Новости

Лъэпкъыр зыгъэпIейтей Iуэхухэм топсэлъыхь

Налшык къалэ щекIуэкIа Дунейпсо Адыгэ Хасэм и  Хасащхьэм и   зи чэзу зэIущIэм  хэтащ Тыркум, Иорданием, Сирием, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм щыIэ Хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм  и Хасащхьэм и  зэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артем, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и тхьэмадэ Къалмыкъ Жылэбий сымэ, нэгъуэщIхэри. ГъэзэщIакIуэ гупым и зэхуэсым апхуэдэу хэтащ Москва къикIа хьэщIэ, УФ-м и Президентым ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм  и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ Мартынов Вадим.

Сэхъурокъуэ Хьэутий хамэ къэрал, гъунэгъу хэгъуэгухэм къикIа лIыкIуэхэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ икIи зэрыдэлэжьэну жыпхъэр яубзыхури, Iуэхум пэрыхьащ.

Лэжьыгъэм и пэ къихуэу Сэхъурокъуэ Хьэутий, ДАХ-м къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъхэр яритащ  спорт и лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэрызыгъэхьа, дуней псом къыщацIыхуа ЗэкIурей Николайрэ Шыбзыхъуэ Беслъэнрэ.

ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэхуэсым нэхъыбэу зыщытепсэлъыхьахэм ящыщщ Сирием щыпсэу  ди лъэпкъэгъухэу къэIэпхъуэжахэм я Iуэху зыIутымрэ абыхэм ядэIэпыкъунымкIэ лэжьыгъэр зэрызэтеубламрэ; ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ гупым и комитетхэм я лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ «Хэку» жылагъуэ зэгухьэныгъэм, Израилым хыхьэ Кфар-Камэ и Адыгэ Хасэм я лэжьыгъэхэр зыхуэдэр, нэгъуэщIхэри.

СХьР-м къикIыжа ди къуэшхэмрэ абы къинауэ щыпсэухэмрэ я Iуэху зыIутым къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Бырсекъуэ

Арфан:

— КъэкIуэжахэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр пщIэншэу хуащIэ, «Жьэгу» зэгухьэныгъэ щыIэщи, абы хэтхэм ахъшэ зэхуахьэсурэ, сымаджэхэм хущхъуэхэр къыхуащэху. КъБР-м къэIэпхъуэжа сабий псори школхэмрэ гъэсапIэхэмрэ йокIуалIэ, бзэхэми хъарзынэу хэгъуэзащ. ДяпэкIэ ди мурадхэм ящыщщ къалэм дэс сабийхэм адыгэбзэр едгъэщIэнымкIэ дерсхэр Хасэм деж къыщызэдгъэпэщыну. КъэIэпхъуэжа балигъхэм ящыщу процент 80-р лэжьыгъэ IэнатIэ пэрытщ, къуажэхэм Iэпхъуахэми хадэ ящIэ.

«Хэку» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм тепсэлъыхьащ а Хасэм и тхьэмадэ НэкIацэ Владимир.

— УФ-м исхэм я лъэпкъэгъу щыпсэу къэрал къэскIэ къудамэ щаIэщ, «Ди лъэпкъэгъухэм я чэнджэщэгъу гуп» жери. Дызэрыщыгъуазэщи, Иорданием щыпсэу адыгэхэр а къудамэм хэткъым. Сириер хыхьат, ауэ абы къахуигъэув хуитыныгъэр къагъэсэбэпыркъым. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, ипэкIэ екIуэкIа зэIущIэм сызыщытепсэлъыхьа «КъэIэпхъуэжынымкIэ федеральнэ программэм» и Iуэху зэрызэрамыхуэр. Зи хэку къэзыгъэзэжыну хуейхэм къахуэсэбэпынут ар. Мы илъэсым и гъатхэпэ мазэм зэлъэпкъэгъухэм я зэхуэсышхуэ Москва щекIуэкIат, къэрал 30-м къикIахэр хэтуи, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы адыгэ зыри кърихьэлIакъым. Абы дрегъэгупсыс а къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр посольствэхэм зэрадэмылажьэм. Адыгэу къэрал зэхуэмыдэхэм я парламентхэм хэтхэм я пщэ къыдэхуэу къызолъытэ мы Iуэхум зегъэхъуэжыныр, – жиIащ НэкIацэм.

