Новости

Губзыгъагъэ зыхэлъ, хэкум и фIыгъуэр гъэбэгъуэным хуэгъэза псалъэхэр

ТIуапсы  къалэм  щекIуэкIащ тенджыз фIыцIэм Iус адыгэхэм  я «Адыгэ Хасэ»  зэгухьэныгъэм  и  VIII отчет-хэхыныгъэ зэIущIэшхуэр

 Краснодар крайм ижь-ижьыж лъандэрэ щыпсэу лъэпкъым и уполномоченнэ лIыкIуэу щыт «Адыгэ Хасэм» и дэтхэнэ апхуэдэ зэхыхьэри а жылагъуэ зэгухьэныгъэм зегъэужьынымкIэ лъэхъэнэщIэу мэув. Апхуэдэ зэхыхьэхэм илъэсиплI лъэхъэнэм къриубылэу зэфIагъэкIахэр къыщапщытэж, тенджыз ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм къапэщыт зи чэзу къалэнхэр утыку къыщралъхьэ икIи нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри адэкIэ зэлэжьын хуейхэр щаубзыху. Абы къыхэкIыу зи чэзу съездым гулъытэ хэха хуащI а щIыналъэм ис псоми.

Иджырей съездыр гъэхьэзырыным мазитIым щIигъукIэ елэжьахэщ. Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ятеухуа законодательствэм зэхъуэкIыныгъэ пыухыкIахэр зэрыхалъхьам къыхэкIыу «Адыгэ Хасэм» и къызэгъэпэщыкIэми хэмыплъэжу хъуакъым. Япэм абы хэту къалъытэрт Сочэ къалэмрэ ТIуапсы районымрэ  ис адыгэ псори. Урысей законодательствэм иджыпсту къигъэув мардэхэм япкъ иткIэ дяпэкIэ а зэгухьэныгъэм хэтыну хуей дэтхэнэ зыми езым и IэкIэ лъэIу тхылъ къуитын хуейщ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, а хабзэр хагъэхьащ съездым ипэ къихуэу Хасэм къищта уставыщIэм. Абы ипкъ иткIэ зэгухьэныгъэм и къудамэхэр здэщыIэ жылагъуэу 24-м дэсхэм къабгъэдэкIыу зэман кIэщIым къриубыдэу хасащхьэм къыIэрыхьащ апхуэдэ лъэIу тхылъу миным щIигъу. А къуажэхэм я Жылэ хасэхэми зэIущIэхэр ирагъэкIуэкIри, съездым и делегатхэр, езы хасэхэм я унафэщIхэр хахащ. ЩIэуэ нэгъуэщI зы Iуэхуи а лъэхъэнэм къэунэхуащ: иджы «Адыгэ Хасэм» и тхьэмадэр, абы и къуэдзэхэр, хасащхьэм хэтхэр щыхахыр, япэм зэрыщытам хуэдэу, жылагъуэ парламентым и зэIущIэркъым, атIэ езы съездырщ.

 Зэхуэсым зыхуэгъэхьэзырын и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ ар щрагъэкIуэкIынур къыхэхынми. Ар  зытрагъэхуахэм ящыщт тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iус адыгэ къуажэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэу щыт Агуей- шапсыгъ жылэр. Ауэ зэгухьэныгъэр жыджэру зыдэлажьэ властым и органу Краснодар крайм, Сочэ къалэм, ТIуапсы районым щыIэхэм къыхалъхьащ а зэхуэсышхуэр псом я дежкIи нэхъ тыншыпIэ хъуну къалъытэ щIыпIэм щызэхуашэсыну. ТIуапсы районым и Iэтащхьэ Лыбанев Владимир абы и лъэныкъуэкIэ ТIуапсы къалэр нэхъ къезэгъыу къилъытащ икIи абы дэт щэнхабзэ унэшхуэр яхухихащ.

Къалэ администрацэм и егугъуныгъэм, хасащхьэм хэтхэм я жыджэрагъым я фIыгъэкIэ икъукIэ зэщIэгъэуIуауэ съездым и лэжьыгъэр къызэгъэпэща хъуащ. Гулъытэншэу Iуэхум и зы лъэныкъуи къагъэнакъым: пэшыр щекIуэкIыну Iуэхум езэгъыу ягъэщIэрэщIащ, абы и щIыхьэпIэм къыщызэрагъэпэщащ цIыхубз IэпщIэлъапщIэ КIурашын Маринэ игъэхьэзыра лъэпкъ фащэхэмрэ  адрей  хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ я выставкэр, «Адыгейм и литературэ гъащIэр» гъэлъэгъуэныгъэр. Съездым хэтахэм я нэгу зрагъэужьащ къуажэ зыбжанэм я сабий художественнэ гупхэм. Апхуэдэу фойем и блынхэм къыщыфIадзащ «Адыгэ Хасэмрэ» властым и органхэмрэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыщызэдэлажьэм теухуа сурэтхэр.

