зыдэс къуажэ псори хэту илъэс къэс щэнхабзэ фестиваль идогъэкIуэкI. Абы адыгэбзэр щоIу, адыгагъэм, хабзэм щыщ щагъэлъагъуэ, адыгэ шхыныгъуэхэр щагъэхьэзыр. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ сыт щыгъуи щIэгъэкъуэн къытхуэхъу Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэм. Апхуэдэу гъунэгъуу дызэпыщIауэ дызэдолажьэ илъэс куэд щIауэ, ауэ иджы ДАХ-м и хасащхьэм Мэздэгу Адыгэ Хасэри хагъэхьамэ, ди пщIэр нэхъ къиIэтыну, тхузэ-фIэкIыр нэхъыбэ хъуну къызолъытэри, къыддэфIыгъамэ си гуапэт.

Ставрополь щылажьэ Адыгэ щэнхабзэ центрым и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрий псалъэ щратым къытеувыIащ Ставрополь щIыналъэм ис адыгэхэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэм.

— Ди жылагъуэ зэгухьэныгъэр Ставрополь  щIыналъэм зэрыщылажьэрэ мы гъэм илъэси 10 ирокъу. Нэхъыбэу дызыдэла-жьэр Ставрополь дэт еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэс щIалэгъуалэрщ. НэгъуэщI къалэ кIуауэ щеджэ ныбжьыщIэхэр хамэгу-хамащхьэу щымытын папщIэ, еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэсхэр зэхыдошэ, зэрыдогъэцIыху, зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я зэхуаку зэ- рыдэлъыным худогъэIущ, – жиIащ Юрий. – А псоми лъабжьэ яхуэхъур, дауи, щэнхабзэращ – джэгухэр къызыдогъэпэщ, пшыхьхэр идогъэкIуэкI, адыгэ хабзэм къитIасэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри идогъащIэ. Студентхэр еджэным нэхъ хуэсакъын, я цIыху хэтыкIэм нэхъ кIэлъыплъыжын папщIэ зэхуэсхэр дощI-ри допсалъэ, чэнджэщхэр ядот, гугъуехь къалъыкъуэкIмэ, догъэзэкIуэж, езыхэми я зэфIэ-кIыр утыку къызэрырахьэным тыдогъэгушхуэ, еджэным къы-щыхэжаныкIхэр щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ догъэпажэ. ЕтIуанэ унэтIыныгъэу ди нэIэ зытедгъэтхэм ящыщщ дыщылажьэ щIыналъэм ис адыгэ унагъуэхэр. Абыхэм я бжыгъэр 1000-м щIигъуу аращ. КъищынэмыщIауэ, а хэгъуэгум ис лъэпкъхэр зэрыцIыхун, зэрылъытэн папщIэ куэдрэ зэхохьэри, абыхэм Iэмал имыIэу зрыдогъэхьэлIэ, ди хабзэ, щэнхабзэ дахэр адрейхэм зэредгъэлъагъуным, адыгэм и цIэр фIыкIэ зэрыдгъэIуным иужь диту апхуэдэщ. ДАХ-м дыхыхьэну гупыж щIэтщIар нэхъыжь и унафэ дыщIэту дылэжьэныр нэхъ къезэгъыу къыдолъытэри аращ. Щхьэж и щхьэ къихьэ тщIэуэ дызэхэмыту, хасащхьэм и лэжьыгъэр ди гъуазэу, абыхэм я унафэр ди зэгухьэныгъэ мыиным дежи къыщыдгъэсэбэпу, ди къарум нэхъри зедгъэубгъуу, ДАХ-м иригъэкIуэкIхэм дэри нэхъ жыджэру дыхэтрэ адыгэ Iуэхур ядэдгъэкIуатэу дылэжьэныр тфIэкъабылщ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и X Зэхуэсышхуэр егъэкIуэкIа зэрыхъунум щытепсэлъыхьым, Къуэдзокъуэ Анатолэ къыхигъэщащ ар фокIадэм и 19-м зэрытрагъэхуар, Iуэхур  къызэзыгъэпэщыну комитет зэрызэхэшапхъэр, Адыгэ Хасэхэм къагъэкIуэну лIыкIуэхэр ягъэбелджылын зэрыхуейр, нэгъуэщIхэри. Сэхъуро-къуэ Хьэутий жиIащ Зэхуэсышхуэр Адыгэхэм я махуэм, фокIадэм и 20-м, егупсысауэ зэрытрагъэхуар, абы кърихьэ-лIэхэр махуэшхуэми хэтыфын хуэдэу. «Адыгэхэр къэрал 50-м щIигъум щыпсэууэ жыдоIэ, дэ Iэмал имыIэу дэнэ къэрали щыщ лIыкIуэхэр мы гъэм едгъэкIуэкIыну махуэшхуэм хэтыну къедгъэблэгъэн хуейщ. Iуэхур зэребгъажьэм хуэдэущ зэрыкIуатэр, 2015 гъэм Адыгэм и махуэр Iэтауэ Налшык щедгъэкIуэкIынщи, къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм апхуэдэ зэхыхьэ нэхъ инхэр щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щызэхэтшэу къэдублэнщ. Ар зэран хуэхъунукъым дэнэ къэрали хэгъуэгуи махуэшхуэхэр щегъэкIуэкIыным», – пищащ Сэхъурокъуэм.

