Новости

Хэкужьырщ зыщыгугъхэр

 

Гъатхэпэм и 25-м Налшык къалэ щекIуэкIащ ДАХ-м и Хасащхьэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ я зи чэзу зэIущIэ. Абы кърихьэлIащ Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм щыIэ Хасэхэм, Краснодар, Ставрополь, Осетие Ищхъэрэ – Алание, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэхэм щылажьэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэмрэ. Апхуэдэу зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и Iэтащхьэ Къуэжей Артём, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, ДАХ-р къызэгъэпэщыным жэрдэмщIакIуэ хуэхъуа, зэгухьэныгъэм и Нэхъыжьхэм я Советым хэт, Голландием къикIа Хьэткъуэ Фатхьи, УФ-м щыпсэу Адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием   и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр, ДАХ-м президенту щыта Ажахъуэ Къанщобий, ДАХ-м и Къэзыпщытэ гупыр.

ЗэIущIэр къыщызэIуихым Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент Сэхъурокъуэ Хьэутий хэкужьым къеблэгъа псоми фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ икIи Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу хахагъащIэ, иджы япэу Хасащхьэм къеблэгъа Жанбэч Зухьди ехъуэхъуащ, Сирием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и лIыкIуэ СтIащ Барие, а Хасэм нэхъапэм и тхьэмадэу щыта Къэбэрдей Аднан, Европэм щыIэ Хасэхэм   я зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ, нэхъыжьыфI Хьэткъуэ Фатхьи сымэ псалъэ гуапэкIэ захуигъэзари, тыгъэхэр яхуищIащ.

 ДАХ-м и Хасащхьэмрэ ГъэзэщIакIуэ гупымрэ я лэжьыгъэм щыщIидзэм, Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ нэгъабэ Iуэхугъуэ куэд зэрызэфIагъэкIар, лъэпощхьэпо гуэрхэми зэрырихьэлIар, ауэ псоми я акъыл зэхэдзэкIэ, я къару зэгъэуIуакIэ лъэпкъ Iуэхур зэрагъэкIуэтэфынур и фIэщ зэрыхъур къыхигъэщащ.

Илъэсибл хъуауэ зауэ щекIуэкI Сирие Хьэрып Республикэм ис ди лъэпкъэгъухэм, Урысей Федерацэм къэзыгъэзэжахэм я Iуэху зытетым теухуауэ къэпсэлъащ ДАХ-м и вице-президент Бырсекъуэ Орфан:

— Иджыри къыздэсым Сирием къикIыжу хэкум къэзыгъэзэжахэм я бжыгъэр 900-м нэсауэ аращ, абыхэм яхэтщ а къэралым щыщу КъБКъУ-м щеджэ студенти 120-ри, – жиIащ Бырсекъуэм. – Мы къэзгъэлъэгъуа бжыгъэм хэзгъэхьакъым 1990 гъэхэм щегъэжьауэ зи адэжь щIыналъэ щыпсэуну къэзыгъэзэжахэр, сэ зи гугъу сщIыр зауэм кърихужьэжу къэIэпхъуэжахэрщ. Апхуэдэ гузэвэгъуэм  зи щхьэ къыхэзыхыжу къыдэзыхьэлIэжа ди къуэшхэм ди республикэм и унафэщIхэри, мылъку зыбгъэдэлъ хьэрычэтыщIэхэри хъарзынэу ядэIэпыкъуащ. И фIыщIэр бгъэкIуэд хъунукъым Дунейпсо Адыгэ Хасэми. Абы сыт щыгъуи и нэIэ ятетщ къэзыгъэзэжахэм икIи унагъуи 100-м нэблагъэм унэхэр къыхуащэхури, къуажэхэм дагъэтIысхьащ. Хасэшхуэм къалэну зыхуигъэувыжащ ахэр зыIууэ гугъуехьхэр яхузэфIэгъэкIынымкIэ сэбэп хъуну. Нэхъыбэу ди къуэшхэр зыхуэныкъуэр, дауи, Урысейм щыпсэуну хуит зыщI тхылъхэр къыдахынырщ. Визэ Iуэхум ахэр зыхигъэт гугъуехьхэр зым и дежкIи щэхукъым, нэхъапэм пIалъэкIэ щхьэегъэзыпIэ кърату щытат, цIыху 45-рэ абы хиубыдати, иджы, ди жагъуэ зэрыхъущи, ари Iуахыжащ. Апхуэдэу къэзгъэлъэгъуэну сыхуейт ди унафэщIхэм я фIыгъэкIэ медицинэ справкэхэр Сирием къикIыжахэм етыныр зэтраублауэ зэрыщытар, ауэ иджы а Iуэхутхьэбзэр къызэрыхуамыщIэжыр дигу къоуэ. КъищынэмыщIауэ, дунейм къытехьа сабийм халъхьэ хабзэ мастэхэр дохутырхэм хуащIын ядэркъым, ди щIыпIэм щытхауэ зэрыщымытым щхьэкIэ. Си гугъэмкIэ, республикэм и унафэщIхэм, узыншагъэр хъумэнымкIэ министрым я унафэкIэ зэфIэха хъуну Iуэхущ ар.

