Адыгэ фащэм и дунейпсо махуэ
Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ щIалэгъуалэм я Iуэху зезыхьэ IуэхущIапIэхэмрэ къыхалъхьа жэрдэмкIэ 2011 гъэ лъандэрэ
Адыгэ фащэм и махуэр ягъэлъапIэ фокIадэм и 28-м
АдыгэлIым и шыфэлIыфэр
Дривгъэплъэжыт зэ «черкеска» цIэ дахэм щIэту блэкIа лIэщIыгъуэ зытхухым дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа щыгъыным и тхыдэм.
Цейм теухуа хъыбархэр Грозный Иван и пщIантIэм хэгъэрей щыхъуа адыгэхэм я деж къыщожьэ. Тхыдэджхэм зэрыжаIэжымкIэ, урыс пащтыхьым и деж къулыкъу щызыщIэ адыгэхэм цейр ящыгъыну хуит ящIырт. Абы и щхьэусыгъуэри къыхагъэщ: «Адыгэр и лъакъуэм щыщIэдзауэ и щхьэм нэс IэщэкIэ узэдами, ар апхуэдизкIэ екIуу и фащэм хэгъэзэгъащи, зы Iэщэр адрейм зэран хуэхъуркъым икIи ахэр зэжьэхэуэркъым. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ жэщтеуэ щащIхэм деж. Сэшхуэр салъэм илъщи — Iэуэлъауэ лъэпкъ ищIыркъым, и фочыр фочылъэм илъщи — цIууркъым, лъахъстэным къыхэщIыкIа и лъейр, къаплъэным и фIалъэ лъакъуэхэм ещхьу, щабэу тоувэ, и шыр гъэсащи — щыщыркъым, и бзэращи — жиIэну зыхуей псори зы псалъэм къокI».
Ауэ цейм и «дыщэ лъэхъэнэр», дауи, илъэсищэм щIигъукIэ екIуэкIа Кавказ зауэм и зэманрат. Зауэм и пэ къихуэ лъэхъэнэм адыгэхэр Кавказым щынэхъыбэ лъэпкът. Бжыгъэм и мызакъуэу, я зэхэтыкIэри, зыхуэпэкIэри, хабзэ зехьэкIэри нэхъыбэу зыубзыхур къэбэрдейхэрт, икIи а зэманым гъуэтыгъуейт адыгэбзэ зымыщIэ кавказырыс. Хамэ къэрал къикIа зыплъыхьакIуэхэм я тхыгъэм къыщыбогъуэтыж дяпэ ита нэхъыжьхэр къызэрацIыхуу щыта шыфэлIыфэр: «Абыхэм ящыщ зым и закъуэ тэтэр тIощI, я зы гуп цIыкIум — скиф гупышхуэ дыдэ ирихужьэжыфынущ». Абы къыдэкIуэуи, «нэхъ лъэпкъ гуапэрэ хамэм нэхъ хуэжумартрэ дунейм щыгъуэтыгъуейщ».
«Iэщэ-фащэ» псалъэм и зэхэлъыкIэм къегъэлъагъуэ адыгэм хахуагъымрэ дахагъымрэ зэгуихыу зэрыщымытар. Цейр цIыхухъум и къалэнхэр игъэзэщIэным хуэгъэпсауэ щытщ: тыншу уегъэIэбэ, къыздумыхьэкIынкIэ Iэмал имыIэ хьэпшыпхэр пкIэрегъэзагъэ, зэман кIыхькIэ шыбгым уисыныр псынщIэ пщещI икIи, зауэм ухыхьэн хъумэ, уи теплъэм, уи емыкIу къыщIэщыным утемышыныхьу уегъэзауэ. Абы и Iыхьэхэм хохьэ: езы цейр, гъуэншэджыр, джанэр, бгырыпхыр, щIакIуэр, бащлъыкъыр, лъейр.