Делегату 150-м щIигъу къызрихьэлIа съездым и хьэщIэу щытащ Краснодар крайм и вице-губернаторым и къуэдзэ, щIыналъэ кIуэцI политикэмкIэ департаментым и унафэщI КIэрмыт Мухьдин, ТIуапсы районым и Iэтащхьэ Лыбанев Владимир, Сочэ къалэм и мэрым и япэ къуэдзэ Филонов Виктор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБР-м и «Адыгэ Хасэм» и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, «Урысейм ис ермэлыхэм я союз», «Урысейм ис алыджхэм я союз» зэгухьэныгъэхэм я Лазаревскэ къудамэм, къэзакъ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, тенджыз ФIыцIэм Iус адыгэ къуажэхэм щыщ нэхъыжьхэр. Хъуэхъу псалъэхэр зэрыт тхыгъэ гуапэ съездым хэтахэм къахуигъэхьащ Адыгэ республикэм Лъэпкъхэм я IуэхухэмкIэ, ди лъэпкъэгъухэм япыщIауэ щытынымкIэ, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Щхьэлахъуэ Аскэр.

«Адыгэ Хасэм» и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид ищIа докладым щытепсэлъыхьащ тенджыз ФIыцIэм Iус шапсыгъхэм я социально-экономикэ, щэнхабзэ зыужьыныгъэм хэлъ гугъуехь щхьэхуэхэр къызэнэкIынымкIэ иужьрей илъэсиплIым къриубыдэу ялэжьахэм, апхуэдэу зэкIэ яхузэфIэмыкIахэмрэ дяпэкIэ къару нэхъыщхьэр зыхуэунэтIыпхъэу къилъытэхэмрэ.

Докладыр къазэрыщыхъуам теухуауэ утыкум къихьэурэ къэпсэлъащ  нэхъыжьхэри, щIалэгъуалэри, хасэм жыджэру щылажьэхэри, къызэрыгуэкI къуажэдэсхэри. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ  зыми  дерс  къызыхэпхын, узэгупсысын куэд жиIащ. Акъылрэ тэмакъкIыхьагърэ хэлъу ахэр тепсэлъыхьащ политикэ зэпIэзэрытыныгъэр щIыналъэ-      ми, зэрыщыту къэралми щыгъэбыдэным, анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр хъумэным, щIалэгъуалэр тэмэму гъэсэным. Съездым кърихьэлIахэр нэхъ зытегузэвыхьхэм ящыщу къыхагъэщащ щIыр зэрызэблагъэкIым мыхъумыщIагъэхэр зэрыхэлъым, унагъуэхэр цIыкIу зэрыхъуам икIи абыхэм къахэхъуэ щIэблэр икъукIэ зэрымащIэм. А псори лъэпкъым зегъэужьыным зэран зэрыхуэхъум къыщымынэу, къэралым и дежкIи мыхьэнэшхуэ яIэщ. Аращ а гугъуехьхэр дэгъэкIыным хуэунэтIауэ «Адыгэ Хасэри», властым и органу къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыIэхэри, адрей жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри зэуIуу зэдэлэжьэн щIыхуейр.

Апхуэдэ зэдэлэжьэныгъэм и щапхъэ хъарзынэхэр мы щIыналъэм щыIэщ. «Лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэр зэгъэуIунымрэ лъэпкъ щэнхабзэхэм зегъэужьынымрэ» крайм и программэ хэхар гъэзэщIэным илъэс куэд лъандэрэ зэщIыгъуу йолэжь шапсыгъхэм я жылагъуэ парламентыр, Краснодар крайм и администрацэр, Сочэ къалэмрэ ТIуапсы районымрэ я администрацэхэм я щIыналъэ органхэр. Апхуэдэ зэдэлэжьэныгъэм сэбэпынагъышхуэ зэриIэр дэтхэнэ къуажэми щыболъагъу. Ахъшэрэ мылъкукIэ зэрадэIэпыкъум къыхэкIыу зэпымыууэ нэхъ заужь егъэджэныгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ, щэнхабзэмкIэ IэнатIэхэм. «Шапсыгъ щIыналъэ» газетри абы и фIыгъэкIэ хэмыкIуэдэжу къызэтенащ. Псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ къуажэхэр зыхэт гугъуехьхэр зэкIэлъыкIуэу дагъэкI, Лазаревскэ райо-ным адыгэ щэнхабзэмкIэ и центрым, сабий творческэ гупхэм сыт и лъэныкъуэкIи зыщIагъакъуэ. Зи гугъу тщIы зэдэлэжьэныгъэрщ Сочэ щекIуэкIа Олимп зэхьэзэхуэм хиубыдэу къызэрагъэпэща «Адыгэ унэр» хуагъэува къалэнхэм нэсу зэрехъулIар зи фIыгъэр.

