Новости

Хасащхьэм и зэхуэс

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зи чэзу зэIушIэр щэбэт кIуам Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм щыIэ хасэхэм,  Краснодар, Ставро­поль, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэхэм щылажьэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупым  хэтхэмрэ.

ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэза нэужь, Хасащхьэм и лэжьыгъэм щIидзащ.

Ахэр тепсэлъыхьащ Сирием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм иджыпсту я Iуэхур зэрыщытым, абы щекIуэкI зауэм зэрызыщахъумэм, Щам щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэр цIыхухэм сэбэп зэрахуэхъуфым, хэкум къэзыгъэзэжахэр я къуэшхэм зэрахэсыхьыжым, къэкIуэжыну хуейхэр зыIууэ гугъуехьхэм.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр зэлъытыжа хасэ къудамэхэм ирагъэкIуэкI Iуэхухэр къызэхуэсахэм я пащхьэ къралъхьащ хасэ тхьэмадэхэм, апхуэдэуи ДАХ-мрэ КАФФЕД-мрэ я зэдэлэжьэныгъэр зэтеублэжа зэрыхъум къытеувыIахэщ.

Анэдэлъхубзэр хъума зэрыхъум, ар зэрыпхуегъэфIэкIуэну Iэмалхэм щхьэхуэу и гугъу ящIащ мы Iуэхур зи нэIэ щIэт гупым щылажьэхэм. Къызэхуэсахэм къызэдащтащ Адыгэшым и дунейпсо махуэ гъэувыным теухуа унафэмрэ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупыр 20I7 гъэм зэлэжьыну иубзыхуахэмрэ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ

 

Related posts

Leave a Comment