Новости

Лъэпкъхэм я зэхущытыкIэр ефIэкIуэн папщIэ

Гъатхэпэм и 25-м Налшык къалэ щекIуэкIащ «Лъэпкъ, щэнхабзэ зэхущытыкIэхэр ефIэкIуэным теухуауэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я мыхьэнэр» етIуанэ щIэныгъэ-практикэ конференц. Ар Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэригъэпэщащ.

 ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ДАХ-м и президент Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, къулыкъущIэхэр, унафэщIхэр, Жылагъуэ палатэм, ЩIалэгъуалэ палатэм, КъБКъУ-м, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, лъэпкъ щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, студентхэр.

Конференцым щытепсэлъыхьащ лъэпкъхэм я зэхущытыкIэр ефIэкIуэн, щIалэгъуалэр зэрыIыгъын папщIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и лIыкIуэ Маслов Николай, КъБКъУ-м этнологиемрэ тхыдэмкIэ и кафедрэм и унафэщI ТекIуий Мадинэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и лэжьакIуэ Аккиевэ Светланэ, КъБР-м ис Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий сымэ къэпсэлъащ абы теухуауэ.

Конференцым къигъэлъэгъуащ цIыхухэр я хуитыныгъэхэмкIэ зэрызэхуэдэр щIалэгъуалэм къагурыгъэIуэн зэрыхуейр, лъэпкъ зэхэгъэжым, зэгурымыIуэныгъэм фIы къызэримышэр.

— Дызэкъуэзыгъэувэнщ къэтлъыхъуэн хуейр. Сыт хуэ- дэ лъэпкъми ар лъэпкъ зыщIыж бзэ, хабзэ, хьэл-щэн иIэщ, Кавказ Ищхъэрэр щIэдахэри зыгъэдахэри аращ. Дэтхэнэ зыми жэуап дохь ди къэкIуэнумкIэ. Нобэ дызэгурымыIуэмэ, ар ди щIэблэм къефыкIыжынущ. Дэ псори дызэхуэдэщи, дызэкъуэтыпхъэщ. Мис ар къыдгурыIуэмэ, ди Iуэхухэри дэкIынущ, – жиIащ Сэхъурокъуэм.

ЗэIущIэм хэтахэм КъБР-м и Iэтащхьэм фIыщIэ хуащIащ пщIэ я зэхуаку дэлъыным хуэгъэзауэ  иригъэкIуэкI лэжьыгъэм папщIэ.

Фырэ  Анфисэ.

Сурэтыр  Къарей  Элинэтрихащ.

Related posts

Leave a Comment