Адыгэ Iуэрытх -2024
Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ, Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу, ди лъэпкъэгъухэр зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ нобэ щатхащ адыгэ Iуэрытх – диктанткIэ дызэджэр.
Щыуагъэншэу я анэдэлъхубзэмкIэ зэрытхэфыр къапщытэжыну Iуэхугъуэм жыджэру хэтащ зи лъэпкъыбзэр фIыуэ зылъагъу нэхъыжьыфIхэр, щIэныгъэлIхэр, къулыкъущIэхэр, щIалэгъуалэр. Апхуэдэу Iуэрытхыр зи унэ щIэсыжу интернеткIэ зыпащIэурэ зытхахэри куэду щыIащ.
Псалъэм папщIэ, цIыхушхуэ къекIуэлIащ Налшык къалэ дэт Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм.
Сыхьэт 13-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къекIуэлIахэм гуапэу захуигъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Къызэхуэсахэм ар ехъуэхъуащ Адыгэ тхыбзэм и махуэмкIэ, фIыщIэ яхуищIащ диктант ятхыну жэрдэм зэращIам папщIэ икIи къыхигъэщащ мы лэжьыгъэм лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
«Дунейпсо Адыгэ диктантыр мы гъэм еханэу йокIуэкI. Мы Iуэхугъуэм нэхъыщхьэу и лъабжьэм щIэлъыр ди бзэр, ди хабзэр зэрытхъумэнырщ. Ди гуапэ зэрыхъущи, илъэс къэс яфIэфIу диктантым къыхохьэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэхэм, Краснодар, Ставрополь щIыналъэхэм, Тыркум, Иорданием, Сирием, Израилым щыпсэу адыгэхэр. Къыхыхьэ цIыхухэм я бжыгъэр хохъуэ. Абы уримыгушхуэу къанэркъым.
ЗэрыфщIэщи, Урысейм и Президентым и УнафэкIэ, 2024 гъэр Унагъуэм и илъэсу ягъэуващ. Абы ипкъ иткIэ, дэри ди диктантым а Iуэхугъуэр лъабжьэ хуэтщIыри ди тхыгъэр «Адыгэ унагъуэм» тедухуащ.
Дызэрыс къэралышхуэм мы Iуэхур къыддиIыгъщ. Дунейм адыгэу тетым екIуэкIа зэхыхьэм фIыгъуэ куэд къытхудэкIуэну Тхьэм жиIэ. Зи бзэ, зи хабзэ зыхъумэжыфын, абы насып къызыхудэкIуэн лъэпкъ узыншэу дыщытыну си гуапэщ. Бзэр мыкIуэдмэ, лъэпкъри псэунщ!», — жиIащ Сэхъурокъуэм.
Апхуэдэу ДАХ-м и тхьэмадэм фIыщIэ яхуищIащ «Адыгэ Iуэрытхыр» екIуу къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн къытхуэхъуа щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ пыщIа IуэхущIапIэхэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм.
КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ ГъукIэпщокъуэ Мурат и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ анэдэлъхубзэм пщIэ хуэщIыныр, абы сыт щыгъуи хуэсакъын зэрыхуейр.
Диктантым теухуа тхыгъэ убгъуам иужькIэ газетхэм, ДАХ-м и сайтым фыкъыщеджэ хъунущ.