Абы и псалъэхэм арэзы дэхъури, Иорданием щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир къыхигъэщащ апхуэдэ щхьэусыгъуэхэр хамэщIхэм ипхъа лъэпкъыр зэкIэ-лъыкIуэнымкIэ IэмалыфIу зэрыщытыр. «Ар Iуэху хъарзынэщ, ауэ илъэсым зэ дызэкIэлъыджэ мыхъуу, нэхъыбэрэ дызэкIэлъыкIуэныр нэхъ сфIэигъуэщ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, ДАХ-м и тхьэмадэм и тетыгъуэ пIалъэм къриубыдэу адыгэхэр нэхъыбэу щыпсэу къэралхэм зырызэ нэхъ мыхъуми кIуэн            хуейщ, зи унафэщI зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм тепсэлъыхьрэ адыгэм и Iуэху зыIутыр яхуиIуатэу. Пэжщ, дэ мыбдеж дыщызэхуэса нэужь, догъэзэжри, ди жьауэм щIэтхэм яжыдоIэж Хэкужьым и унафэщIхэм къыджаIахэри, ДАХ-м и зэхуэсыр зэрекIуэкIари, ауэ, фэри къызэрывгурыIуэщи, махуэ къэс мыбы къэмыкIуэф ди цIыхухэм я нэ къокI Хасэ тхьэмадэр ялъагъуну, лъэпкъ Iуэхум нэхъ жыджэру иужь итхэр зэрагъэцIыхуну», – жиIащ Самир.

Хэхэс адыгэхэр хэкужьым щегъэджэным и IуэхукIэ къэпсэлъащ «Хэку» обществэм и унафэщI НэкIацэ Владимир. Абы къыхигъэщащ УФ-м хамэ къэрал щыщу и деж пщIэншэу щригъаджэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрищIар, абы ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрми нэхъыбэ къызэрыратар.

 — Нэгъабэ «седжэнущ» жиIэу, зыри къэнакъым, псори къыщIэтIысхьащ. Ауэ къиин зыпылъыр къыщIэтIысхьэ псори егугъуу зэремыджэрщ, – жиIащ НэкIацэм. – ЦIыхуипщIым щыщу зы-щыплIращ щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным хуэпабгъэу къахэкIыр. Сэ сыхуейт къэралхэм щыIэ хасэхэм нэхъ пасэу щIадзэу Урысейм къагъэкIуэну хуейхэр къыхахыну, ахэр къыщыхахкIэ, ныбжьыщIэм еджэным хуиIэ щытыкIэр къалъытэну.

НэкIацэ Владимир и псалъэхэм къыпищэу, Къуэдзокъуэ Анатолэ жиIащ Россотрудничествэм Iуэхур нэхъ тынш зэ-рищIар, адыгэ студент нэхъыбэ къыздикI Иорданием, Сирием, Тыркум щылажьэ хасэхэм зэрызыпащIэр, ныбжьыщIэхэр егъэджэным ехьэлIауэ зэрызэ-дэлажьэр. Анатолэ къызэригъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университе-тым къэрал 30-м къикIауэ цIыху 527-рэ щоджэри, абыхэм ящыщу Тыркум, Сирием, Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэр 238-рэ мэхъу.

— Ар хуабжьу IэмалыфIщ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэпыщIа хъунымкIэ, – пищащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. – Абыхэм зрагъэгъуэт щIэныгъэм къыдэкIуэу, бзэр зэрагъащIэ, хабзэр зэхалъхьэ, адыгэ зэхэтыкIэм кIэлъоплъ, щIалэхэм ди пщащэхэр яшэ е мыбдеж унагъуэ щаухуэну къонэж. Егъэджэныгъэ Iуэхур хуабжьу щхьэпэу къызолъытэ хамэ къэралхэм щызэбгрыпхъа адыгэхэр зэрыубыдыжынымкIэ. Сыхуейщ дэнэ къэрал щылажьэ хасэхэми абы гулъытэ хэха хуэфщIыну. ЩIалэгъуалэм къэкIуэнур зыхуэдэнур зэрелъытам тетщIыхьу, абыхэм я Iуэхум сыт и лъэныкъуэкIи нэхъ дегугъун  хуейщ.

КъБКъУ-м щеджэхэм ящыщу Сирием къикIахэр гугъу зэрехьыр къыхагъэщащ Iуэхум щыгъуазэхэм. Зауэм хэт адэ-анэхэм ахъшэ къыхуагъэхьыну Iэмал яIэкъыми, студентхэр жэщхэм мэлажьэ, махуэм я жеин къакIуэу дерсхэм щIэсщ. КъБР-м щыIэ Адыгэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу сове-тым и тхьэмадэ, КъБКъУ-м и егъэджакIуэ Къалмыкъ Жылэбий къыхилъхьащ а студентхэм зи нэIэ тезыгъэтын хьэрычэ-тыщIэ щIалэхэр къэгъуэтын зэрыхуейр, ахэр бгъэмэжалIэ, жэщхэм бгъэлажьэ зэрымыхъунур.

УФ-м къыщыдэкIа унафэщIэм ипкъ иткIэ, ДАХ-м и Хабзэм (Уставым) халъхьэжа зэхъуэкIыныгъэр утыку кърахьащ ГубэщIыкI Владимиррэ Къуэдзокъуэ Анатолэрэ. КъБР-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту зэлэ-жьыжа Хабзэм псори хэплъэжу Зэхуэсышхуэр къэсыху ягъэпсыну зэгурыIуащ, абы щыгъуэ къащтэн папщIэ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Related posts

Leave a Comment