УзыгъэгуфIэщ къуажэхэм дагъэтIысхьа унагъуэхэр абыхэм ящыщ зэрыхъужар, жылэхэм екIуэкI гъащIэм хуэмурэ зэрыхэсыхьыр, къалэм дэсауэ къэкIуэжа ди къуэшхэм зэи ямылъэгъуа щIы, хадэ Iуэхухэм зрагъэсащ, гъунэгъухэм ечэнджэщурэ сытми хуэIэрыхуэ хъуащ. Ауэ сэ сызыхыхьа ди къуэшхэр трактор цIыкIум хуэдэ зэрыхуэныкъуэм гу лъыстащи, фи деж къэзгъэсыжмэ си гуапэт. Къуажищым апхуэдэ трактор зырыз Сирием къикIыжахэм папщIэ къахуэтщэхуфауэ щытамэ, щыгуфIыкIынут, я Iуэхуи дэкIынут. Къуажэм тракторышхуэ щызэрахуэ хъуркъым, полицэм яубыд, ар къызэрырахуэкIын дамыгъэр я правахэм тегъэуакъыми. Зи гугъу сщIы трактор цIыкIум зэIэпахыу ирилэжьэнут, къуажэм иридэтми къиин къыхэкIынутэкъым. Абы сом мелуан 1,5-рэ ихьыну аращи, мылъку зиIэхэм е псоми тIэкIу-тIэкIу зэхалъхьамэ, псапэ лей хъунут.

ДАХ-м комитет щхьэхуэ иIэщ, къэзыгъэзэжахэм ядэлажьэу. ДызэрыкIэлъыплъымкIэ, хэкум къэIэпхъуэжа ди къуэшхэм хабзэм ебакъуэ къахэкIыркъым, псалъэмакъыншэхэщ. Зы гугъуехь закъуэщ яIэр – лэжьыгъэ зэрамыгъуэтырщ. Университетым щIэс щIалэгъуалэри еджэным хъарзынэу йохъулIэ. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт КъБКъУ-мрэ КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэмрэ абыхэм ятеухуауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм папщIэ. Студентхэр къуажэхэм яшэурэ абы дэлъ хабзэм щагъэгъуазэ,  я благъэхэм, Iыхьлыхэм зэрызыпащIэным иужь итхэщ. Щхьэхуэу сыкъытеувыIэну сыхуейщ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэми. «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым  е Адыгейм и къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэу «Ислъэмей», «Налмэс» хуэдэхэм я концерт Налшык щыщекIуэкIкIэ, къэзыгъэзэжахэм папщIэ билетхэр пщIэншэу къыдат, ИлъэсыщIэм республикэм щекIуэкI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм я сабийхэр ирагъэблагъэ.

