Новости

Дывохъуэхъу Адыгэ тхыбзэм и махуэм папщIэ!

Ди  хэкуэгъу лъапIэхэ!

Гурэ псэкIэ дывохъуэхъу нобэрей махуэ  дахэм папщIэ!

ИрефIакIуэ анэдэлъхубзэм и дахагъым, къабзагъым, абы и зэфIэкIыр нэхъ  ин ирехъу!

 Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм къищта унафэ щхьэхуэм ипкъ иткIэ гъатхэпэм и 14-м а махуэр ягъэлъап1э адыгэу дунейм тетехэм.

  Ди бзэм  теухуауэ

Пасэрей  дыдэ

Адыгэхэм я бзэр дуней псом щынэхъ пасэрей дыдэхэм, гъэщIэгъуэныщэхэм, купщIафIэхэм ящыщщ. Шэч хэмылъу, а зырауэ щытынкIэ мэхъу Азие Ипщэм щыIауэ кIуэдыжа бзэхэм я щэхухэр къэхутэнымкIэ «IункIыбзэIух» хъуфынури. Зэгуэр лъэщ дыдэу щыта бзэ зэлъэпкъэгъухэм я зы пыудахуэ абхъаз-адыгэхэм я бзэм къыпкърыкI къарум къуегъащIэ ахэр зыхэпсэукI дунейр зэхэзыщIыкIыфынур акъылкIэ даIуэ цIыхурауэ зэрыщытыр.

МЕССАРОШ Лайош, мэжэр щIэныгъэлI. 1839 гъэ.

Дакъикъэ  IэфI

Си лэжьыгъэр щыщIэздзэм, хьэкъыу спхыкIауэ си фIэщ хъурт бгырыс Iэлыр гурыщIэ телъыджэм – гъащIэм и нэхугъэ IэфIым – щIэныгъэм къызэрыщIэтэджэнур; щIэныгъэмрэ тхыбзэмрэ ди гур къыщауIэн зэман дэр папщIи къэсынщ.

Сэ сымылъагъункIи хъунщ а дакъикъэ IэфIыр – си лъахэм щIэныгъэншагъэр IэщIыб щищIыну лъэхъэнэр; сыт хуэдиз гухэхъуэгъуэ зыхэсщIэнт сэ абы щыгъуэ!..

СлъэкIым хуэдиз сщIащ сэ, фIыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ Къэхъугъэр зи Iэмырымрэ солъэIу анэдэлъхубзэм хузиIа лъагъуныгъэр здэзыгуэшын щIэблэ си ужь къихъуэну.

НЭГУМЭ Шорэ.1836 гъэ.

Къэхутэныгъэ  гуэри  схуэщIакъым

Адыгэбзэр адрейхэм куэдкIэ къащхьэщокI. Абы иропсалъэ Къэбэрдеишхуэмрэ Джылахъстэнеймрэ щыпсэухэр, Лабэ Iуфэ Iус беслъэнейхэр.

Псыжь адрыщIкIэ щегъэжьауэ хы Iуфэм нэс щыпсэу адрей адыгэ лIакъуэхэм я псэлъэкIэр абы мащIэу къыщхьэщокI. А бзэмрэ абы и диалект зыбжанэмрэ хэтщ макъ пIытIахэр, жьгъыжьгъхэр, бзэгупэмрэ бзэгу лъэдакъэмрэ къыщыхъу макъхэр. Абыхэм бзэр нэхъ къулей, дахэ ящI, ауэ хамэ лъэпкъ щыщхэм дежкIэ къэпсэлъыгъуейщ. Сэ къэхутэныгъэ пыухыкIа гуэри схуэщIакъым а бзэ телъыджэм ехьэлIауэ, ауэ сощIэ абыхэм къызэрыгуэкI, псоми зэдащIэ псэлъэкIэм нэмыщIи «щакIуэбзэ» (щIагъыбзэ) зэраIэр.

КЛАПОРТ Генрих,урыс академик. 1807 гъэ.

ДжэгуакIуэм  и  зэфIэкIыр

Кавказым, Къэбэрдейм джэгуакIуэ екIуэлIапIэншэхэм уащрихьэлIэу зэрыщытрэ куэд щIакъым. Мис абыхэм ящыщ зым и псалъэм и къарур здынэсыр къызэригъэлъэгъуар: «Сэ зы псалъэкIэ къэрабгъэр хахуэ, хэкум и хъумакIуэ сощIыж, дыгъум и хьэлыр зыхызогъанэ; си пащхьэ къиувэфынкъым цIыху бзаджэр, сэ цIыхугъэншагъэм, икIагъэм срабийщ».

ГОРЬКИЙ Максим.1933 гъэ.

Дэтхэнэ  макъми

Пасэрей кавказ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ адыгэхэр. Абыхэм я бзэр адрей кавказыбзэхэм псалъэкIи ухуэкIэкIи къащхьэщокI, я макъхэр апхуэдизкIэ къэпсэлъыгъуейщи, сэ сызыщыгъуазэ алфавитхэм псори къыпхуигъэтIэсэнукъым. Дэтхэнэ макъми къэпсэлъыкIэ зыбжанэ иIэщ, зы европеи бгъуэтынукъым ахэр къыхуэпсэлъыну.

БЛАРАМБЕРГ Иоганн,нэмыцэ генерал. 1834 гъэ.

«Адыгэ псалъэ»

Related posts

Leave a Comment