НОБЭ АДЫГЭ ТХЫБЗЭМ И МАХУЭЩ
Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм къищта унафэм ипкъ итк1э, илъэс къэс гъатхэпэм и 14 -м а махуэр щагъэлъап1э КъБР-м. Адыгэ щыпсэу ди къуэш хэгъуэгухэр къапщтэмэ, абыхэм я Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэхэм къащта унафэк1э, Адыгэ Республикэм -2000 гъэ лъандэрэ, Къэрэшей-Шэрджэсым 2005 гъэ лъандэрэ я1эт Адыгэбзэм и махуэр.
Лъэпкъыр дызэришэлIэжынущ
Дунейм лъэпкъ зэхуэмыдэ куэд тетщ. Телевиденэм къитым ущыщIэдэIукIэ, газетым къытехуэм ущеджэкIэ, къыбгуроIуэ: нобэрей зэманым лъэпкъхэр зытегузэвыхь Iуэхугъуэ нэхъыщхьэр зэрызахъумэжынращ.
Ди лъэпкъымкIэ зыкъызогъэзэжри, ярэби, дэри апхуэдэу дытегузэвыхьу пIэрэ ди лъэпкъыр хъумэным, бзэр къызэтегъэнэным, жысIэу согупсыс. Языныкъуэхэм дежи согужьей, лъэпкъ Iуэхум иригузавэр мащIэу щыслъагъукIэ. Ауэ, ныбжьыщIэхэм сакIэлъыплъмэ, си гур кIуэдыпэркъым, абыхэм бзэр зэрагъэшэрыуэм гушхуэныгъэ къысхелъхьэ.
Дунейм тет лъэпкъыжь дыдэхэм адыгэр дащыщкIэрэ, ди бзэри апхуэдэу щыщыткIэ, мыкIуэду апхуэдиз лIыщIыгъуэ къызэзынэкIа, ди адэжьхэм къыднахьэса бзэр, нобэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъу зызылъытэж дэ, щхьэ дгъэкIуэдыжын хуей? Сыт фэ щIедмыплъыр? Ар тхьэмыщкIагъэкъэ?
Бзэр пхъумэн папщIэ, япэрауэ, лъэпкъыр узэкъуэтын хуейщ. ИкIи шэч къызытезмыхьэр зыщ — анэхэращ зэкъуэтыныгъэр зыгъэбыдэн хуейр, ахэращ бзэр хъумэным и Iэщэ нэхъыщхьэри. «Адыгэбзэ — анэбзэ — анэдэлъхубзэ…» жыдоIэ. Сабийм бзэр Iурызылъхьэр анэращ. ФIэщхъуныгъэ хэлъу жызоIэ: сабийр адыгэу щытыну ухуеймэ, абы и анэм адыгэбзэ Iурылъын хуейщ. Аращ сэ сызыхуэкIуа гупсысэр. АтIэ, сабийм и лъым хэлъу къохъу и бзэри, а бзэм и макъамэри…
Совет властым лъэпкъ цIыкIухэм къытхуихьа IуэхуфIхэм ящыщщ ди лъэпкъыбзэр дджыну лъэкIыныгъэ зэрыдгъуэтар. ЕджапIэм дыщIэтIысхьэрти, 5-нэ классым дынэсыху предмету хъуар ди бзэмкIэ дагъэджырт. Абы къыпэкIуэу щIэблэм и лъэпкъыбзэмкIэ зиужьырт, нэхъыщхьэр — адыгэбзэмкIэ дыгупсысэу дыкъигъэтэджырт. УрысыбзэмкIэ дбгъэдэлъ щIэныгъэри нэхъ мащIэтэкъым.
