Новости

ЗэгурыIуэныгъэр япэ ирагъэщ

 Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэхуэсыр шапсыгъ щIыналъэм щрагъэкIуэкIащ. Лазаревск (ПсыфIыпэ) жылэ цIыкIум щызэхуэсащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Краснодар, Ставро­поль, Осетие Ищхъэрэ — Алание щIыналъэхэм щылажьэ Хасэ къудамэхэм, Сирием, Израилым щыIэ Хасэхэм я лIыкIуэхэр. ХьэщIэхэр гуапэу иригъэблэгъащ Шапсыгъ Хасэм и тхьэмадэ Чэчыхъу Мэжид.

ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы кърагъэблэгъат Сочэ и Лазаревск куейм и Iэтащхьэ Бражников Сергей.  БлэкIа зэманым Хасэшхуэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьыжащ тхьэмадэр икIи иджырей зэхуэсыр зэрекIуэкIынур иубзыхуащ.   Япэу псалъэ зрата Чэчыхъу Мэжид тепсэлъыхьащ Шапсыгъ Хасэм зэфIигъэкI лэжьыгъэхэмрэ дяпэкIэ къапэщылъ къалэнхэмрэ. АдэкIэ ГъэзэщIакIуэ гупым и комитетхэм я унафэщIхэр  зэфIагъэкIахэм чэзууэ тепсэлъыхьащ.

Сэхъурокъуэ Хьэутий къытеувыIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм 20I8 гъэм и мурадхэмрэ ахэр зэрызэфIихыну Iэмалхэмрэ. Апхуэдэуи дызэрыхьэну илъэсыщIэм ДАХ-м и XII Конгрессыр зэрекIуэкIынум, абы зэрызэхуагъэхьэзырым тепсэлъыхьащ.

Шапсыгъ лъахэм щыхьэщIэ лIыкIуэхэр шэджагъуэ нэужьым адыгэ къуажэхэм яшащ, Сочэ зыщрагъэплъыхьащ, Лазаревск дэт Лъэпкъ музейм щIыхьахэщ. Пщыхьэщхьэм хьэщIэхэр еплъащ «Шапсугия» цIыхубэ къэфакIуэ ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 45-рэ зэрырикъум теухуа концертым.

ЗэIущIэр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ убгъуа ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.

Къэбарт Мирэ. 

Related posts

Leave a Comment