Сирием къикIыжауэ хэкум исхэр зыхуэныкъуэр мащIэкъым, ауэ дэ, Iэмал зэриIэкIэ, ди нэIэ ятетщ, хабзэм къызэригъэувым ипкъ иткIэ дэтхэнэми    и гугъуехьыр зэфIэтхыну, хэкужьым щекIуэкI гъащIэм хэсыхьыжынымкIэ дадэIэпыкъуну иужь дитщ.

Къуэдзокъуэ Мухьэмэд жиIащ ДАХ-р зи ужь ит Iуэхухэр КъБР-м и Правительствэм и нэIэ зэрыщIэтыр, абы зэрызыхуагъазэ псори зэрызэфIагъэкIыным зэрыпылъыр. ИкIи къэкIуэжахэм я Iуэху нэхъ дэкIынымкIэ гугъапIэхэр зэрыщыIэр къыхигъэщащ. КъБР-м и Iэтащхьэр иджы дыдэ а IуэхумкIэ Москва щекIуэкIыну зэIущIэм зэрырагъэблэгъар, абы къихьыжыну хъыбархэр ДАХ-ми къызэрылъагъэIэсынур дыщIигъуащ.

Сирием щыщыIэ щытыкIэм убгъуауэ тепсэлъыхьащ абы щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и лIыкIуэ СтIащ Барие. Абы къыхигъэщащ зауэр зэрыщIидзэрэ блэкIа илъэсхэм СХьР-м псыр щыутхъуэ фIэкIа, Iуэхур нэхъыфI зэрыщымыхъур, цIыху лажьэншэхэр зэрыхэкIуадэр, уIэгъэ зэрыщыхъур, Сирием ис адрейхэми хуэдэу, адыгэхэри бзаджащIэхэмрэ лейзехьэхэмрэ зэрапэщIэхуэр.

— Адыгэ ФIыщIэ Хасэм нэхъапэм и къалэнхэр нэгъуэщIу щытамэ, нобэ дыщIэлажьэр ди адыгэ тIэкIур тхъумэн, ди сабийхэр едмыгъэдыгъун, ди бзылъхугъэхэм лей кърамыхын, ди цIыхухэр хэмыкIуадэу дахуэсакъын папщIэщ, жиIащ Стащым. – ЦIыху дэхуэхахэм дадэIэпыкъуным ди къару псори идохьэлIэ. ИджыпстукIэ нэхъыщхьэр къуажэ зэхэкъутахэм къыдахуахэм псэупIэ къахуэгъуэтынырти, ар хъарзынэу тхузэфIэкIащ. Тхьэм и шыкуркIэ, нобэкIэ губгъуэм къина, шэтыр щIэс адыгэм къытхэткъым. Нэхъапэхэм ди Iуэхур нэхъ гугъуу щытащ, ди цIыхухэм яшхын щамыгъуэти щыIащ. Ауэ дунейпсо псапащIэ организацэхэм, СХьР-м социальнэ зыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм я фIыгъэкIэ куэдым дадэIэпыкъуфащ, ахъшэкIэ, хущхъуэкIэ, шхынкIэ ди сэбэп екIащ. Дунейм щыцIэрыIуэ псапащIэ организацэхэм мылъкукIэ зыкъытщIагъакъуэ, ахэр къэдгъэсэбэпурэ унагъуэ мин 17-м далъэIэсащ. Ауэ абыкIэ гугъуехь псори зэфIэкIыу жытIэ хъунукъым, ди цIыхухэр зыхуей зэрыхуэмызэр пэжщ.