Хъан-Джэрий СулътIан итхырт: «Адыгэ цейм дахагърэ тыншагъкIэ къытекIуэн щыгъын Азием и мызакъуэу, щIэныгъэм фIыуэ зыщиужьа, уегупсысмэ, кIыфIыгъэм хэт лъэпкъым елъытауэ, псори нэхъыфIу зыбгъэдэлъын хуей Европэм нэгъуни щыслъэгъуакъым. Ар лIы нэсым и дамыгъэт, зыщыгъым и щхьэр лъагэу иригъэIэтрэ щыпкъагъыр къыпкъригъэщу. ЦIыхухъум щыгъыныр зэрыщытыпхъэу ибжым цейр апхуэдизкIэ техуэрт, къилъыхъуэ псор абы хигъуатэрти, XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм Кавказым ис лъэпкъ псоми щатIэгъэн щIадзащ. Абы Къэбэрдейр Кавказым унафэ щызэрихьэу зэрыщытри щхьэусыгъуэ хуэхъуащ. Ауэ абы фIэкIа хэмылъамэ, дауэ ар XIX лIэщIыгъуэм Куржыми, Азербайджанми, ермэлыхэм я дежи нэсынт?» Жэуапыр Де Бесс Жан-Шарль и деж къыщыдогъуэт: «Адыгэхэм я щыгъыныр сыт нэхъри нэхъыфIу шы тесынымрэ зауэ IуэхукIэ зекIуэ урежьэнымрэ хуэщIащ».
Адыгэ цейр нэм зыкъыщIэзымыдзэ фэхэм къыхащIыкIырт: морэ, фIыцIэ, щхъуэ хуэдэхэм. Цей хужь езыгъэдыну хуитыр пщыхэрат, ауэ адыгэпщхэр апхуэдизкIэ цIыху зэпIэзэрытхэти, IэщэкIэ мыхъумэ, цIыху къызэрыгуэкIхэм фащэкIэ зыкъыхагъэщхьэхукIыртэкъым. Цейм и «псэр» дахэу къегъэлъагъуэ абы тхылъ псо тезыухуа Студенецкая Еленэ: «ЦIуугъэнэ, щхъуэкIэплъыкIэ жыхуаIэр цейм и бийщ. Дэтхэнэ зы Iыхьэри и пIэм итыжу, тхыпхъэхэмрэ дыпIэхэмрэ зэщIэкъуарэ Iэпкълъэпкъым шэщIауэ итIысхьэу, гъэщIэрэщIэкIэ хабзэхэр зэрыт гъунапкъэ зэвым къимыкIыу — апхуэдэт адыгэ цейм и дыкIэ мардэр. Аращ адыгэ фащэр зыщыгъыр егъэлеяуэ зэкIуж щIэхъур».
Джанэр
Цейм и лъабжьэ щIэлъ джанэр Iэпкълъэпкъым хуэфIу, бгым иувэу ядырт. И кIыхьагъыр цейр зыщыгъыр къызыхэкIам елъытат: нэхъыбэм сантиметрий-пщIыкIэ лъэгуажьэм къыдэIэбейуэ къагъэувыIэрт, дин лэжьакIуэхэм ящыгъыр нэхъ кIыхьт. Джанэр зыгъэдахэ Iыхьэхэм ящыщт пщэм и лъагагъкIэ, сантиметриплI-хыкIэ дэкIуей пщампIэ лъагэ дытар. Джанэр и гупэмкIэ икIыхьагъкIэ щызэгуокI, и бгым нэс ар щIыIу цIыкIурэ щIыIунэ щхьэхуэхэмкIэ бопхэ, апхуэдэ дыдэхэр Iэм хуэфIу да Iэщхьэм итщ. Джанэм бгъэ жып хуащI хабзэщ, зыфIэфIым бгым и щIагъ-кIи нэгъуэщI жып щIедэ.
Цейр
Цейр, къапщтэмэ, Iэпкъ- лъэпкъым хуэфIу да теубгъуэнщ (Щыгъынибгъу нэхърэ — теубгъуэн). Ар бгым деж Iузэ дыдэ щохъу, и гупэри и щIыбри псоуэ къыхах. И кIыхьагъыр лъэгуажьэм къыщегъэжьауэ сантиметрипщI-тIощIт зэрыхъур, ауэ ди лъэпкъыр муслъымэн диным ихьа нэужь, нэхъ кIыхь ящI хъуащ. И гупэм деж ар щIыIуищ-тхукIэ бопхэ, жып щIэткъым, и Iэщхьэхэр захуэщ, и кIыхьагъыр Iэ бэлагъым фIыуэ фIокI. И тыншагъым и мызакъуэу, абы цIыхухъу Iэпкълъэпкъым фэ къытригъауэрт, ар уэмыкIумэ, дахагъэм и мардэхэр пIэщIэкIауэ ябжу. КуэдкIэ цейм и фIыгъэщ дунеяплъэ гуэрым: «АдыгэлIым елъытауэ, дунейм цIыхухъуу тетыр лъагъугъуейуэ къыпфIощI», — щIыжиIар.