Ауэ зэманыр псынщIэу мэкIуатэ, хъыбарегъащIэ технологиехэм заужь, сабийхэр телевиденэмрэ Интернетымрэ нэхъ пыщIауэ къотэдж. Абы къыпэкIуар аращи, сабийм къыдалъхуа и бзэр IэщIыб хъууэ щIидзащ, нэхъыбэу зэрылажьэр, зэрыпсалъэр хамэбзэхэрауэ къыщIэкIри. Апхуэдэу Iуэхур зэрыщытым анэ-адэ куэд ирогузавэ. Пэжщ, гугъущ адыгэбзэм и грамматикэр зэбгъэщIэныр, ауэ сабийм и анэдэлъхубзэр Iурылъу унагъуэм къихъухьмэ, ар къехьэлъэкIынукъым, фIырыфIкIэ IэщIэхунукъым. Ар шэчыншэщ.
Ди бзэр къэзымыгъэсэ-бэп адыгэхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум ди щIэныгъэрылажьэхэри, лъэпкъыпсэ зыкIуэцIылъ дэтхэнэри тогузэвыхь. АтIэ, лъэпкъыбзэр щымыIэжмэ, ар зей лъэпкъри кIуэдыжауэ аращ. Сэ мы Iуэхум сызэрегупсысыр мыращ. Япэрауэ, дэр-дэру зэран дызыхуохъуж. АтIэ, ди бзэр дджын папщIэ, къэралым мылъку къытхухегъэкI, егъэджакIуэхэр тхуегъэхьэзыр, лэжьапIэ ярет, лъэпкъыбзэхэр яджыным сыхьэт бжыгъэ хухах (ар мы зэманым мащIэ ящIа пэтми). Ди хэгъуэгум деж ди лъэпкъыбзэр къэралыбзэу къыщалъытэ. Дэ тщIэр сыт? Къэтщтэнщ къуажэр. Абы гъэщIэгъуэну ядэслъагъур сыт? Къуажэм дэт еджапIэм щылажьэри щеджэри а лъэпкъым щыщ защIэщ, псалъэм папщIэ, адыгэбзэ къызыгурымыIуэ яхэткъым. Ауэ зэIущIэ екIуэкIыу уекIуэлIамэ, ар зэрырагъэкIуэкIыр урысыбзэщ. АтIэ, адыгэ къуажэм щекIуэкI зэIущIэм нэгъуэщIыбзэм ирипсалъэ щыщIэмыскIэ, ар урысыбзэкIэ щIебгъэкIуэкIын хуейр сыт? Хэт абдежми пэрыуэгъу хъур?
НэгъуэщI зы Iуэхугъуэми гу лъызотэ. Быным нэгъуэщI лъэпкъым щыщ къахыхьамэ (нысэу къашамэ), абы гурыIуэн папщIэ, адыгэ унагъуэм щIэсым урысыбзэкIэ псэлъэн щIадзэ. Бзылъхугъэр адыгэ лъэпкъ къыщыхыхьакIэ, хуэм-хуэмурэ бзэр зригъэщIэн хуейуэ солъытэ.
Къалэм дэсхэм ди Iуэхур, шэчыншэу, нэхъ гугъущ. Сэ Черкесск къалэ Хасэм и пашэу сыщыткIэрэ, республикэ щыхьэрым дэт еджапIэхэм бзэр зэрыщаджыр, абы пыщIа лъэпощхьэпохэр щIыдоплъыкI зэпыт.
Япэрауэ, гуауэ сщыхъур зи сабий адыгэбзэ езыгъэджэну хуэмей анэ-адэхэр зэрыдиIэращ. Сыт апхуэдэу къыщIэхъур? Абы и жэуап къысхуэгъуэтыркъым.
Къалэм дэс ныбжьыщIэхэм иджыблагъэ сочиненэ ядгъэтхати, зыгуэрым мыпхуэдэу итхащ: «Адыгэ ныбжьэгъу сиIэщ, ауэ и бзэмкIэ ирипсэлъэфыркъым. «Сыт уи лъэпкъыбзэмкIэ ущIэмыпсалъэр?» — жысIэри сеупщIати, «Папэ хэкIуэтауэ къокIуэжри, зегъэпсэхуж. Мамэ пщыхьэщхьэ псом унагъуэ Iуэхум пыщIащ. Сэ къызэпсэлъэн згъуэтыркъым», — къызжиIащ»… Мис апхуэдэурэ адыгэбзэр унагъуэм щылэжьэжыркъым.