Барие жиIащ зауэ щекIуэкI къэралым ущыпсэуныр хэт дежкIи зэрымытыншыр, ауэ? Iэмал зэриIэкIэ, я щхьэ Iуэху зэрызэрахуэжыр. Иджыпсту Адыгэ ФIыщIэ Хасэм адыгэбзэр зэрыщрагъэджыр, цIыхубзхэр дэрбзэрым щыхуагъасэ дерсхэр къызэIуахыну зэрызагъэхьэзырыр, «Iуащхьэмахуэ» газетыр дяпэкIэ къызэрыдагъэкIынур, спортым, IуэрыIуатэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIэ гупжьейхэр зэрылажьэр къыхигъэщащ СтIащ Барие.

Хасащхьэм и зэхуэсым кърихьэлIа Къэбэрдей Аднани  утыку кърихьащ езыр зыгъэпIейтей упщIэхэр. Ар нэхъыбэу зэхьэлIар мыбы къэкIуэжауэ щеджэ студентхэрт. Нэхъапэм еджакIуэ къагъакIуэхэм адэ-анэм ахъшэ къыхурагъэхьурэ еджэу щытамэ, иджы ар яхузэфIэкIыжыркъым. Ахъшэ зимыIэ студентхэр махуэм йоджэ, жэщхэм мэлажьэ. Ауэ а тIури яхузэдэмыхьынкIэ, емыджэмэ, университетым къыщIадзыжынкIэ хъуну жеIэ Аднан. Абы къыхигъэщащ зи щхьэр мафIэм къыхэзых дэтхэнэми хэкумкIэ къиунэтIмэ зэрынэхъыфIыр, Европэм кIуэхэр зыхэхуэнкIэ хъунур зэрышынагъуэр, я гупсысэхэм зрагъэхъуэжурэ я лъэпкъми пэщIагъэувэжынкIэ зэрыхъунур.

«Хэкум исхэм фи Iэр нахуэфшиин хуейщ ди къуэшхэм. Сирием адыгэу исыр цIыху мини 150-м нэсу жаIэми, псоми зэуэ зыкъаIэту къэкIуэжынукъым.   Сэ сфIэигъуэт ДАХ-м СХьР-м бэлыхь щыхэхуахэм щхьэкIэ фонд къызэригъэпэщыныр. Дунейм адыгэу тетыр мелуани 5-м щынэскIэ, илъэсым сом зырыз нэхъ зэхамылъхьэми, зыгуэркIэ сэбэп хъунт», – лъэIуащ Аднан.

Абы и жэуапу «Родина» ассоциацэм и унафэщI НэкIацэ Владимир жиIащ студентхэр Урысейм къиутIыпщ федеральнэ ахъшэкIэ зэреджэр, Налшык щеджэну хуейуэ къэлъаIуэхэр къызэращтэфыр, ауэ ныкъуэеджэу Европэм кIуэхэр къазэрыхэкIым зэригъэпIейтейр, зи благъэ, Iыхьлы мыбдеж къыщызымылъыхъуэ щIалэгъуалэр зэригъэщIагъуэр. Апхуэдэуи Владимир къыпищащ къэкIуэжыну хуейхэр щыIэу, къэлъаIуэу, ядэIэпыкъуну къыхураджэу зэхих пэтми, Посольствэм зым и тхылъи зэрыщIэмылъыр. «Езы цIыхум дежщ мыбы къыщыщIидзэр, армыхъумэ, Урысейм зыри и лажьэкъым», – дыщIигъуащ абы.

Сэхъурокъуэм жиIащ зи гугъу ящIа гугъуехь псори къыщыгъэлъэгъуа тхылъ ягъэхьэзырмэ, республикэ унафэщIхэм яIэригъэхьэну ДАХ-р зэрыхьэзырыр.

