Адыгэбзэ

Тхыдэм и дерсхэмрэ къэкIуэнум и нэхумрэ

 

            Хабзэ зэрыхъуам тету, Адыгэхэм я Щыгъуэ-щIэж        махуэм – накъыгъэм и 21-м – ипэ къихуэу, накъыгъэм       и 20-м и пщыхьэщхьэм цIыхухэр щызэхуос Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж. Мы гъэми ГъащIэ жыгым деж Iуэху дахэ щекIуэкIащ. Лъэпкъым и щхьэ       кърикIуа мыгъуагъэм теухуауэ хэхэс, хэкурыс усакIуэ-хэм зэхалъхьа усэхэм къеджащ щIалэгъуалэри нэхъыжьыIуэхэри, уэрэджыIакIуэхэм гъыбзэхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ жаIащ. «Черкесский ренессанс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм а пщыхьэщхьэм абдеж жьэрымэ щагъэури, кхъуей, IэфIыкIэ и гъусэу щагуэшащ. Пшыхьым кърихьэлIахэм я къэпсэлъэныгъэхэмрэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэмрэ зэфIэкIа нэужь, ныбжьыщIэхэм шэху уэздыгъэхэр пагъэнащ.

            Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда ди адэжьхэм я щхьэр хуагъэщхъыну жэрдэм зиIэ псори накъыгъэм и 21-м и пщэдджыжьым Налшык щызэхуэсащ. Адыгэ ныпыр, и бзэрэ и хабзэрэ яхъумэным къыхуезыджэ псалъэхэр зытетхахэр, яIыгъыу цIыхухэр иужь къиуващ адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа шууейхэм. Шы лъэ макъым зэман жыжьэхэм ихьыж гупсысэр нэхъри куу ищIырт Иуаз Зубер и   шыкIэпшынэм къригъэкI макъамэм. Пщащэхэри щIалэхэри щыму ирикIуэрт Лениным и уэрамым. Махуэр нэщхъеягъуэми, гур игъэкIуэдыртэкъым адыгэм ишэча мыгъуагъэ къомым къелахэм къащIэхъуауэ нобэ къызэхуэса щIэблэр зэрыкуэдым, я лъэпкъ фащэр ящыгърэ хабзэ яхэлъу я адэжьхэм зэрахуэщыгъуэм. ЩIалэгъуалэм нэмыщI лъэс зекIуэм хэтт адэ-анэхэр, дадэхэр, нанэхэр,   къулыкъущIэхэр.

            А псори хуэмурэ щызэхуэсащ Кавказ зауэм хэкIуэдахэм         я фэеплъым деж. Лъэпкъым и гущIэм къиIукI макъамэт абдежым къыщеуэр, дэтхэнэми гурэ-псэкIэ а гуауэр зыхригъащIэу

            Щыгъуэ зэхыхьэм къэкIуат КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ,           Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, министрхэр, депутатхэр, къулыкъущIэхэр, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 152-рэ зэрырикъум теухуа щыгъуэ пэкIур къызэIуихри, цIыхубэм захуигъэзэну псалъэ иритащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

            — Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Нобэ адыгэу дунейм тетыр мэщыгъуэ Кавказ зауэжьым хэкIуэда ди адэжьхэм папщIэ. Дэри, хабзэ зэрытхуэхъуауэ, Налшык дэт фэеплъым деж дыкъыщызэхуэсащ, – жиIащ Сэхъурокъуэм. – Зэман жыжьэм ди лъэпкъыр зыхэта гуауэр дигу къыщыдгъэкIыж- кIэ, илъэси 100-м щIигъукIэ екIуэкIа зауэжьым насыпыншагъэу къытхуздихьам дегъэгумэщI. Дауи, нэхъыбэу            дигу щIыхьэр джаур зауэжьым зи щхьэр хэзылъхьахэм нэмыщI, къэнам я нэхъыбэр хэкум зэрырахуарщ. Ауэ адыгэр дуней псом тепхъа хъуами, абы къару къызэкъуихыфащ и щхьэр, и лъэпкъ хьэл-щэнхэр, и бзэр, и                 хабзэр ихъумэжыну. Мыхьэнэшхуэ иIэщ хэкум къинахэр – Урысейм, хэхэс хъуахэр здэщыIэ къэралхэм я жылагъуэ- политикэ гъащIэм, псэукIэщIэхэм зэрыхэзэгъами. Нобэ   дэ псоми къыдгуроIуэ Кавказ зауэр Урысей пащтыхьы-              гъуэм иригъэкIуэкIа политикэм къызэрырикIуар икIи ар нобэрей Урысейм зыкIи етпхыркъым, – жиIащ абы.