Апхуэдэу НэкIацэм игу къеуэхэм ящыщу къыхигъэщащ студентхэр ди деж щегъэджэным пыщIа гугъуехьри. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтыну ди къэралым и мылъкукIэ кърегъэблагъэ адыгэу хамэ щIыпIэхэм щыпсэухэм ящыщу мин 15. Абы щыщу Сирием цIыху 278-рэ, Иорданием – 30, Тыркум – 90 къагъэкIуэну хуит ящIащ, ауэ мы Iэмалыр къэзыгъэсэбэпар мащIэщ, абыхэм зыри япэрымыуа пэтми. КъищынэмыщIауэ, УФ-м и цIыху щыпсэу къэрал псоми щIалэгъуалэм яхуэгъэза программэ щолажьэ. Абы хухах мылъкур къагъэсэбэпу ирагъэжьа проектымкIэ ди лъэпкъэгъу щIалэхэм ящыщхэр Хэкум кърагъэблагъэурэ щагъэхьэщIэну арат. АрщхьэкIэ мыбдежми ди лъэпкъэгъухэм жыджэрагъышхуэ къагъэлъэгъуакъым – Иорданием, Сирием къикIар мащIэ дыдэщ, Тыркум щыпсэу адыгэхэм щыщу ныбжьыщIэ 15 ягъуэтакъым хэкум къашэну. Мыпхуэдэ Iуэхухэм, ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ, нэхъ куу зыщIхэм, хасэхэр нэхъ жыджэру хэлэжьыхьыну игъуэт.

«Жылагъуэ дипломат» программэми жыджэру зэрыхэтар къыжиIащ НэкIацэ Владимир. Абы ипкъ иткIэ, гуп-гупкIэрэ кърагъэблэгъа ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэр къуажэдэсхэм, щIыналъэ администрацэхэм я унафэщIхэм хуагъэзащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ щIалэгъуалэр щыхьэт тохъуэ интернетым итымрэ я нэкIэ ялъэгъуамрэ зэрызэтемыхуэм.

— ДАХ-м хэтхэм къаIэтын хуейкъым ди къэралхэр зэщызыгъэхьэн, зэран яхуэхъун Iуэхугъуэхэр. Ди зэгухьэныгъэр илъэс 56-рэ хъуауэ мэлажьэри, и IуэхущIафэхэр зыхуэгъэзар хамэ щIыпIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэращ, куэдми дыкъацIыху. Дэ ди гъуэгур ДАХ-ращ, – жиIащ НэкIацэм.

Краснодар крайм щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъутэ Аскэр и гугъу ищIащ езыр нэхъыбэу зытегузэвыхь Iуэхум:

— УФ-м щеджэну квотэкIэ къагъакIуэ студентхэр къэралым яхухиха мылъкукIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIагъэтIысхьэ. Сирием къиIэпхъукIыжа щIалэгъуалэр ди университетхэм пщIэ щIату фIэкIа щеджэфынукъым, Урысейм и цIыхуу зэрыщымытым къыхэкIыу. Квотэ абыхэм къратын папщIэ, Сирием ягъэзэжу абы щыIэ посольствэм лъэIу тхылъ щIалъхьэу хуит къащIыным пэплъэн хуейщ. Мы щытыкIэм зегъэхъуэжыным ди жэрдэм хэдвгъалъхьэ, – къыхуриджащ зэхуэсыр Сэхъутэм.

Сэхъурокъуэ Хьэутий мы Iуэхур зэхэгъэкIыныр къалэн щищIащ ар зи пщэ къыдэхуэ комитетым и унафэщI Аслъэн Алий.

АдэкIэ я лэжьыгъэм тепсэлъыхьыну псалъэ иратащ Израилым и Кфар-Камэм щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Нэпсо Закарие. Абы къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ сабийхэм адыгэбзэр ирагъэджын и лъэныкъуэкIэ иужьрей илъэсищым ехъулIэныгъэшхуэхэр зэрызыIэрагъэхьар, щIэх-щIэхыурэ зэхаублэ я гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр Iэтауэ ирагъэкIуэкIынымкIи, нэгъуэщI зыкъомкIи къэралыр къазэрыкъуэувэр. Абы жиIащ Израилым и унафэщIхэм абы ис адыгэхэм гулъытэ къыхуащIу, журтхэм ягурыIуэу, хъарзынэу зэрыщыпсэур. Апхуэдэу Нэпсом къыхигъэщащ илъэсиплI хъуауэ я сабий гупхэр Къэбэрдей-Балъкъэрми Тыркуми зыплъыхьакIуэ, зыгъэпсэхуакIуэ къызэрагъакIуэр, иджы Тыркум, хэкум щыщ сабийхэр Израилым кIуэну зэрыщыгугъыр.

— Мыр щIэтщIэр ди щIалэгъуалэращ: сабийхэр зэхуэзэмэ, я щхьэ, я хабзэ зэрыщIэнщ. Нобэр къыздэсым зи Iуэху зетхуари адэкIэ дызытелэжьэнури къызыхэкIар ящIэжу ди щIэблэр гъэсэныращ. Ар къэдгъэлъэгъуэн папщIэ илъэс къэскIэ фестиваль зэхудошэс. Абы хэкурысхэр, артист пажэхэр идогъэблагъэ. Дызыхэс лъэпкъхэм апхуэдэ щIыкIэкIэ ядогъащIэ дызэрымылъапсэншэр, лъэпкъышхуэ дыкъызэрыхэкIар, – жиIащ Закарие.

