ПщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ!
Март мазэм и 15-17 махуэхэм ди къэралым мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щекIуэкIынущ. Ар – Урысей Федерацэм и Президентым и хэхыныгъэрщ.
Дэтхэнэ зыри а хэхыныгъэм дыхэтыныр ди хуитыныгъэ къудейкъым, атIэ, ди къалэну къызолъытэ. А Iуэхугъуэм елъытащ къэкIуэну илъэсихым ди къэралым и зыужьыкIэ хъунур, къапщтэмэ, дэтхэнэ зыми ди къэкIуэнур, ди щIэблэм я пщэдерей гъащIэр.
Къыхэзгъэщыну сыхуейщ лъэпкъ куэду зэхэс Урысей Федерацэм сыт зэмани зэгурыIуэныгъэмрэ мамырыгъэмрэ зэрыщытепщэр. И къару нэхъыщхьэри цIыхубэм Хэкум хуаIэ лъэгъуныгъэрщ.
Апхуэдэу щыщыткIэ, нобикI зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ди къэралым и къэкIуэнур, и зыужьыныгъэ хъунур, и къарур дэтхэнэ зыми къызэрыдэлъытар.
Ди ныбжьэгъу лъапIэхэ! Урысей Федерацэм и Президентым и хэхыныгъэм фыхэтыну икIи къэралым и къэкIуэнур пщэрылъ зыхуэфщIыну зыхуэфащэр къыхэфхыну фыкъыхузоджэ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ
Сэхъурокъуэ Хьэутий