ЩIалэ цIыкIум цейр япэ дыдэу хуадырт илъэсипщI-пщыкIутI щыхъуам деж. Къэбэрдейхэр къызыхэкIа и лъэныкъуэкIэ лIакъуэ пщыкIузу зэхадзми, дэтхэнэ зыми и цей дыкIэр адрейм къыщхьэщыкIыртэкъым, ауэ къызыхэщIыкIа щэкIым къулейр нэхъ хуэмыщIам къыхигъэщырт. Лонгворт Джон етхыж: «УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым нэхъыфI-нэхъ IейкIэ зэхамыдзу, псоми а зы щыгъын лIэужьыгъуэр зэращыгъыр. Абы адыгэ псоми зы унагъуэ къыхэкIауэ фэ къатрегъауэ».
Псом нэхърэ нэхъ лъэщыр цейр «пхуэфIыпсу» пщыгъынрат. Нэхъ Iэзэу ябж дэрбзэр бзылъхугъэхэм зэ фIэкIа зыIумыплъа цIыхухъум ирамыгъапщэу цей хуадыфырт.
Хьэзырхэмрэ хьэзырылъэхэмрэ
Хьэзырылъэхэр цейм хэмытынкIэ Iэмал зимыIэ Iыхьэщ. Ар цIыкIу-цIыкIуу зэпыщхьэхукIа жып гупщ, пхъэм е къупщхьэм къыхэщIыкIауэ гынылъэ зырыз иIэжу. Гыныр къежьа нэужьщ ар цейм кIэрадэн щыщIадзар. Хьэзырхэр, нэхъ убгъуауэ жыпIэмэ, «шэ хьэзырхэр», зэман лей имыгъэкIуэду шууейм и фочыр иузэдыну Iэмал иIэн щхьэкIэ щIауэ аращ. Хьэзырхэм я бжыгъэм теухуауэ къэса хъыбархэм жаIэр зэщхьэщокI, нэхъыбэр 8-мрэ 10-мрэ я зэхуакум (зы лъэныкъуэкIэ) къыщобжэ. Ауэ адыгэхэм зэпэмыбжыр нэхъ зэрафIэкъабылым къыхэкIыу, блым е бгъум нэхъ трагъащIэ. Абы къикIыр — лъэныкъуитIри зэхэту пщыкIуплI е пщыкIуий мэхъу.
Бгырыпхыр
Цейм къыпхугуэмыхьын Iыхьэу хэтщ абы щIэпха бгырыпхыр. Бгырыпхым сэшхуэр, кIэрахъуэр, къамэр, зэманым елъытауэ щыIэ нэгъуэщI Iэщэхэри кIэрагъэзагъэ. КъищынэмыщIауэ, фочым узэреIэзэн Iэмэпсымэхэр: ар зэрызэфIэпIуэнтIыкIыну гъущIымрэ щыпхуэну дагъэмрэ. «Адыгэр шхэми жейми и Iэщэр кIэрыщIащ, — етх Хъан-Джэрий, — аращи, ар зэкъуэхуауэ къыпIэрыхьэнукъым. Къамэ ямыIыгъыу къэзыкIухьыр щIалэ цIыкIу дыдэхэмрэ лIыжьхэмрэщ». Хъан-Джэрий зэрыжиIэмкIэ, дэтхэнэ адыгэми къыздрихьэкIырт бийр зэрипхыну кIапсэ, шэху уэздыгъэ, дыд, бгырыпх лей, жьакIэупс, джэбын. Сытми, дакъикъэ къэс лIэным хуэхьэзырт. Гу зэрылъытэгъуафIэщи, нобэрей адыгэлIыр дыщэ сыхьэтхэмрэ дыщэ Iэлъынхэмрэ игъэдахэмэ, пасэрейхэр зыгъэдахэр имычэзууэ кърамых «къамэ Iэпщэхухэрат».