Апхуэдэу Нэпсор къытеувыIащ школым адыгэбзэр зэрыщрагъэдж щIыкIэм кIуэ пэтми зэрызихъуэжым, ебгъуанэ классыр къауха нэужь адыгэбзэр зэращIэмкIэ экзамен къыIахыну хуит зэращIар, ар ехъулIэныгъэшхуэу къызэралъытэр.

Хэхэс сабийхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщегъэгъэпсэхуныр зи пщэ дэлъ къулыкъущIапIэр КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэр арати, абы и унафэщI КIурашын Анзор жиIащ, хабзэ зэрыхъуам тету, мы гъэми къэралищым къикIыу сабий 60 кърагъэблагъэу Налшык и зыгъэпсэхупIэ унэхэм зэрыщагъэхьэщIар.

— Ди мурад нэхъыщхьэхэр къыдэхъулIауэ къызолъытэ мы Iуэхум теухуауэ: адыгэбзэмкIэ, хабзэ зехьэнымкIэ дерсхэр ядедгъэкIуэкIащ ди хьэщIэ цIыкIухэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэр ядгъэлъэгъуащ, къэфэкIэ едгъэщIащ. Дызэригугъам хуэдиз сабий бжыгъэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хасэхэм къытхуагъэкIуакъым. КъыкIэлъыкIуэну илъэсым а щытыкIэм зихъуэжыну дыщогугъ. Апхуэдэу Сирием къиIэпхъукIыжахэм я сабий зыбжанэм езыхэр щеджэ школхэм гъэмахуэм къыщызэIуах лагерхэм мазэ енкIэ зыщагъэпсэхуну Iэмал еттащ, – жиIащ Анзор.

ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Къущхьэ Надим КIурашыным и псалъэм къыпищэу жиIащ хамэ къэрал къикIа сабийхэм гулъытэу хуащIыр и нэгу зэрыщIэкIар, хэкум щалъэгъуар гукъинэ ящыхъуауэ иджыри къытрагъэзэн мурадхэр яIэу зэрыкIуэжар.

Хэхэс адыгэхэм я щIэблэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщегъэгъэпсэхуным теухуа псалъэмакъым ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырс Реджаи (Тырку) къыпищащ:

— Хэхэс сабийхэм адыгэбзэ зэращIэм и гугъу пщIымэ, пэжщ, Израилым исхэм дакъыкIэроху Тыркум исхэр. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр зэман кIыхькIэ адыгэр ди бзэм дрипсэлъэну хуитыныгъэ дызэримыIаращ. Иджы а щытыкIэм зихъуэжащ, Тырку къэралыгъуэм ди бзэр дджыну Iэмал къыдитащ. Иджы Iуэхур здэщыIэр нэгъуэщIщ: хэт езыгъэджынур, дауэ зэредгъэщIэнур? Дыгъуасэ дыздэщыIа «ДыгъафIэ къалэм» егъэджэкIэ хьэлэмэтхэр ди нэгу щыщIэкIащ, сабийхэм я бзэр зэрышэрыуэм дехъуэпсащ. Абы и ужькIэ адыгэбзэр хъумэнымкIэ комитетыр дыщызэхуэсам къытпэщылъ Iуэхухэм дыщытепсэлъыхьым, Тыркум ис сабийхэм бзэр нэхъыфIу зэредгъэщIэфыну Iэмалхэм я гугъу тщIащ. Хэхэс сабийхэм зэрадэлэжьэн хуей Iэмалхэр мыбы къыщагъэсэбэпхэм къащхьэщыкIыу зэрыщытынур хэт и дежкIи гурыIуэгъуэщ, икIи а IуэхумкIэ дэ дыщогугъ хэкум ис щIэныгъэлIхэм, егъэджакIуэфIхэм.

Тырку Республикэм и Къайсэр къалэм, Израилым и Кфар-Камэ къуажэхэм щекIуэкIа Адыгэ щэнхабзэм и дунейпсо фестивалхэм теухуауэ къэпсэлъащ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзанрэ.

ХьэщIэхэм псалъэ щратым, УФ-м и Президентым ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ Мартынов Вадим жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэр Iулыдж зиIэ лэжьэгъуу къызэралъытэр, ар лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и джэлэсу зэрыщытыр, къэрал куэдым ипхъауэ псэу адыгэхэр и нэIэ щIэту щIыналъэ куэд зэрызэпищIэр.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъыр зыгъэпIейтей нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. ГъэзэщIакIуэ гупым и къыкIэлъыкIуэ зэхуэзэр дыгъэгъазэм щыIэну зэгурыIуащ.

ЩОДЖЭН  Iэминат.

Сурэтхэр  Къарей Элинэ трихащ

Related posts

Leave a Comment