Новости

Дунейпсо Адыгэ Хасэм ирегъэблагъэ

 

Иджыблагъэ Налшык тхьэмахуитIкIэ щыхьэщIащ Тыркум, Иорданием, Израилым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм, мэздэгу адыгэхэм я щIэблэр. Ди республикэм и щIыпIэ дахэ куэдым я нэгу зыщрагъэужьащ, Iуэхугъуэ гукъинэжхэм хэтащ, адыгэбзэмкIэ дерсхэм щIэсащ сабийхэр.

 Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий а ныбжьыщIэ 60-р «Трек» шхапIэм иригъэблагъэри, пшыхь дахэ хигъэтащ. Абы кърихьэлIащ икIи ныбжьыщIэхэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я советым хэтхэу дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Борис, Хасэшхуэм и тхьэмадэу щытахэу Нэхущ Заурбийрэ Дзэмыхь Къасболэтрэ, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, нэгъуэщIхэри.

— Фи адэжьхэм я лъапсэу щыта хэкужьым фыкъызэреблэгъар си гуапэщ,-жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. – Нобэ мыбдеж щыс фэ щIалэгъуалэрщ лъэпкъым         и пщэдейр зэлъытауэ щытынур. Фи хабзэр фхъумэжу, фи бзэр фIурылъу дэнэ фыщымыIэми лъэпкъ Iуэхур вгъэкIуэтэн, фи щIэныгъэр, акъылыр, къарур хэфлъхьэн хуейщ нэгъуэщIхэм дахэмышыпсыхьыжыным. Ар дэтхэнэми езым  и щхьэм къыщыщIидзапхъэщ.

НэхъыжьыфIхэм жаIащ зэкIэлъыкIуэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр, цIыкIухэр хэкум къатшэурэ зыщедгъэплъыхьыныр абыхэм я лъэпкъ зэхэщIыкIыр къэгъэушынымкIэ сэбэп зэрыхъунур, я бзэр зрагъэщIэнымкIэ къару лъэщу зэрыщытыр.

Пшыхьым хэтахэм видеозэпыщIэныгъэкIэ закъыхуигъэзащ КАФФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшар (Тырку).

— Ди лъэпкъ щэнхабзэр къэIэтыжа хъунымкIэ, ныбжьыщIэхэм хэкур зищIысыр ящIэнымкIэ Iэмал хъарзынэу къэд-гъуэтауэ, ар илъэс зыбжанэ хъуауэ идогъэкIуэкI, – жиIащ Хьэгъундокъуэм. – Интернетыр хъарзынэу гъащIэм къыщосэбэп, Тыркум ис псори иджыпсту абы и фIыгъэкIэ кIэлъоплъ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ сабийхэм я махуэхэр зэрагъакIуэм, ди адэжь лъахэм и дахагъым и теплъэ къралъхьэхэм. Шэч хэмылъу, абы мыдрейхэр егъэхъуапсэ, хэкум хуэпабгъэ ещI. ФIыщIэ хузощI мы зэпыщIэныгъэр зыхуей хуэзэу къызэзыгъэпэщ дэтхэнэ зыми. Апхуэдэуи, Хьэутий, гукъэкI пщIыуэ ди щIэблэр зэребгъэблэгъар, махуэшхуэ зэрахуэпщIар ди гуапэ хъуащ.

КъызэгъэпэщакIуэхэми хьэщIэхэми фIэхъускIэ закъыхуигъэзащ Кфар-Камэ (Израиль) дэт Адыгэ музейм и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьеир. Сабийхэм я нэр къи-кIыу къызэрыкIуар жиIащ Зухьеир икIи абыхэм хэкум щагъакIуэ сыт хуэдэ махуэри щIэщыгъуэ зэрыщащIым щхьэкIэ фIыщIэ къахуищIащ.

Сэхъурокъуэм къызэхуэсахэм кIэщIу яжриIэжащ иджыблагъэ Тырку Республикэм и Къайнар жылэм щекIуэкIа фестивалым ди лIыкIуэхэр зэрыхэтар, лIыщхьэхэм зэрахуэзар, Израилым щекIуэкIа фестивалым езымрэ Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алийрэ зэрыщыIар. ЗэпыщIэныгъэхэр гъэ къэс зэрефIакIуэр, абы ДАХ-м и гуащIэшхуэ зэрыхилъхьэр жиIащ Хьэутий. Адыгэ шхыныгъуэхэмрэ IэфIыкIэхэмкIэ узэдауэ къагъэува Iэнэхэм пэрыс щIалэгъуалэм уакIэлъыплъыну гухэхъуэт. Хьэрыпхэм, журтхэм, тыркухэм, урысхэм яхэс ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэ цIыкIухэр ныбжьэгъу зэхуэхъуати, зэщыгуфIыкIыжу зэбгъэдэст, адыгэбзэкIэ зэдэуэршэру. Абыхэм хуащIа пшыхьыр ягъэдэхащ КъБР-м и щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм. Концерт нэужьым, щIалэгъуалэм джэгуи хуащIыжри, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и саугъэтхэр иратыжащ.

НэщIэпыджэ  Замирэ.

Related posts

Leave a Comment