АдэкIэ къызэхуэсахэр зытепсэлъыхьар ДАХ-м хэт Хасэу хамэ къэралхэмрэ Урысейм и хэгъуэгухэмрэ щылажьэхэм я IуэхущIафэхэрати, япэу къэпсэлъащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

Мухьэмэд тепсэлъыхьащ КъАХ-м республикэм щригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэр зыхуэдэм. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр, адыгэбзэр хъумэнымкIэ, щIэблэм ар яIурылъу къэгъэхъунымкIэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ, лъэпкъыбзэм и пщIэр къэIэтыжа хъунымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ, илъэс 15-м нэблэгъауэ ирагъэкIуэкI «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэ фестиваль-зэпеуэр блэкIа илъэсми дахэу зэрекIуэкIарщ. Адыгэ пщащэхэм я акъылым и жанагъыр, къызыхэкIам зэрыхуэфащэр, пщэфIэным зэрыхуэIэзэр, я анэдэлъхубзэр зэрагъэшэрыуэм, я лъэпкъ хабзэхэр зэращIэр къыщахутэ «Адыгэ пщащэ» зэпеуэ гъуэзэджэр иджы ещанэу зэрырагъэкIуэкIам, абы къыдэкIуэтей щIэблэр лъэпкъым и бын нэсу гъэсэнымкIэ, хъыджэбзым адыгэ пщащэ нэс къыхэкIынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэм тепсэлъыхьащ Мухьэмэд.

— БлэкIа илъэсым ди дежкIэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу щытауэ жыпIэ хъунущ Адыгэ Республикэм, Кавказ Ищхъэрэм, Урысей Федерацэм я щэнхабзэм увыпIэшхуэ щызыубыд тхакIуэ, усакIуэ, адыгэ литературэм и классик МэшбащIэ Исхьэкъ и ныбжьыр илъэс 85-рэ зэрырикъум къыхэкIкIэ, 2016 гъэр абы   и илъэсу зэрыщытар, абы ехьэлIа дауэдапщэ псоми дызэрыхэтар. А гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр Адыгэ Республикэм и Къэрал филармонием щекIуэкIа пшыхь гуапэмкIэ къызэIуахащ, Краснодар крайм хыхьэ Успен районым и Щхьэщэхуж (Урупский) жылэм МэшбащIэм фэеплъ щыхуагъэуващ, абы дыщыIащ. ТхакIуэ цIэрыIуэм, жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэрым и Iулыджыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыдгъэлъэпIащ, ар ирагъэблэгъащ Тэрч, Бахъсэн щIыналъэхэм, апхуэдэуи КъБКъУ-м щыIащ. Исхьэкъ пшыхь дахэ куэд щыхуащIащ Тыркум и къалэ зыбжанэми.

Адыгэм ехьэлIа сыт хуэдэ Iуэхуми и жэрдэмщIакIуэ, къызэгъэпэщакIуэ дызэрыхъум и нэщэнэщ ди республикэм лъэпкъым теухуауэ щекIуэкI Iуэху псоми дызэрыхэтыр, ди гуащIэ зэрыхэтлъхьэр.

Мухьэмэд къызытеувыIар куэд дыдэ мэхъу, абыхэм наIуэ къащIырт Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ зэпыщIауэ зэрызэдэлажьэр, лъэпкъым зиужьынымкIэ, бзэр, щэнхабзэр хъумэнымкIэ, щIэблэ узыншэ къытщIэхъуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр.

ДАХ-мрэ КАФФЕД-мрэ я зэдэлэжьэныгъэм теухуауэ щыта упщIэм щынэсым, Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ илъэс 25-рэ хъуауэ лъэпкъ Iуэхур игъэкIуатэу къэгъуэгурыкIуэ зэгухьэныгъэ иным Iуэху щхьэпэ куэд зэрызэфIихар, лъэпощхьэпо мымащIи зэрырихьэлIар. Ауэ абыхэм я щхьэусыгъуэр зэхэбгъэкIыфрэ хэкIыпIэхэр къэбгъуэтыфмэ, шынагъуэ зэрыщымыIэр дыщIигъури, ДАХ-мрэ Тыркум щыIэ Хасэмрэ я зэхуаку къыдэхъуа зэгурымыIуэныгъэм и щхьэусыгъуэр къызэхуэсахэм яжриIащ. Иджыблагъэ Анкара щекIуэкIа зэIущIэм кърикIуахэм тепсэлъыхьащ Хьэутий икIи, КАФФЕД-м и лIыкIуэ Щоджэн Iумит скайпкIэ зыпащIэри, абыи псалъэ иратащ, Тыркум щыпсэу ди къуэшхэм я мурадхэр зыхуэдэр къащIэну.

