Новости

Мэздэгу нэхъ гъунэгъу къытхуохъу

 

Иджыблагъэ Мэздэгу щIыналъэм щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм и напэкIуэцIхэр» фIэщыгъэр зиIэ лъахэдж гъэлъэгъуэныгъэр. КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм къызэригъэпэща махуэшхуэм и къалэн нэхъыщхьэу ягъэуват Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэныр, Мэздэгу щIыналъэм щыпсэу щIалэгъуалэм ди республикэм и тхыдэм, адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэм теухуа я щIэныгъэм хэгъэхъуэныр.

 ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIат Осетие Ищхъэрэ-Аланием лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр Фраев Сосланрэ а министерствэм и лэжьакIуэхэмрэ, Мэздэгу щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Рубаев Владимир, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъАХ-м и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Мэздэгу Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Дербит Валерий. Апхуэдэу махуэшхуэм къекIуэлIат Осетие Ищхъэрэми Ставрополь щIыналъэм и Курской щIыналъэми щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэ куэд.

Махуэшхуэр къыщызэIуахым псалъэ иратащ хьэщIэ лъапIэхэм. Фраев Сослан къызэхуэсахэм махуэшхуэмкIэ щехъуэхъум къыхигъэщащ лъэпкъ щхьэхуэхэм я щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ ухэзыгъэгъуазэ Iуэхугъуэхэр псом хуэмыдэу Мэздэгу куейм щегъэкIуэкIыныр щхьэпэу къызэрилъытэр, сыту жыпIэмэ, ар лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу щIыналъэщ. Зэгъунэгъу республикэхэм щыпсэухэр зэрыщIэным, зэгурыIуэным, лIэщIыгъуэ блэкIахэм псэуа я нэхъыжьхэм къащIэна хабзэфIхэр, зэхущытыкIэ дахэхэр хъумэн, егъэфIэкIуэн зэрыхуейр къагурыIуэу а IэнатIэм пэрытхэм я лэжьыгъэр абы зэрытраухуэр жиIащ министрым. Абы и гупсысэр диIыгъыу къэпсэлъащ КIурашын Анзори. Абы псалъэ гуапэхэр яхужиIащ махуэшхуэр къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн къахуэхъуа псоми икIи фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ яритащ.

Апхуэдэу къызэхуэсахэм хъуэхъу дахэкIэ захуигъэзащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

— Ди адэжьхэм къащIэна хабзэ дахэхэм щIэблэр щIэпIыкIын къалэныр нэхъыщхьэхэм ящыщщ, абы арэзы техъуэну си гугъэщ дэтхэнэ зыри. Абы хуэгъэза Iуэхугъуэ щхьэпэщ нобэ мыбы сабии балигъи къезышэлIа махуэшхуэр. Ижь-ижьыж лъандэрэ зэгъунэгъуу къызэдэгъуэгурыкIуэ осетинхэмрэ адыгэхэмрэ яку дэлъа зэхущытыкIэ дахэхэм дрогушхуэ, ахэр хъумэнымрэ егъэфIэкIуэнымрэ лъэныкъуитIри йогугъу, икIи «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм и напэкIуэцIхэр» гъэлъэгъуэныгъэр абы щыхьэт тохъуэ, – жиIащ Сэхъурокъуэм икIи бысымхэм саугъэт лъапIэхэмкIэ яхуэупсащ.

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ Мэздэгу щIыналъэмрэ Ставрополь крайм и Курской районымрэ щыпсэу адыгэхэм илъэс тIощIым щIигъуауэ якIэлъыкIуэу зэрыщытыр, абыхэм щекIуэкI лъэпкъ-щэнхабзэ фестивалхэм жыджэру зэрыхэтыр. Ар гуапэу ехъуэхъуащ махуэшхуэм кърихьэлIахэм икIи Хасэм къыбгъэдэкIыу Мэздэгу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэм саугъэтхэр иритащ.

— Мы щIыналъэм щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм яку дэлъ зэгурыIуэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ нэрылъагъущ. Ди гуапэщ а зэхущытыкIэхэр нэхъри быдэ хъуну, – жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

КъБР-м и Лъэпкъ музейм Мэздэгу къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и щIыхьэпIэм деж къыщызэригъэпэщат IэрыщI гъуазджэм дихьэххэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт. Адыгэ фащэ зэмылIэужьыгъуэхэм къадэкIуэу, абы щыплъагъунут фащэм и пкъыгъуэ щхьэхуэхэр, мэлыцым къыхэщIыкIа арджэнхэр, пасэрей унагъуэ хьэпшыпхэр, нэгъуэщIхэри. Махуэшхуэм къекIуэлIа дэтхэнэ зыми адыгэ лъэпкъым и тхыдэмрэ и щэнхабзэмрэ нэхъыфIу зыхищIэн, ар зыхэпсэукIар нэхъ IупщIу ирагъэлъагъун папщIэ мастер-класс зыбжанэ къызэрагъэпэщат. Дыщэидэ IэщIагъэм и щэхухэм тепсэлъыхьащ, ар къызэхуэсахэм нэрылъагъу ящищIащ «Урысейм и цIыхубэ мастер» цIэ лъапIэр зезыхьэ МэшкIуашэ Маринеттэ. Мэзло Руслан и арджэн щIыкIэм дихьэхахэр псом хуэмыдэу куэд хъурт. Руслан и Iэпэхэр IэкIуэлъакIуэу зэрылажьэм кIэлъыплъ къудей мыхъуу, абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри хуейт арджэн зэIуищэну. Адыгэ къафэмкIэ мастер-классыр иригъэкIуэкIащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь.

Апхуэдэу къыхэгъэщыпхъэщ Мэздэгу щыIэ музейм, а къалэм и администрацэм и унафэщI Рубаев Владимир и жэрдэмкIэ, адыгэхэм ятеухуа плIанэпэ къызэрыщызэIуахынур икIи абы япэ хьэпшып зыбжанэ КIурашын Анзор тыгъэ яхуищIащ.

Фестиваль-гъэлъэгъуэныгъэр иухащ концерт хьэлэмэткIэ. Залым и утыкум зэдитащ, я зэфIэкIхэмкIэ къызэхуэсахэр ягъэгуфIащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ я уэрэджыIакIуэ нэхъыфIхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ.

ЩОДЖЭН Iэминат,

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ.

Налшык – Мэздэгу – Налшык

Related posts

Leave a Comment