Новости

Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмрэ жылагъуэ Iуэхухэмрэ

Щэбэт кIуам Налшык къалэ щекIуэкIащ «Лъэпкъхэм, щэнхабзэхэм яку дэлъ зэхущытыкIэхэр гъэбыдэнымкIэ граждан жылагъуэм иIэ мыхьэнэр» щIэныгъэ-практикэ конференцыр. Ар къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

 ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и Iэтащхьэ Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий, ДАХ-м дэлажьэ Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, ДАХ-м и Советым хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, студентхэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ – Алание республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр.

Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъхэм я зэхущытыкIэр ефIэкIуэнымкIэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа щIалэгъуалэр зэгурыIуэнымкIэ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ щIынымкIэ, а Iуэхум епхауэ бзэмрэ хабзэмрэ къызэрыгъэсэбэпыпхъэмкIэ щыIэ хэкIыпIэхэмрэ иджырей гъащIэм ар зэрыхэпщэн хуей Iэмалхэмрэ.

Къэпсэлъахэм жаIа псори къызэщIакъуэжри резолюцэ къащтащ.

НэщIэпыджэ Замирэ

Related posts

Leave a Comment