Новости

Гъатхэпэм и 14-р Адыгэ тхыбзэм и махуэщ

Лъэпкъ Iуэху

Адыгэбзэм махуэ псори ей пэтми, ди бзэми махуэ хэха иlэу гъатхэпэм и 14-м догъэлъапlэ нэхъ лейуэ. Махуэшхуэр зытеухуар 153 гъэм гъатхэпэм и  14-м Тифлис къалэм япэрей адыгэ Хьэрыфылъэ тхылъ къэзэрыдэкlарщ. Зи lэдакъэщlэкlыр Бырсей Умарт, хьэрып тхыбзэмкlэ зэхэгъэуват.

Дэтхэнэ зы лъэпкъ тхыбзэми езым и тхыдэ иIэжщ, абы и зэхэлъхьэным зэманышхуэ щытекIуади щыIэщ, лъэпкъым и бын пэрыт куэд абы телажьэуи щытщ. Лъэпкъ тхыдэр къежьэныр а лъэпкъым и инагъ-цIыкIуагъми, социальнэ строй зыхэтми, цIыхухэм яку дэль зэхущытыкIэми епхакъым. Ар нэхъыщхьэу зи фIыгъэр езы лъэпкъым и зэхэщIыкIым и зыужьыныгъэрщ, нэгъуэщI лъэпкъхэм абы яхуиIэ пыщIэныгъэрщ.

Адыгэ тхыбзэм тхыдэшхуэ иIэщ. Тхыдэм елэжь щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, адыгэхэм зэман жыжьэхэм, Синд къэралыгъуэм и лъэхъэнэхэм,  зэрагъэпэщыжауэ, хэкурысхэм къагъэсэбэпу тхыбзэ яIащ. Абы  щыхьэт техъуэ сын, хьэпшып, ятIагъуэм къыхэщIыкIа пхъэбгъу гъэщIэгъуэнхэр ди зэманым къэсащ. Абыхэм ятеухуа щIэныгъэ лэжьыгъэхэр еджагъэшхуэ зыбжанэми къыдагъэкIащ.

Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, адыгэхэр зэман кIыхькIэ хэтащ зауэ – банэ мыухыжым. А зауэхэм я зэранкIэ яIэщIэхужащ  тхыбзэ яIари. Я псэр къызэрелынымрэ я лъэпкъыр хэмыкIуэдэжыпэу къызэрызэтрагъэнэнымрэ нэмыщI, тхыбзэ я Iуэхужакъым адыгэхэм.

Сыт хуэдэ бэлыхьым хэмытами, I9-нэ лIэщIыгъуэм адыгэхэм я зэхэщIыкI-гупсысэм хэпщIыкIыу зе ужь. Абы и щыхьэтщ а зэманым еджапIэ зыбжанэ къызэрызэIуахыр, тхыбзэ зэхэлъхьэным зэрымыщIэххэу цIыху зыбжанэ зэреувалIэр. Алыфбейхэр зрагъэпэщ Нэгумэ Шорэ, Хъан-Джэрий сымэ.

Адыгэбзэм елэжь щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, япэ игъэщыпхъэр, щытхъу нэхъыбэ зыхуэфащэр Бырсей Умарщ, абы и япэ  адыгэ алыфбейрщ.

Бырсей Умар щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, гъащIэ гъуэгуанэ гугъу зыкIуа цIыхущ. И ныбжьыр илъэсибл фIэкIа  мыхъуу Умар ядыгъури Тыркум ирашат, ар къэзыщэхуа пэщэр цIыху дыджу къыщIэкIакъым,  щIалэ цIыкIур акъылыфIэу зэрыщытым  гу лъитэри егъэджакIуэ къыхуищтэри щIэныгъэ иригъэгъуэтащ. Абы зригъэщIащ хьэрыпыбзэр, тыркубзэр, франджыбзэр. ИужькIэ и щIэныгъэм хригъэгъэхъуэну Бырсейр Франджым  игъакIуэри абы илъэсищым нэскIэ щеджащ. ЕджапIэр къиуха нэужь абы Тыркум имыгъэзэжу и адэжь щIыналъэм къэкIуэжащ.

Бырсей Умар япэ адыгэ егъэджакIуэщ. 1843 – 1850 гъэхэм урысыдзэм къулыкъу щищIа нэужь, бзэ куэд зэрищIэм и фIыгъэкIэ,   «Губернскэ гимназиекIэ» еджэу Ставрополь дэтам Бырсейр ягъакIуэ  адыгэбзэ щригъэджыну. ГъэщIэгъуэныракъэ, абы иригъэджащ урысхэри, икIи ди деж къэса архив тхыгъэхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абыхэм адыгэбзэр зэман кIэщIым уэр-сэру  зрагъэщIат.

Бырсейм и япэ алыфбейр зытещIыхьауэ щытар хьэрып тхыбзэрат. Ауэ  ищхьэкIэ зи гугъу тщIа еджапIэм зэрыщылэжьа зэманым, шэч хэмылъу,  абы къыгурыIуэжащ  ар зэрыщыуагъэр. ИужьыIуэкIэ абы зэхигъэуващ адыгеибзэм и грамматикэ. 1862 гъэм кавказыдж Усларрэ Бырсей Умаррэ къэбэрдеибзэм и азбукэ къыдагъэкIащ урыс графикэм тету. Ар и лъабжьэу   дунейм къытехьат Кавказ лъэпкъхэмрэ щIыпIэхэмрэ тепсэлъыхь тхыгъэхэр щызэхуэхьэса  тхылъыр, Лопатинскэм, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ  сымэ зэхалъхьар.

Профессор цIэрыIуэ ХьэкIуащэ Андрей зэритхымкIэ, япэ адыгэ алыфбейр Бырсейм и закъуэ къыдигъэкIыфынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Ар щызэхилъхьэми къыщыдигъэкIми урыс еджагъэшхуэ куэд дэIэпыкъуэгъу, чэнджэщэгъу хуахъуащ Бырсейм. ХьэкIуащэр зыхэлэжьыхьа архив тхыгъэхэм къагъэлъэгъуаращ: щIэныгъэмкIэ министерствэмрэ урыс академиемрэ щылэжьа урыс академик цIэрыIуэхэм япэ адыгэ алыфбейм хэплъа иужькIэ, абы хуатха  рецензэм къыщагъэлъэгъуащ фIагърэ ныкъусаныгъэу абы халъэгъуахэр. Абыхэм къызэралъытамкIэ, щытхъу хуэфащэщ адыгэ щIэныгъэлIым, «…зи анэдэлъхубзэ зыджыну мурад зыщIахэм а алыфбейр дэIэпыкъуэгъу нэс зэрахуэхъунум шэч хэлъкъым».

БлэкIа зэман жыжьэхэм ди лъэпкъэгъухэм щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэным елэжьахэм ящыщу Бырсейм нэхъыбэ къехъулIауэ ялъытэ,   и букварь тригъадзэу адыгэбзэр гимназием зэрыщригъэджам къыхэкIыу. Ауэ, итIанэми, жыпIэ хъунукъым а тхыгъэхэр цIыхубэм куэду ялъэIэсауэ, куэду къагъэсэбэпауэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Бырсейм зыщригъэджа гимназием бгырысу мащIэ дыдэщ щIэсар, ари къулей, зыхузэфIэкI унагъуэхэм я бынхэрат. КъызэрыгуэкI гугъуехьакIуэхэр зыщеджэн еджапIэ а зэманым щыIакъым.

ЩОДЖЭН Iэминат.

 

 

Related posts

Leave a Comment