— Дунейпсо Адыгэ Хасэм КАФФЕД-р хэкIыжу, абы и лъабжьэр махэ ящIыну хуейуэ жызыIэхэр зэрыщыIэр дощIэ, ауэ ар пэжкъым, – жиIащ Iумит. – Дэ ДАХ-р дгъэлъэлъэжыну дыхуейкъым, ар псори дызэпызыщIэ зэгухьэныгъэщ икIи шэч къытевмыхьэну фыкъыхузоджэ дэ ди къуэшхэм дызэрывгуэтым, фи гъусэу ди Iуэхухэр дгъэкIуэтэну дызэрыхьэзырыр. ДызыгъэпIейтейуэ щыIэр КАФФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшар хэкум ихьэныр къызэрыпаубыдар аращи, ари зэхэвгъэкIыну дыфщогугъ. Дэ ди лэжьыгъэр къызэтеувыIакъым, долажьэ, дызэрощIэ, ипэкIэ докIуатэ, – жиIащ Щоджэным.

Абы теухуауэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ апхуэдэ псалъэмакъхэр утыку къидмыхьэу зэфIэтхыфу щытын зэрыхуейр, жагъуэгъугъэгуфIэ дымыхъуу, дэр-дэру дызэрызэгурыIуапхъэр.

— Адыгэр адыгэ зыщIыжыр дэращ, – жиIащ Хьэткъуэ Фатхьи. – Акъыл диIэу сыт хуэдэ Iуэхуми дыбгъэдыхьэмэ, ди Iулыджыр иIэтынущ. ДАХ-р къызэбгъэпэщынуи, апхуэдиз илъэскIэ бгъэлэжьэнуи, апхуэдиз къэрал зэхуэпшэсынуи тыншу зэи щытакъым, иджыпстуи аращ, ауэ дызрихьэлIэ гугъуехьхэм дамыгъэдзыхэу ди Iуэху дэдгъэкIыжыфу дызэдэлэжьэн хуейщ.

ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ хамэ къэрал щикъухьа адыгэхэм я дежкIэ ДАХ-р лъэпкъ лъэмыжу зэрыщытыр, хэхэсхэм я дежкIэ дыщ жьантIэм зэрыхуэдэр. «Зи адэжь хэку имысыжхэм гугъапIэу диIэр мы Хасэращ. Зы нэрыбги хэткъым мыбы адыгэм и Iей зэрихуэу. Ауэ хамэ хэку къыщыхутахэм, дызыхэсхэм я хабзэм ижь къызыщIихуахэм ди гупсысэ гуэрхэмкIэ дызэтемыхуэми, дызэгурыIуэну ди фарзщ. Ди хэкум щызэфIэдгъэкI, къыщытIэт Iуэхухэр Сириеми, Иорданиеми, Германиеми, нэгъуэщI щIыпIи щыпхыдгъэкIыфынукъыми, ДАХ-р къару лъэщ иIэу зэрылэжьэным дыхуэвгъэсакъи нэхъыфIщ, – жиIащ ТIамжьыкъуэм.

Жанбэч Зухьди тепсэлъыхьащ Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и Iуэху зэрыдэкIым, адыгэбзэр зэрырагъэджым, «Нарт-TV» каналыр зэрагъэлажьэм, нэгъуэщIхэми. Абы и псалъэхэм къыпищэу Германием щекIуэкI лэжьыгъэхэм къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ.