Апхуэдэу щытми, лъэпкъыбзэмкIэ олимпиадэм, Черкесск къалэм иджыблагъэ щедгъэкIуэкIам, си гур къиIэтащ. НыбжьыщIэхэр усэ къеджащ, диктант, сочиненэ ятхащ, тестированэ хуэдэхэр ящIати, сагъэгуфIащ. Зи, ядэлажьэ къудей, ныбжьыщIэ Iущыцэхэр, адыгэбзэр икъукIэ зыгъэшэрыуэхэр, Тхьэм и шыкуркIэ, ди мащIэкъым.
Илъэс куэд хъуауэ къокIуэкI адыгэу дунейм тетыр зы алыфбейкIэ деджэу, зы грамматикэ диIэ хъужын зэрыхуейм теухуа псалъэмакъыр. ДАХ-м сыхэткIэрэ, нэгъуэщI къэралхэм щып-сэу ди лъэпкъэгъухэм куэдрэ саIущIащ, а Iуэхугъуэми зэкъым дызэрытепсэлъыхьар. КIэщIу си гупсысэр жысIэнщи, адыгэу дунейм тетыр зы литературэбзэ яIэным срителъхьэщ. «Хэкужьым исыр цIыху мин 700-м фызэрынэхьэс къудейщ, дэ цIыху мелуан бжыгъэ дохъу. Фызэгупсысын хуейр дэращ», — къыджаIэ ди лъэпкъэгъухэм. «Алыфбей дапщэ зэщымыщу къыдэвгъэкIыну?» — къыджаIэ нэгъуэщI зыгуэрхэми.
Мы Iуэхум дауи, ирогузавэ тхакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, еджагъэшхуэхэр. АтIэ, ахэр я сабийм хуэдэу, я лэжьыгъэхэм топсыпсыхь, яхъумэну хуейщи. Ахэр зэрамыдзэкIыфыну къыхагъэщ. Си фIэщ мэхъу сэбэп къэзыхьыну дэтхэнэ лэжьыгъэри зэрызэрадзэкIынур. Дэ дызэгупсысын хуейр нобэ и закъуэракъым, атIэ дяпэкIэ лъэпкъыр зэрытхъумэжыным, зы бзэ тIурылъу дунейм дыкъызэрытенэныращ нэхъыщхьэр.
Алыфбейр зыуэ щытын хуейщ. Къапщтэмэ, IэщIагъэлIхэм зэралъытэмкIэ, ноби ар зэрызэщхьэщыкIыр макъ зыбжанэкIэщ. Сэ жысIэркъым грамматикэр зэуэ зэтехуэну. Ауэ абыи хуэм-хуэмурэ дытехьэжынущ. Лъэпкъ куэдым диалект зэхуэмыдэхэр яIэщ. Псалъэм папщIэ, илъэс бжыгъэкIэ сыщыпсэуа Эстонием диалект куэдым ущыIуощIэ. Арами, абыхэм зы литературэбзэщ яIэр, зы алфавитщ зэреджэр. Латышхэри литовецхэри апхуэдэщ. Абыхэм мыращ жаIэр: «Фызэрыпсалъэ диалектхэр фымыгъэкIуэд, ауэ литературэбзэр зыуэ щытын хуейщ». Зы литературэбзэм дуней псом щызэбгрыдза ди лъэпкъыр дызэришэлIэжынущ. Аращ нэхъыщхьэу мы Iуэхум хэслъагъуэр.
КIЭБЫШЭ Фаризэт, Черкесск къалэ Адыгэ Хасэм и унафэщI.