         — БлэкIар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, тхыдэм дерс къыхэтхкIэрэщ ди къэкIуэнур убзыхуа зэрыхъунур, – къыпищащ Сэхъурокъуэм. – Ауэ абы папщIэ куэд зэпэтлъытын хуей мэхъу, нэхъ куууэ дыгупсысапхъэщ. Иджырей геополитикэ Iуэхухэм дыхэзэгъэн, нэгъуэщIхэм я мурад фIейхэм папщIэ дыкъамыгъэсэбэпын щхьэкIэ, ди тхыдэм фIыуэ хэтщIыкIын хуейщ. Языныкъуэ къарухэм ди щIалэгъуалэр гъуэгу пхэнж трагъэувэну, зэпэщIэувэныгъэхэм хашэну ирагъэкIуэкI Iуэхухэм лъабжьэ едгъэщI хъунукъым. Адыгэр гуауэ куэд зылъэгъуа, блэкIам Iущ ищIа лъэпкъщи фIым, дахэм, мамырыгъэм я мыхьэнэр къагуроIуэ. Нобэ хамэ къэрал куэдым дыщыпсэуми, дэ быдэу дызэрапх хэхэсхэми хэкурысхэми я псэм хэлъу къэгъуэгурыкIуэ адыгэ хабзэм, щэнхабзэм, нэгъуэщI хъугъуэфIыгъуэхэм.

            Дэтхэнэ зыри къыхузоджэ блэкIам къытхуихьа гуныкъуэгъуэр зыщыдмыгъэгъупщэу нобэ къыдэкIуэтей щIалэгъуалэр лъэпкъым хуэпэжу дгъэсэну. Гуауэм и закъуэкъым абыхэм яхэтпщэн хуейр, атIэ лъэпкъым сыт щыгъуи хэлъа псэ къулеягъэр, къарууфIагъэр, шыIэныгъэр, Iущагъыр ябгъэдэтлъхьапхъэщ. Мис абы щыгъуэщ ди щхьэр Iэтауэ къэкIуэнум дыщыхэбэкъуэнур, ди республикэр, Урысейр едгъэфIэкIуэн папщIэ зэфIэкI къыщытлъыкъуэкIынур.

            Сэхъурокъуэм фIыщIэ яхуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис нэгъуэщI лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм Щыгъуэ махуэр къызэрыддагуэшым щхьэкIэ икIи апхуэдэ гузэвэгъуэ афIэкIа зэи зыми и нэгу щIэмыкIыну хъуэхъуащ.

            Сыхьэт 12-м щынэблагъэм, Кавказ зауэм хэкIуэдахэм дуней псом зэуэ щыхуэщыгъуэ дакъикъэм, цIыхубэр щымащ. А дакъикъэм зэпищIащ Урысей Федерацэм адыгэ щыпсэу и хэгъуэгуищыр, ди лъэпкъэгъухэр зэрыс къэрал пщIы бжыгъэхэр. Дэ тлъагъур Налшык къыщызэхуэсахэрати, ГъащIэ жыгым и лъабжьэм щIэт адыгэ фащэ зыщыгъ щIалэхэм, жьыбгъэм дэхуарзэ бэракъхэм, гъуом игъаджэ бжьамийм гурыщIэ куэд къызэщIаIэтэрт.

            ПэкIум къыщызэхуэсахэм дыуэ ящIащ, зауэшхуэм хэкIуэда ди адэжьхэм жэнэтыр унапIэ яхуэхъуну хуэхъуэхъуахэщ. КъБР-м и къэрал къулыкъущIапIэхэм, район администрацэхэм къикIахэм удз гъэгъа Iэрамэхэр тралъхьащ фэеплъым.

            Щыгъуэ махуэр абдежым щиухакъым. абы хэтахэр еплъащ Сэралъп Мадинэ и Арт-Центрым къыщызэригъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм. Абы щызэхуэхьэсат 1908, 1914 гъэхэм Екатеринодар къыщыдэкIауэ щыта альбомхэм ит сурэтхэр. Адыгэ Республикэм и Лъэпкъ музейм и гъэтIылъыгъэхэм ящыщщ ахэр. А илъэсхэм Екатеринодар адыгэхэм псапэ ящIэн папщIэ щрагъэкIуэкIа пшыхьхэм щытраха сурэтхэм купщIэшхуэ яIэщ, гъэщIэгъуэнщ а зэхыхьэхэр къызэгъэпэщыным щхьэусыгъуэ хуэхъуа Iуэхугъуэхэри. А псоми зыщывгъэгъуэзэнымкIэ, зы лIэщIыгъуэ ипэ траха сурэтхэм къищ адыгэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ зэвгъэлъагъунымкIэ, абыхэм ящыгъ фащэхэр нобэрейхэм евгъэпщэнымкIэ хуабжьу IэмалыфIщ сыт щыгъуи щIэщыгъуэ гуэркIэ дызыгъафIэ Сэралъп Мадинэ утыку кърихьахэр.

            Щыгъуэ пэкIум хэтахэр еплъащ Лъэпкъ музейм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэми.

            НэщIэпыджэ  Замирэ.

Related posts

Leave a Comment