Краснодар крайм ис шапсыгъхэм курыт еджапIэхэм я 1-9-нэ классхэм щIэсхэм адыгэбзэр щрагъэджу зэрызэтраублар, абы сабий 500 хуэдиз къызэрызэщIиубыдэр, «Шапсугия» газетым и тиражыр мини 4  хъууэ къызэрыдэкIыр, ар шапсыгъ адыгэхэм пщIэншэу зэраIэрыхьэр жиIащ Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид. Адыгэ Республикэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щекIуэкI лэжьыгъэм и гугъу ящIащ абы щылажьэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу ЛIымыщэкъуэ Рэмэзанрэ Аслъэн Алийрэ.

Адыгэм и лъэпкъ щэнхабзэ щIэину щыт анэдэлъхубзэр хъумэным, зегъэужьыным теухуауэ къэпсэлъащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэу Табыщ Мурат,Щоджэн Iэминат, нэгъуэщIхэри. Мурат къыхигъэщащ Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу курыт школхэм тхьэмахуэкIэ дерс зэIухахэр щрагъэкIуэкIыу щытамэ, иджы езым и унафэкIэ ар мазэкIэ зэрекIуэкIар, курыт еджапIэ 65-м дерс 325-м щыкIэлъыплъыну Iэмал зэраIар, щIалэгъуалэм хабзэ зэрахэлъыр, щIэныгъэ зэрыбгъэдалъхьэр, ауэ Iуэхур щыщIэныгъэншэу зэрыщымытыр жиIащ Мурат, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми тепсэлъыхьащ.

ЗэIущIэм ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыщыхилъхьащ Адыгэшым и махуэ гъэувыным теухуауэ иIэ еплъыкIэр.

— Лъэпкъ къэс ехъулIэныгъэ щхьэхуэ бгъэдэлъщ адрейхэм къахигъэщхьэхукIыу. Адыгэ-шэрджэсхэм я дежкIэ апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэщ дуней пcом «къэбэрдей» фIэщыгъэмкIэ къыщацIыху Адыгэшыр. Дэ дыщыгъуазэкъым нарт IуэрыIуатэр дунейм къыщытехьа зэманым, ауэ хуэгъэфэщауэ илъэс минищкIэ узэIэбэкIыжми, адыгэ лъэпкъым и гъащIэр шым пыщIауэ щыщымыта лъэхъэнэ унэплъысыркъым. ЩIы хъурейм лъэпкъ зыбжанэ фIэкIаи теткъым езыр зэрызэджэж лъэпкъыцIэр къызэфIигъэува шы лъэпкъым и фIэщыгъэм къызэрыхэщым иригушхуэфу, – жиIащ Мухьэмэд. – Дэ дызэрегупсысымкIэ, ди лъэпкъым и ныбжьэгъу пэжу къекIуэкI псэущхьэ махуэм теухуауэ унафэ щхьэхуэ къэтщэхуну и чэзу хъуащ. Япэрауэ, ар къыдэкIуэтей щIэблэм лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм нэрылъагъуу пщIэ нэхъ хуащIу зэрыхъужам пщэрылъу къытхуегъэув. ЕтIуанэу – езы шы лъэпкъыр тхъумэн, зедгъэужьын къалэным. Ещанэу – дэ    ди пщэ къыдохуэ лъэпкъым хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэу къыдекIуэкI Адыгэшым (Шагъдийм) хуэфащэ пщIэ хуэтщIу и щIыхьри тIэтыну. А псом япкъ иткIэ, къыхызолъхьэ Адыгэшым и Дунейпсо махуэ дгъэнаIуэу дгъэувыну.

ХьэфIыцIэм къыхилъхьа Iуэху дахэр къызэхуэсахэм IэIэткIэ къызэдащтащ икIи ар Адыгэхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 20-м трагъэхуэныр зэрафIэкъабылыр къыхагъэщащ.

НэщIэпыджэ  Замирэ.

Related posts

Leave a Comment