Адыгэ цейр къэзакъхэм я «лъэпкъ фащэ» зэрыхъуар
Кавказ Ищхъэрэм ис бгы-рысу хъуами къэзакъхэми Къэбэрдейм я Iэщэ-фащэри, шы тесыкIэри, хабзэри зыхалъхьащ, — етх урысей этнограф Вейденбаум Евгениий, — абыхэм, замыгъэпсэхуу, къэбэрдей модэ щхьэзыфIэфIым темыплъэкъукIыу зыдрагъэкIу, зэманым къыкIэрымыхун щхьэкIэ».
XIX лIэщIыгъуэм и 40 гъэхэм адыгэ цейр Кавказым къулыкъу IуэхукIэ щыIэ къэзакъхэм я фащэу къащтащ. Абы фащэм и пщIэр нэхъри иIэтащ. Кавказым щекIуэкI зауэхэм заукъуэдииху, цейми кIуэ пэтми ищхъэрэкIэ, Урысейм и кумкIэ, кIуэтэн щIидзащ.
Ауэрэ адыгэ цейр Европэми нэсащ, революцэ нэужьым Урысейм иIэпхъукIа урыс офицерхэм я фIыгъэкIэ. Мыбдежым уигу къэбгъэкIыжыну хуэфащэщ Париж щыпсэуа, «Адыгэ цей сщыгъыу сыщIэфлъхьэж», — жиIэу уэсят къэзыгъэна Хьэгъундокъуэ Константин.
Нобэ адыгэ цейр зыщыгъхэм ящыщу дуней псом къыщащIэр Иордание пащтыхьыр зыхъумэхэращ. Ар къалэжьащ къэралыр зэфIэувэным шыщхьэмыгъазэу хэта адыгэ мухьэжырхэм. Лъагэу адыгэ цейм и пщIэр яIэтащ лъэпкъым къыхэкIа адыгэ усакIуэхэми. Абыхэм язщ ди тхыгъэр зэрыдухыну тфIэигъуэ МэшбащIэ Исхьэкъ «Адыгэ цей» («Черкеска») зыфIища и усэ цIэрыIуэр:
УэркIэ щIалэфIым и щхьэр лъагэщ,
Къуршыщхьэ уэсурэ цей хужь,
И шы къарапцIэр иутIыпщмэ,
Шыгъажэм япэу ар къосыж.
Адыгэ пшынэм зиукъуэдиймэ,
Щауэм щыщ уохъури, укъоудж.
Жьым кърихьэкIым хуэдэу мафIэр,
Iэпкълъэпкъ узыншэр емылыджщ.
Уи бзыпхъэр пщащэм IэкIуэлъакIуэу
Нэхущ дыгъэпсым къыхихащ,
Биишэр къыплъэмыIэсыну,
Хьэзырхэр псысэкIэ гъэпсащ.
Дахагъэу щыIэр бдалъагъуну,
Къуршым дэкI лъагъуэхэр уи дыпIэщ.
Адыгэ шум уемыпцIыжыну,
Пэжыр уи гъуэгу зэхэгъэкIыпIэщ.
ЛIэщIыгъуэхэр зэкIэлъыбгъакIуэу,
Уэ фIымрэ Iеймрэ бгъэунэхуащ.
Гынымэр жьым къыбдрихьэкIыу,
Лъы защIи куэдрэ ухъуащ.
Шэм къимыгъазэу уэ ппхылъэтырт,
Гъуанэдэу Iэщи къыптехуащ.
Зигу фIыцIэм уэркIэ зыщIихъумэу,
Тхыдэ гъунэгъум къыщыхъуащ.
Уэ си лъэпкъышхуэм ухуэфIыбзэщ,
Шыщхьэмыгъазэр уогъэпэж.
Бащлъыкъыр дамэм хуэдэу пIэту,
Бийм и гурыгъыр ибогъэж.
Ауэ щIалэфIым и щхьэр лъагэ,
Къуршыщхьэ уэсурэ цей хужькIэ?
И шы къарапцIэм зиукъуэдийуэ,
Шыгъажэм япэу къыщысыжкIэ?
Уэ лIыгъэм щауэр хубогъасэ,
Бгъэм хуэдэу уардэу шыбгым фисщ.
Уи бзыпхъэр сэркIэ къыхэхами,
Зэры-Кавказу ухуэфIыпсщ.
ЖЭМЫХЪУЭ Марьянэ.