Къэпсэлъахэм къыхалъхьахэмрэ ахэр нэхъ зытегузэвыхь Iуэхухэмрэ къыщыхагъэщащ съездым кIэухыу къищта унафэм. Делегатхэр апхуэдэу жэуаплыныгъэ яхэлъу бгъэдыхьащ «Адыгэ Хасэм» и унафэщI органхэр хэхыным. ЗэIухауэ Iэ яIэтри, жылагъуэ парламентым и унафэщIу аргуэру хахыжащ КIэкIыхъу Мэжид. Абы и япэ къуэдзэм и къулыкъур хуагъэфэщащ ХъыртIу Хьэмэд. Апхуэдэу хасэм и тхьэмадэм Лазаревскэ районым, ТIуапсы районым, Центральнэ районым къабгъэдэкI и къуэдзэ хъуахэщ ЛIыфI Хъалид, Щхьэлахъуэ Сэфар, Хьэжмамыкъу Вячеслав сымэ. Хасащхьэм цIыху 35-рэ хагъэхьащ. Хасэм и тхьэмадэмрэ абы и къуэдзиплIымрэ къадэкIуэу унафэщI органым хахащ зэгухьэныгъэм и пэщIэдзэ къудамэу 24-м я унафэщIхэр, президиумым щыщ цIыхуихыр.

Крайм и губернаторым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Кондратьев Вениамин къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр КIэрмыт Мухьдин жылагъуэ лэжьакIуэ нэхъ жыджэрхэм яритыжащ щIыналъэхэм яку дэлъ щэнхабзэ зэпы- щIэныгъэхэр гъэбыдэным, щIалэгъуалэр гъэсэным, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм зегъэужьын и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIам папщIэ.

ФIыщIэ псалъэхэр хужиIэри, Сочэ къалэм и мэр Пахомов Анатолий пщэрылъ къызэрыщищIам тету, «Сочэ къалэм и жылагъуэ, политикэ гъащIэр егъэфIэкIуэным куэд зэрыхищIыхьам папщIэ» медалыр Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, КIыщмей къуажэм и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Щхьэлахъуэ Сэлим иритыжащ курортым и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Филонов Виктор. Апхуэдэ дамыгъэ а цIыху гъуэзэджэм къыщIыхуагъэфэщам лъабжьэ нэс иIэщ – ар зи пашэ ветеран зэгухьэныгъэр нэгъабэ къалэм щынэхъыфI дыдэу къалъытащ. ТIуапсы районым и цIыху нэхъыфI дыдэхэм зэращыщым къыхэкIыу «ТIуапсы районым зегъэужьыным къаруушхуэ зэрырахьэлIам папщIэ» бгъэхэIу дамыгъэхэр муниципалитетым и Iэтащхьэ Лыбанев Владимир яритащ жылагъуэ зыбжанэм я нэхъыжьхэм я советхэм я тхьэмадэхэм.

КIэухыу къыщыпсалъэм КIэкIыхъу Мэжид къыхигъэщхьэхукIащ: «Съездым и лэжьыгъэр иухащ, зыхуэфащэ унафэхэр къэтщтащ, иджы ерыщу лэжьыгъэм зеттын хуейуэ аращ. Ди лъэпкъэгъухэм къыдагъэза дзыхьым дрогушхуэ, ауэ ар икIи жэуаплыныгъэшхуэщ. Хасащхьэм хагъэхьахэм къытпэщыт лэжьыгъэр тыншкъым, апхуэдэу нэхъ япэкIэ едгъэжьауэ щыта Iуэхухэри нэдгъэсыжын хуейщ. Аращи, псоми длэжьын диIэщ».

 

НЫБЭ Анзор.

Related posts

Leave a Comment